Хынабдзэ

Размер шрифта:   13
Хынабдзэ
Роман

Си адэмрэ анэмрэ пхъу гулъытэ яхуэзыщIа, дунейм тетыхукIэ абыхэм я псэр зыгъэтынша си щхьэгъусэ Зэйрэт фэеплъ хузощI.

Iыхьэ I

Нэхунэ зэрыгъуэлъыжу, КIущэ макIуэри и пIэ кIапэм хьэмбыIуу тотIысхьэ. И кIэ кIапэр игъэпIэжьажьэурэ зэм и бгъэм, зэми и лъэпхъуамбэхэм йобзей. Нэхунэ гъуэлъыжыху, КIущи зодэхащIэри щысщ. ИтIанэ, абы и нэр зытрипIауэ зэрилъагъуу, езыми и щхьэр и бгъэ щабэм щIэлъу хъурейуэ зешыхьри, Нэхунэрэ абырэ, зэпеуэ фIэкIа умыщIэну, пырхъыу мэжьейхэр.

КIущэ къэхъейркъым Нэхунэ къэушыху, зэзэмызэ зиукъуэдийурэ аргуэру Iурехыж. Ауэ нэху щыуэ Нэхунэ къыщытэджкIэ КIущи къызэфIоувэри, шабзэкъум хуэдэу, и бгыр къреш, и бзэгур мащIэу къригъэжурэ зеукъуэдий, мэхущхьэ. Нэхунэ дежкIэ плъэуэрэ мэпщIэури, «баргуэ» жиIэу пIэм къолъэ.

А тIур апхуэдизкIэ зэсащи, Нэхунэ унэм щIэкIми, къыщIыхьэжми, псыхьэ кIуэми, къэкIуэжми, къубгъан ирихьэжьэми, зэзэмызэ худэплъейрэ хэпщIэукIыу и ужьым иту къекIухь. ТIэкIу зигъэпсэхуну Нэхунэ етIысэхми, зимыIэжьэу КIущэ абы и куэщIым йотIысхьэри зигъэзыжу, и нэхэр иуфIыцIу, къигъэплъэжу, и пащIэхэр къигъэуврэ и лъакъуэмкIэ илъэщIу исщ.

КIущэщ Нэхунэ псэлъэгъуу иIэр. Ар пщIэухукIэ Нэхунэ къещIэ шхэнуми, псы ефэнуми, щIэкIынуми, зыдигъэджэгунуми. Жьыуэ щIедзэри, КIущэ пщIэуху къэс зыхуейр хуищIэу махуэр щигъакIуэр нэхъыбэщ.

Илъэс хыщIрэ пщIым щыщIигъуакIэ и нэри набгъэ хъункъэ-тIэ, итIани Iуэхуншэу щысыфыркъым. Абдж лъэныкъуэм фIэкIа зэрымылъыж и нэгъуджэр зыIуелъхьэри цы едж. Мис итIанэ Нэхунэ удэджэгунум къеблагъэ. И куэм ириубыдыл1эурэ цыкIуэкIыр щигъэкIэрахъуэкIэ КIущэ, лъакъуитIкIэ мэуври, и фIалъэ лъакъуэмкIэ цыкIуэкI кIэрахъуэм йопхъуэ. Иубыдыпэу кIэрэхъуэныр щызэпигъэу къохъу. АпщIэндэху Нэхунэ мэшхыдэ. КIущэ ар къридзэркъым. Абы ещIэ Нэхунэ и Iи и баши къызэрытемыхуэнур.

ЩыкIэрымыкIыххэм деж, Нэхунэ къыщечри:

– УкъыскIэрыхъыжьауэ щхьэ сумыгъэпсэурэ, на-а-а гущэ, – мэхъущIэ Нэхунэ. – ЩIымахуэр къоблагъэ. Цыр джын сыухыу Муратрэ Маринэрэ лъэпэд хуабэ яхуэсщIын хуейщ. Ар сымыухыу а си къуэрылъху цIыкIухэр къысхуэкIуэжмэ, си напэр текIакъэ. Къэзгъэгугъащи, и анэ и гурыфI къикIыу къыщишэнум пэплъэу щысу къыщIэкIынщ. Уэ ар къыбгурымыIуэу, КIущэ, укъыздэджэгуурэ сыбогъэгувэ. Щыгъэт иджыпсту! Армырамэ, уи нэкIур къыпхуесхулэкIынщ. Щыгъэт жысIакъэ! Ар КIущэ и тхьэкIумэм ихьэркъым. И джэгуныр къикIащи, ищIэр ищIэжыркъым.

– Жансурэт къэсыжым сыкъэпщIэнщ, – Нэхунэ щыжиIэкIэ, и джэгуныр занщIэу зэпегъэури, мэпщIэу, и пащIэхэр къегъэуври хьэ илъэгъуам хуэдэу зещI.

– УфIэфIкъым аракъэ, – цыр зэриджым хуэдэурэ жеIэ Нэхунэ. – Уимыгугъэ псори сэ схуэдэу къыпхущытыну. Сэ сыпсэуху уи дунейщи зыми уи жагъуэ къезгъэщIынкъым. Псэлъэгъуу, жэщгъуэлъу сиIэр уэращ. Уэ къищынэмыщIа Алыхьым и ужькIэ хъумакIуэу сиIэр Мыщэщ. Хьэ сакъщ. ПщIантIэм бадзэ къыдэлъатэми къещIэ жыхуаIэм хуэдэщ. Ар мыхъумэ си закъуэ пщIантIэ нэщIым сыдэсыфынт, унэми сыщIэсыфынт?

– Мяу-у-у! – мэпщIэу КIущэ.

– А-а-а, къызгуроIуэ, Мыщэ сызэрыщытхъур уигу иримыхьу аращ. Умыгузавэ уэри нэхъыкIэу услъагъуркъым. Куэд къысхубощIэ: жэщгъуэлъ усхуохъу, псэлъэгъуу, тегъэупIэу сиIэр уэращ, си КIущэ цIыкIу, – толъэщIыхь Нэхунэ абы и щхьэм.

– Мяу-у-у! – мэпщIэу аргуэру КIущэ.

– Сыт ари уигу иримыхьу ара? Азалыхь ба пхуэзмыщIынумэ сымыщIэ узыхуейр. Догуэт, догуэт! Мис иджы къызгурыIуа си гугъэщ. Мурид и гугъу сыбгъэщIыну аращ. Пэжщ, ар си къуэщ. А зыращ си кIэтIий кIапэ къыпыкIауэ мы дунеишхуэм щызиIэр. СылIэмэ сыщIилъхьэжыну сызыщыгугъыр аращ.

АбыкIи аразы мыхъуу, КIущэ аргуэру нэхъ иныжу мэпщIэу.

– Иджыри узыхуейр сыт? Теурэзыр къыпхуэмыкIуэкIэ уэ, мыпсалъэ щхьэкIэ псори къыгуроIуэ. Уэ узыхуейр си щIалэр, Мурид зэзэмызэ фIэкIа къызэрымыкIуэжыр жызбгъэIэну аращ. Сыт мыгъуэ-тIэ абы ебгъэщIэнур. Къалэм дэсщ, махуэ къэс мэлажьэри хущIыхьэркъым. Уэр хуэдэу ар Iуэхуншэу щытамэ, нэхъ щIэх-щIэхыу къэкIуэжурэ сыкъилъагъунт.

АбыкIи арэзы зэрымыхъуам и щыхьэту, КIущэ аргуэру мэпщIэу.

– Тобэ ярэбий! Псоми зырызыххэу сатемыпсэлъыхьу си Iуэхущ уи жьэр бгъэувыIэмэ. СощIэ уэ иджыри узыхуейр, Жансурэт и гугъу сыбгъэщIыну аращ. АбыкIэ сэращ къуаншэр. Сигу къихьэху абыхэм сатепсэлъыхьурэ уесащи, зыгуэрым и гугъу сщIа иужь, зыри къэзмыгъанэу псоми я щхьэфэ симыIэбэу пшхыр уи дзажэ дыхьэркъым. Иджыри уувыIэнукъым Жансурэт щхьэкIэ тIэкIу сымыхъущIэу. ПцIы сыупсынкъым – абы и зэранкIэ куэдрэ къонэ си щIалэ закъуэр къэкIуэжыну. Къалэм къыдэIэпхъукIыжу къуажэм къигъэзэжыну мурад быдэ ищIауэ щытащ, арщхьэкIэ а си нысэ Жансурэт хуидакъым. «Сыт а къуажэжьым Маринэрэ Муратрэ дебгъэщIыхьынур, щIэныгъэншэу, мыкхъэмывэу къэбгъэхъуну ара узыхуейр» – жиIэри си щIалэм пэгъуэлъащ. Быным уимыгъэщIэн щыIэ, къэдзыхащ си щIалэри. Си дежкIэ нэхъыфIтэкъэ, КIущэ, ахэр къызбгъэдэсу щытамэ. Зы мыхъуми ди унэм бахъэмэ къыщIихынт. Иджы уэрэ сэрэ сытым дыщыщ мыгъуэ. Уэ сыпхуэтхьэусыхэурэ си гур согъэтIысри, абы нэхъ гурыфIыгъуэ симыIэу сопсэу. Узижагъуэным иузакъуэ, дыщэм ухэсми IэфIкъым. БампIэ дэхыпIэу сиIэр лIыжьырати, и насып къыстекIуэри, си япэ хьэдрыхэ кIуэжащ. Сыхуэарэзыщ. Тхьэм ахърэт нэхур къритауэ къыщIигъэкI. Дыздэпсэуху зы махуи си жагъуэ къищIакъым. Абы къысхуигъэна гъэтIылъыгъэращ нобэр къыздэсым сызыкъуэсыр. СылIэми сызэрыщIалъхьэжын гъэтIылъыгъэ схуищIащ.

Ауэ, КIущэ, къызжиIакъым жумыIэж, а ахъшэ тIэкIур сызэриIэр нысэм къебгъэщIэнщи пхуэзгъэгъункъым. Ар абы и тхьэкIумэм къицырхъэмэ, сIэщIигъэкIыху увыIэнукъым. «Къэдлэжьыр тхурикъуркъым, псори къыдощэху, сабийхэм махуэ къэс витамин зыхэлъ ямышхыу хъунукъым» – жиIэу къэтIысынщи, плъэкIмэ йомыт. Сэри сабийхэм си гур яхупехри, къызат пенсэ тIэкIур ятызэгъэкIуадэ.

АбыкIи и гур загъэркъым Жансурэт. Си щIалэ закъуэм зэпымыууэ иреудэкI къивыкIыу къулейхэм зэращымыщыр. «Ину зывмыгъэпIийми гъэтIылъауэ ахъшэшхуэ, дыщэхэкI фикуэду цIыхухэм яIуатэрти аращ сытегушхуэу сыкъыщIыбдэкIуар, ахъумэ азалыхь си Iуэхутэмэ, уэ щхьэгъусэ усщIын дэнэ къэна, си гупэ пхуэзгъазэу зы псалъэ нэхъ мыхъуми зыхозгъэхтэмэ. ЗымыщIэ зыIуатэ цIыхум сагъэунэхъуащ. «ДэкIуэ, дэкIуэ ущIегъуэжынкъым. Уи насып къэкIуар зыIэщIумыгъэкIыу уи IэмыщIэм икъузэ». Апхуэдэ псалъэмакъ купщIэншэхэм мылым сытрагъэлъадэри зызгъэунэхъужащ. Иджы неIэмал, си IэфракIэм сызэремыдзэкъэжыфым хуэдэщ. Азалыхь, си сабиитIыращ здэсхьынур сымыщIэр ахъумэ, зы махуэ субгъэдэмысынт. Щхьэм имытым лъакъуэм и мыгъуэщ щIыжаIар сэ схуэдэ зыгуэру къыщIэкIынщ. Емынэм сызэрихуэрт сэ. Сытым хуэдэ щIалэ къулей сэ блэзгъэкIар! Абы щыгъуэми къыстелIэу фIыуэ сыкъилъагъуу. Дэзгъуари зыщ – дахэтэкъыми фIыуэ схуэлъэгъуакъым. Абы щхьэкIи къэзгъэнэну къыщIэкIынтэкъым я унэ зэтетымрэ абы щIэлъ мылъкумрэ сыдахьэхати, арщхьэкIэ кIуэцIырыхун а Iэнэшам ефэрти, тIэкIу сыIэнкунри, уи жьэгу нэщIым сыкъихуащи емынэр си унэм ихьауэ сопсэу. Си Iэнэша кIуэдат сэ? Къулыкъушхуэ зиIэм щикъуэкIэ, пэший хъу унэ зэтет дахэшхуэм щыщIэскIэ, унэлъащIэу щIэлъыр щыимпортнэкIэ, ахъшэр цIэм хуэдэу къыщыкIуэцIылъэлъкIэ, хуейуэ щытмэ зэгуиудыху ирырефэт ар Iэнэша. Ей, бетэмал!». Мис апхуэдэу тхьэусыхэурэ дапщэрэ IэштIымкIэ и натIэм еуэжауэ къыпфIэщIрэ, КIущэ, а си нысэ Жансурэт. СымыукIытэжыххэу бжесIэнщи, КIущэ, си тхьэкIумитIкIэ зэхэсхыу нэгъуэщI зы хьэдэгъуэдахи Жансурэт жиIащ. А си щIалэ тхьэмыщкIэ, сыту пIэщхьагъ гугъусыгъу уэ Алыхьым къыпхуигъэфэщар.

И тхьэкIумэр тегъэхуауэ даIуэу щыс КIущэ мэпщIэу. «Плъагъуркъэ аргуэрыр, – мэхъущIэ Нэхунэ. – А псор къомыгъэкIуэкIыу уи тхьэкIумитIымкIэ зэхэпхар къызжеIэ жиIэу аращ. И щхьэр течауэ пхуэсIуэтэнщи, КIущэ, а си нысэм жиIар мыращ: «Уи къуи уи щхьи сыхуейкъым, си бынитIыр зыщIызгъунурэ сикIыжынущ. СыхулIэ сэ апхуэдэлI. Махуэ псом станокым бгъэдэтщи, пхъэIэщэм щIащIэу иривам хуэдэу, езэшауэ къокIуэж.

Шей стэчан зэрефэу зетIэщIыж пIэм хопщхьэжри нэху щыху пырхъыжу, улIами упсэуми укъимыщIэу, мэжей. Абы щыгъуэми си насыптэкъэ мы жылэлIым хуэдэу тумэн зытхух къыхэхъуауэ и жыпым илъу пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжтэмэ. Хьэуэ, хьэуэ, схуэшэчыжынукъым афIэкIа апхуэдэ псэукIэр. СикIыжынущ. Сыхуей хъумэ, абы нэхърэ куэдкIэ нэхъыфIу сэ лIы къэзгъуэтыжынщ. Азалыхь сызыпхъуэтэну щыIэм щIэи гъуни ямыIэ. ИгъащIэкIэ лIыншэу сыпсэумэ нэхъыфIщ а уи къуэ хьэрычэтыншэм сыбгъэдэс нэхърэ. Мес, Марусэ а уи къуэм хуэдэ зыгуэрым дэкIуэри, илъэс иримыкъу хуэшэчауэ аращ. Иджы, къикIыжауэ, и закъуэми тхъур IупэкIэ изу мэпсэу. Азалыхь абы зы жэщым и столым ахъшэу къыхутранэр уи къуэ гъэфIам илъэс ныкъуэкIэ къыхуэмылэжьыну. Абы и закъуэ: зым иджы сом мин бжыгъэкIэ ящэжым хуэдэ бостей, адрейм ламэ пщампIэ телъу бэлъто, ещанэм француз дыху лъапIэм хуэдэ къыхуехь. А къомым щыщу нэхъ къэзыгъэщIэрэщIэжынухэр къегъанэри, адрейхэр уаситI – щыкIэ ещэж. Езыр «по последней моде» жыхуаIэм хуэдэу, ахъшэр «налевэ-направэ» зырепхъэкI. Сэ сэлъытауэ ар миллионершэщ. Зы махуэ гуэрым бэзэрым сыкIуауэ сыхуэзати, сызэрыукIытам щIэи гъуни иIэкъым. Нэхъ пуду помидор чилитI къезгъэшэчауэ и уасэу ест сомитI зэхэупIышкIуар щилъагъум, иIыгъ импортнэ фэ бохъшэшхуэр «т1аркъэщ» жиIэу зытрегъэпкIри щIэрыпсу тумэнитху зэк1эрыт къысхуеший: «Мэ, тхьэмыщкIэжь мыгъуэ, узыхуей нэхъ щIэщыгъуэ ерыскъы, къырищэху, нэгъуэщI мыхъуми къемэтмахуэм згъуэтыжынщ». Помидор къызэзыщэри, абы и псалъэмакъыр зэхэзыха адрей цIыхухэри я жьэр Iурыхуауэ къызэплъырт, мыр зы тхьэмыщкIэ гуэру къыщIэкIынщ жыхуаIэу. Хьэуэ, апхуэдэ псэукIэр адэкIэ схуэшэчыжынукъым».

– Зэт, КIущэ, лъэ макъ зэхызох зыгуэр къакIуэ си гугъэщ. Азалыхь, Жансурэтым. Уэ бжесIахэм щыщ гуэр абы зыхихауэ къыщIэкIмэ, КIущэ, уэри сэри мы дунеижьым дытрихужынщ.

Нэхунэ пIэм къоувэхри щIокI. Ар къызэрытэджыкIа пIэ Iумыхым КIущэ долъейри зеущэху. КIэлындорым тес Мыщэ пщIоууэ щIопхъуэ. Жансурэт япэу къыIэрыхьа Нэхунэ и башыр ириутIыпщауэ арат. Шэрунхэ я пщIантIэм Нэхунэ къыщыдаша махуэм абы и цIэкIэ хасауэ щыта кхъужьей жыгым и къуагъым Мыщэ къыкъуэплъу къотIысхьэ. Жансурэт кIуэжыху ар бжэIупэм къыIухьэнукъым. Шхын щхьэкIэ лIэми зигъэлIэнущ. Жансурэт и удын къытехуэ нэхърэ мэжьалIэми нэхъ къещтэ. Ар мызэу абы игъэунэхуащ.

Жансурэт унэм щIохьэри зеплъыхь. ЗанщIэу къызэщIоплъэри и нэщхъыр зэхеукIэ икIи и псэфылъэм щызытрихьа къомыр къыжьэдэхуу мэкIий:

– Мы сэ сыкъызрихьэлIэжа гуэрым феплъыт! Зыхэлъ пIэ къудейр Iуимыхыу сэ сыкъыщыкIуэжынум пигъаплъэу щигъэлъащ. Догуэ, мыри цыр къыхэлъэлъу мы уи пIэм йомыгъэсыну дапщэрэ бжесIа! – жьэхолъэ ар Нэхунэ. Джэдур къепхъуатэри, бжэм щхьэкIэ ириудэкIыу, хыфIедзэ. – Уэри, джэдури, хьэри къуэри фи гъусэу фызужэгъуащ. Узыхуейр арауэ, щытмэ бжэгъу упэпцIауэ си нэм фыкъыщIоуэ. СлъэкIауэ щытамэ, псори фызэгъусэу щIыкъатиблкIэ фезгъэжэхынт. Сыт бэлыхь сэ сызыхэтыр. Къалэмрэ къуажэмрэ я кум ситу си щIалэгъуэр согъакIуэ. Схуэмыхьыжыпэр уэ фызыжьыращ. «Си щхьэгъусэр зыдаха пщIантIэр сыбгынэфынукъым» – жыпIэри кIуэцIрыхун мы щIапIэжьым зыкъибнауэ хьэкунанэм хуэдэу уисщ. Сэ адэкIэ зыздз, мыдэкIэ зыздзу етIысэхыпIэ сымыгъуэту си гъащIэр сохь.

Жансурэт и тхьэусыхэныр зэпигъэуауэ, плIэнэпэм дэт стIолым йоплъ. Нэхуни абы гу лъитауэ, нэхъри зызэхуешэ.

– Сыгукъыдэмыжти, схуэтхьэщIыжакъым, – жеIэ Нэхунэ.

– ЦIыху дэнэ къыщына, хьэ губзыгъэ тешхыкIынкъым мы уи стIолым. Илъа мырамысэр зыкIэрыгъуа тепщэчыр къещтэри, щыкъын-щыкъыну щащэу, и тхьэ къызэрихькIэ лъэгум иредзэ.

– Ан-на гущэ. лIыжьым и фэеплъу зесхьэ тепщэч закъуэр щхьэ пкъута! Блэ зэраукIа башу укъэкIуэжай нобэ. Сыкъэмытэджыфауэ, дыгъуасэ лъандэрэ пIэм сыхэлъщ.

– КIэнишнэ ухэлъын уэ пIэм. Гугъу зебгъэхьыну ухуейкъыми аращ. Азалыхь, сэри сыхэмылътэмэ сыкъэмыхъейуэ. АпхуэдизкIэ гу гъэтIылъа уиIэщ ахъумэ, Iэ упыту мыпхуэдэ унэ ущIэсынтэкъым. ДэнэкIи сабэр къощэщэх. АпхуэдизкIэ фIейщ уи тепIэнщIэлъынри, ухэлъын дэнэ къэна, утетIысхьэну гур хуэкIуэркъым.

– СхулъэкIыжыркъым, сысымаджэщ, Жансурэт.

– Уэ уи ныбжь сынэса иужь, уэ пхуэдэу сысымаджэну фIэкIа сыхуейкъым. Азалыхь, сысымаджэщ жыпIэурэ щIыкъатиблкIэ ежэхын мы пщIантIэжьым удэсурэ уэ сэ сумыгъалIэмэ. Уигу иримыхьын гуэр къызэрыбжаIэу «Iыхь мыгъуэ» – жыпIэу пIэм ухогъуэлъхьэжри тхьэмахуэ енкIэ ухэлъщ. АфIэкIа усхузехьэжынукъым, къыбгурыIуэрэ уэ ар, усхузехьэжынукъым!

– Тхьэмахуэм зэ укъокIуэжри, ар къохьэлъэкIмэ, зэи мы пщIантIэм укъыдэмыхьэжу къалэм дэс. Сэри Алыхьым жыхуиIам сыхуэзэнщ.

– Уэ а Алыхь жыхуэпIэм укъызэриужэгъурэ куэд зэрыщIар къыбгурымыIуауэ ара иджыри, фызыжь.

– Ан-на гущэ, Жансурэт, Алыхьым деж нэмысын апхуэдэ псалъэхэр щхьэ бутIыпщрэ? Сэ иджыри псэ сIуту дунейм сытетщ. Азалыхьу тэгъэлам сэ къысхуищI унафэмкIэ сыарэзыщ. Къыщысам и деж сэ абы зы дакъикъи лейуэ мы дунейм сытригъэтынукъым. Абы и унафэм дэ зыри дыщIэкIыфынукъым.

– Дауи, уи дежкIэ нэхъыфIщ лэжьапIэм сыщымыкIуэ махуэ закъуэм си унагъуэр зэздзэкIыу уи деж сыкъэкIуэжу тхьэмахуэ енкIэ зэхэптхъуа къомыр зэхэсхыжыныр. Сыт бэлыхь сэ сызыхэтыр – И хъущIэныр зэпимыгъэууэ, Нэхунэ зыщIэс пэшыр зэлъыIуихыу щIедзэ.

«Мяу-у-у!» -дамэдазэ хъуа бжэм и щхьэр къыдигъэжауэ КIущэ мэпщIэу.

– Мяу мыгъуэр уэзгъэщIынщ, – жиIэурэ Жансурэт япэ и нэр зытехуа бэлагъыр къепхъуатэри джэдум иреутIыпщ. «Баргъэщ» жиIэу ар бжэм щытехуэкIэ тIэкIу щхьэукъуа Нэхунэ къызэщоури, бжэмкIэ плъэуэрэ жеIэ:

– Хэт ар? Къыщ1ыхьэ.

– Хэт уи гугъэрэ уи деж къэкIуэнур! Уэ зыгуэр къыпхуеиж уи гугъэм укъопцIэ. ЩIыкъатиблкIэ щIыхьэн джэдуращ уэ къыпхуейуэ мы дунеижьым тетыр. Уи пIэ лъапэм темыкIыу ебгъэсащи унэм щIэкIынукъым. Хьэ, джэду жыпIэмэ, уи нэхур щащ. ИкIэщIыпIэкIэ уакIэлъыкIуэж абыхэм узыхуейр арамэ.

Хьэми бжэм къепIэстхъыу щIедзэ, зэзэмызи хопщIэукI.

– Уэри сыт узыхуейр, щIым щIыхьэн! – мэкIий Жансурэт. И Iухи и еуи зыуэ бжэм и пхъэрыгъажэр хьэм иреутIыпщ. И лъакъуэм трегъахуэри пщIэууэ хадэм йолъадэ.

– Ан-на гущэ, сэри сэщ, а зи бзэ мыпсалъэхэм щхьэ апхуэдизу уахуэгын. Ахэр сэ щхьэкIэ гузавэу аращ. Сызэрысымаджэр ящIэри, къызбгъэдэсыну хуейхэщ. МэжэлIауи къыщIэкIынущ. КхъыIэ, Жансурэт, къомыхьэлъэкIынумэ, тIэкIу гъашхэ ахэр. Тхьэмахуэ кIуам къэпхьа курпIэ тIэкIур мо шкафым дэлъщи хъудырыпс яхуэгъави ет, псапэ хъунщ.

– Азалыхь, къысхуэбгъуэтам псапэ къызэрысхьын. Ахэр сымыгъэшхауэ уэ усхуэгъэшхащэрэт. Аращ езыр мывэ зэпыхыну къысщыхъур. Азалыхь, псапэ хъухэну щытмэ, ирикъуным уэ сэ пхуэсщIэр. Си щхьэ, си бын, силI жызмыIэу псори зызодзэкIри тхьэмахуэ къэс уи деж сыкъокIуэж. Псапэ къэхьыпIэу уи гугъэкъэ ар. Псапэ, псапэ. Уэст щыIэкъым сэ абы щхьэкIэ. Азалыхь, псапэкIэ псори зэфIэкIыу щытамэ, фIы гуэр цIыхум къеуалIэтэмэ, сызыхуей псори къызэгъэтIылъэкIауэ сыщыстэмэ сэ иджы.

– АтIэ псори апхуэдэу къыщохьэлъэкIкIэ зыми ухэмыту зыгъэпсэху, – жеIэ Нэхунэ къыхудэшей къудейуэ.

– Зыгъэпсэху, зыгъэпсэху! СиIэ сэ сытми апхуэдэ насып. Зэпыту укIуэ псори, къыщиудауэ магъ Жансурэт. – УхэлIыхьауэ щытмэ, дяпэкIэ лъэмбытI къэсчынкъым мы къуажэжьым. «Къуажэ, си адэжь и щIапIэ», – аращ а уи къуэ гъэфIами и бзэгум пымыкIыр. Абы хуэзгъэувынущ мыпхуэдэу: е уи анэмрэ уи къуажэмрэ, е сэрэ уи бынитIымрэ – хэди узыхуейр къыхэх, афIэкIа схуэшэчыжынукъым къалэмрэ къуажэмрэ я кум итыныр.

– Апхуэдэу жумыIэ, Жансурэт. Гупсысэ хыумыдзэ аргуэру а си щIалэ закъуэр, иджыри тIэкIурэ зыхуэгъэшэчыж, сэ схьыжын щыIэкъым, Алыхьри бегъымбарри узогъэлъэIу.

– Куэд щIащ сэ ар зэрызэхэсхрэ, зы илъэскъым икIи ил1эсит1къым абы лъандэрэ екIуэкIар. «Сэ схьыжын щыIэкъым» – жыпIэурэ азалыхь си нервхэр зэхэпфыщIауэ си тэмакъым зы бжьизи щIэмыхуэж.

– Ан-на, Жансурэт, Алыхьым деж нэмысын псалъэ жумыIэ. Сыт сыбгъэщIэнур атIэ, си IэкIэ си псэр схухэхыжыркъым, ахъумэ зы махуэ сыпсэуну сыхуейтэкъым. СылIэмэ, фэри фи лъакъуэм банэ хэхужынти, тыншу фыпсэунт.

– Азалыхьу ди тхьэу тхьэшхуэм а си натIэм тыншыгъуэ къритхауэ къыщIэкIынтэкъым. Гугъу уехьу ебгъэжьакъэ, улIэжыху апхуэдэу епхьэкIынущ. Сэри арауэ къыщIэкIынщ сызыIуува IэнатIэр.

ПщIантIэмкIэ хьэ банэ макъ къоIу. Нэхунэ и щхьэр къеIэтри, щхьэгъубжэмкIэ доплъ. ИтIанэ Жансурэт дежкIэ и щхьэр къегъазэри, къызжьэхэмылъащэрэт жыхуиIэу, зэхэпх къудейуэ жеIэ:

– ЩIалэр къэсыжауэ къыщIэкIынщ, щIэкIи плъэт.

– КъэкIуэжамэ, куэду фIыщ, зикI зыщIыпIи кIуэнкъым а уи напщIэм телъ щIалэ гъэфIар.

– Абы хуэдэ мыгъуэ гъэфIа жыхуаIэр сытми, – щхьэц зэхэзэрыхьар и Iэ ижьымкIэ ирилъэщIэхыурэ къызэфIэт1ысхьауэ жеIэ Нэхунэ. – Ар гъэфIэну щыщытар щищIалэгъуэрщ. ПщIантIэм дэкIамэ, къыдыхьэжыхукIэ пэплъэрт и адэ тхьэмыщкIэр. И акъылкIи, и щIэныгъэкIи, и цIыхугъэкIи, и Iуэху зехьэкIэкIи псоми ятекIуэу щигъэтынут ар абы. Езы щIалэри апхуэдэу къэхъуащ. Ар институтым щыщIэсам и гурыхуагъыр яхуэIуэтэщIыртэкъым. Зыри къытемыкIуэу еджащ. Къиуха иужькIи а институт дыдэм къагъэнэжауэ щылажьэрт. Мис а дисертацэ жыхуаIэми яужь ихьауэ жэщ, махуэ имыIэу елэжьырт. Сэращ псори зи лажьэр, сэра! Абы и насып къэкIуэнур си IэкIэ зэпызудыжащ. «Зэран ухуэмыхъу мы щIалэм, хущIыхьэнщ абы фыз къишэну» – къызжиIэрт и адэм, арщхьэкIэ си унэхъугъуэти си тхьэкIумэм ихьакъым. «Сэ жьы сыхъуащ, икIи сысымаджэрилэщ, сымылIэ щIыкIэ къаши сыгъэлъагъу, – жысIэу зесхуэурэ сымыгъэпсэууэ фыз къезгъашэри и насыпыр си IэкIэ зэпызудащ. Фыз яIэу еджэхэр гъунэжти, сэри аращ абы сыщIытегушхуар, арщхьэкIэ…

– Догуэ «арщхьэкIэ» жыхуэпIэр сыт! – Нэхунэ и псалъэр Iэпеуд Жансурэт

ИкIи мырамысэ щIыныр зэпегъэури, бахъэр къыпихуу бэлагъыр зэриIыгъым хуэдэу зыкъегъазэри макъ хэIэтыкIакIэ жеIэ: «Уи къуэм и щхьэр лажьэу щытамэ, жылэлIым ещхьу икIи еджэнт икIи и унагъуэри зыхуей хуигъэзэнт. Иджы тIуми щымыщу емынэр и унэм ихьауэ мэпсэу, дэри дегъэпсэу. Диссертацэм елэжьыжыркъым. Хъунт, абыи сыдэкIуэтэнт и мазэ улахуэр мылIэIусу щымытамэ. Авансымрэ получкэмрэ тхузэпымыгъэувэу допсэу. Мы жылэм яшх ерыскъы лъапIэхэм хуэдэ мазэм зэ щызыIудмыгъэхуэфыр нэхъыбэщ. Унасыпыншэмэ, махъшэм утесми хьэ къодзакъэ жыхуаIэр аращ. Мис мыбы, – IэштIымкIэ йоуэ Жансурэт и натIэм, – Алыхьым къритхауэ щытамэ, иджырей гъащIэм хуэщIа, абы зи Iыхьэ къыхэзыхыф лIым си насып хилъхьэнт».

– АбыкIэ къуаншэр уэращ, Жансурэт, уэра! Къэблэжьыр мащIэщ, жыпIэурэ дапщэрэ ебундэкIа а щIалэ тхьэмыщкIэм. «Зэ умыпIащIэ, си диссертацэр пхызгъэкIмэ, си улахуэр нэхъыбэ хъунущ, нэгъуэщI мыхъуми зы илъэскIэ зыхуэгъэшэчыж», – дапщэрэ къыбжиIа, арщхьэкIэ зыри уи тхьэк!умэм ибгъэхьакъым. И щхьэр ебгъэужэгъури институтым къыIупшыжащ, лэжьапIэ ищIынумкIэ умыгъэчэнджащэу икIи умыгъэгупсысу, шабашкэ уиIэнущ, жыпIэри, адэкIи мыдэкIи умыгъаплъэу, ухуакIуэхэм яхэбгъэхьащ.

– АтIэ, жысIамэ, пцIы супса! – Нэхъ Iеижу къолыб Жансурэт.

Узыхуейрауэ щытмэ, зы махуэ унэу дыдэунат къыпебгъэх а лэжьапIэм. Ар абы мыкIуауэ щытамэ ди фэтэр кIуэцIыр жыгей пхъэбгъурэ кафель щхъуэкIэплъыкIэкIэ къитщIыкIыфыну уи гугъэрэт сытми. Ди деж щащIауэ унэлъащIэу диIа псори импортнэкIэ зэтхъуэкIатэкъэ.

– Уи бохъшэри тумэн тхурытхукIэ кудат.

– Кудат, тхьэ, куда. Сом бжыгъэр къэслъытэжыртэкъым.

– Ари къомэщIэкI хъуатэкъэ?

– Схурикъуртэкъым. Дауи къызэмымэщIэкIынрэт. Зыр щIэкIым адрейр къыщIыхьэу фи Iыхьлыхэр къакIуэрт. ИгъащIэм фи деж къыщемытIысэхахэми дыкъагъуэтыжауэ къызэкIэлъыкIуэхэрт. Зыгуэр щыпхузэфIэкIым, пшхын-пщIэн ущиIэм деж псоми укъагъуэтыж. Абыхэм хьэщIагъэ ехын, зыгуэрхэри я сумкIэм яхуилъхьэн хуейтэкъэ? Иджы бгъашхэ къудейкIи зэфIэкIрэ сытми.

Фадэ лъапIэ йомыгъафэмэ, IупщIэ къыпхуащIу ежьэжынущ. Псори бэзэрым къыщыпщэхукIэ ахъшэ мащ!э ихьу къыпфIэщIрэ абы. Уэ мы къуажэм удэсщи мырамысэ бэлагъыщхьэрэ гъэш тIэкIурэкIэ узэфIокI, къалэм абыкIэ зы сабий нэхъ мыхъуми пхуэгъэтэджыжынукъым, ауанышхуи укъащIынущ. Сэ схъумэр си напэм и закъуэкъым, атIэ уи къуэм и напэри сохъумэ. НэгъуэщIым и гугъу умыщIыххи, мы къуажэм дыкъэкIуэжыхукIэ я нэхъ мащIэрамэ сом щищым щIигъу бэзэрым къытыдонэ.

– А уэ къыубжэкI къомыр зыми щыщыжкъым иджы. Псори зытепщIыхьыр уи IутIыжу упсэуну арат.

– АтIэ сыпсэуртэкъэ?

– Апхуэдэу ебгъэжьат, арщхьэкIэ мэхь-мэхь! Дэнэ щыIэ иджы и уасэм хуэдэу тIу е щы ептурэ къэпщэхуауэ щыта уи импорт гарнитурхэр, уи къэуц шхыIэнхэмрэ щхьэнтэхэмрэ.

– Дэнэ щыIэ жыпIа? ЗыдэщыIэращи, къызыхэкIам хыхьэжащ. Уи къуэм щхьэ фIэмытмэ хэт ар зи лажьэр. СыхулIэ апхуэдэ щIэныгъэ ищхьэ. Классищ фIэкIа къэзымыуха Шухьиб и унагъуэр дэ нэхърэ пщIыкIэ нэхъыфIу мэпсэу. Къещэху ещэж, абы и лъакъуэр здынимыхуса къалэ мы ди къэралышхуэм къыщыгъуэтыгъуейщ. Хамэ щIыпIэхэми мызэ-мытIэу кIуащ. Фейдэуэ зы сом нэхъ мыхъуми къыхуищIыну ищIэмэ щхьэхынукъым, сыукIытэжыхэнкъыми цIыхубз дуфач нэгъунэ къещэху.

– Шухьиб сытри и щхьэм ирипэс щхьэкIэ, си къуэм и напэр апхуэдэкIэ трихыжынукъым. Си къуэр интеллигент щIалэщ.

– Еплъыт абы жиIэм! Сыт мыгъуэр хэпщIыкIрэ уэ интеллигент жыхуаIэм? Сы интеллигент жыпIэу плащ техъукIарэ туфлъэ лъэдакъэ Iушэрэ пщыгъыу къэпкIухь нэхърэ уи ныбэр дубленкэм къыдэхуу уэ пхуэдэхэм уахэтмэ куэдкIэ нэхъыфIщ. Мис апхуэдэущ зэрыгупсысэр а уэ хьэм ебгъэхь Шухьиб. Зы фыз иIэщи, зы махуэм щыгъар етIуанэ махуэм щитIэгъэжыркъым. Адрей и щыгъынхэм я гугъу сщIынкъыми, махуэ къэс лэжьакIуэ зэрыкIуэ бэлътом пщампIэу телъыр мех нэхъ лъапIэ дыдэ ламэщ. Шухьиб хуэдэм ауан сыкъищIу зы махуэ сыпсэуну сыхуейкъым. Моууэ жылэ цIыхум ещхьу дыпсэуну щIэддза къудейуэ къыттепсыхэжащ. Щхьэ зыфIэмыт лIы уиIэмэ аращ къыпщыщIынур.

Ар Нэхунэ хуэмышэчу, и IитIыр зыщIигъакъуэурэ къызыфIотIысхьэри, абыкIэ и къуэр зэрымыкъуаншэр Жансурэт гуригъэIуэну хэтщ.

– «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс» – жеIэ адыгэ псалъэжьым. Уэ, Жансурэт, псомкIи си къуэр умыгъэкъуаншэ. Уэри тIэкIу узыщIэгупсысыж хъунущ.

Къилэжьри къихьри уфIэмащIэу, мыр дгъуэтыркъым, мор диIэкъым, мыбы дыхуейщ мобы дыхуейщ жыпIэурэ имыщIэн ебгъащIэри зэвгъэпэща мылъку тIэкIур абы текIуэдэжащ.

– Догуэ, фызыжь, уи къуэр къызэрина сом минищэр сэ скIуэцIыкIуэдауэ жыпIэну ара иджы узыхэтыр! ЛэжьэкIэ, зэгъэкIуэкIыкIэ жыхуаIэм хъырц хищIыкIыртэкъым, ныджэм къытена бдзэжьейм хуэдэу, ишха тIэкIур сэтей къэхъуащ. Сыт хуэдэу щымытми сыдопсэу, бын хуэзгъуэтащ жысIэри унэлъащIэ тIэкIур тщэжри къэрал ахъшэр дыпшыныжащ. КъыбгурыIуа иджы, Алыхьым щIым щIигъэлъэдэн фызыжь. Уэращ псори зи лажьэр. Ди щхьэм дыхуиту нобэр къыздэсым зы махуи дыпсэуакъым. Уоу, азалыхь, – и IитIыр иIэтауэ унащхьэмкIэ доплъей Жансурэт, – уэ ущыIэр пэжу щытмэ, си щхьэр пхуэзгъэтIылъауэ щIым натIэкIэ сейуэу сынолъэIу мы фызыжьыр икIэщIыпIэкIэ и щIы щIагъ лэгъунэм пшэжыну. Зы жэщ-махуэм зэ фIэкIа ущымышхэр нэхъыбэу уи гъащIэр ибохьэкI, итIани зы мэскъалкIэ зумыхъуэжауэ узэпсыжу уопсэу. Уи щIалэгъуэм щыхь куцIрэ фо цIынэкIэ уагъэшхами ярейт уэ.

– Ей, Жансурэт, Алыхьым деж нэмысын псалъэ къыбжьэдокI уэ нобэ, ауэ си ныбжь унэсрэ нысэ уиIэ хъумэ уигу сыкъэгъэкIыж. Мис абы щыгъуэ псори къыбгурыIуэжынщи…

– Си ныбжь унэсмэ жыпIа? Сэ абы сызэрынэмысынур уэ, езым, фIы дыдэу уощIэ. Уи къуэ псэукIэмыщIэмрэ уэ нэуэжьымрэ фшхащ си нервыр. Къэнэжа тIэкIури уэ укъыстрилъхьауэ зыхыбофыщIэ. Фызыхуейр сыт зо?! ТIэкIу щхьэ фыскIэрымыкIрэ! – Имакъым къызэрихькIэ мэкIий Жансурэт, итхьэщIу иIыгъ тепщэчыр еIэтри «баргъэщ» – жиIэу унэ лъэгум иредзэ. ЗыщIотIысыкIри и нэпсхэр топым хуэдэу къещэщэхыу, магъ.

– Сыту сынасыпыншэт сэ. Сыт мыгъуэр уэсщIат, азалыхь, мыпхуэдиз бэлыхьыр къыстеплъхьэну.

Нэхунэ и лъакъуитIыр пIэм къыщIимыхыу, бумазей бостейр къехьэлъэкIыпэурэ и плIэм ирелъхьэри, шхыIэныр тригъэкIуэтым и бостеукIэри иригъэкIуэтэхыурэ щетIагъэри пIэм къоувэх. Жансурэт, и гъыныр зэпигъэуауэ, и нэпсхэр зэпилъэщIыхьыжурэ, Нэхунэ ищ1энум йоплъ. «Сунэхъужакъэ иджы мы фызыжьым зыгуэр зырищIэжмэ» -игукIэ жеIэ Жансурэт. БжэмкIэ кIуэ хъумэ щIымыгъэкIыну зигъэхьэзырауэ, Нэхунэ жреIэ:

– Мыр сыт мамэ, щхьэ укъэтэджа? Нобэ щIыIэбжьщи, ущIэмыкIмэ нэхъыфIщ, гъуэлъыжи хэлъ. УзыхуейIамэ сэ къыпхуэсхьынщ.

Уи къуэм хущхъуэ къыздихьыну жиIащи, къэсыжмэ уефэнщи, нэхъыфI ухъумэ, итIанэ укъэтэджынщ.

Абы Нэхунэ ней-нейуэ еплъа мыхъумэ, къыжриIам зыри пидзыжакъым. ГъуэлъыпIэм кIэрыт башыр къиштауэ зыщIигъакъуэурэ бжэмкIэ макIуэ.

– Мамэ, ущIэмыкI жысIакъэ! Нобэ щIыIэбжьщ икIи къопсэпсауэ, пхуэшэчынкъым. Уи къуэр ныжэбэ ещанэ сменэу лэжьащи мыгувэу къэсыжыну къыщIэкIынщ.

Нэхунэ къыгуроIуэ и нысэм жиIэ псори гум къыбгъэдэмыкI Iупэпсалъэу зэрыщытыр. Ауэ абы щхьэкIэ жиIэIамэ арыншами иужэгъуа псалъэмакъ гуэрыр къэхъеинурэ и жьэ къихь къимыгъанэу къытритхъуэнущи зешыIэ.

Башыр зыщIигъакъуэурэ Нэхунэ унэм щIэкIауэ кIэлындорым тет къубгъаныр къещтэ. Гужьеяуэ абы кIэлъыплъ Жансурэт ар щилъагъукIэ «ЗэпытрыкIуэр къыпхукIуи, къубгъан ирихьэжьэну аращ» – жеIэри къэпIейтея и гур мамыр мэхъуж. Тридзэу цIыкIу-цIыкIуу щэща тепщэчышхуэм и къутахуэхэр къыздищыпыжым и щхьэ хуопсэлъэж: «ЗызыфIэплъэжми си щхьэц налъэ хэхуауэ къысщыхъункъым тхьэ, уи къуэжь цIыкIум къысхуигъэгъунукъым ахъумэ. Зы лъэмыкIми адакъэм хуэдэу зыкъуидзынурэ лъыр къожэхыу узэхифыщIэнущ. Мы щIыфIыцIэжьым щIэлъэдэн и анэжьым щхьэкIэ сапсауэ уиукIынкIэ зэфIэнэнукъым. «Зым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэркъым» жыхуаIэм хуэдэщ. Сэри а адакъэ лъэджажэм жагъуэу сыкъилъагъуркъым ахъумэ, и анэм и фэм исхым щхьэкIэ си пхэм къыщIэуэу сызэрырихужрэ куэд щIат. Махуэм дапхуэдизу гынбжьыну къысхущымытами, жэщым пIэм дызэрыщызэрыгъуэтыжу хузимыIэ лъагъуныгъэм сыкъеуэу щIызодзэри, IэплIэшхуэ изошэкI, си нэхэр щIезгъэлъафэурэ банэм хуэдэу къысщыхъу и бгъэгуцым си щхьэр хызолъхьэжри и бгъэр къызыпхиудыным хуэдэу и гур къеуэу къызогъанэ. Абы и закъуэкъым ар къызэрызгъэIурыщIэр… Си насыпщи а си гуащэ удыжьым еспэс псори и къуэм жыриIэжыркъым ахъумэ зэпытрэ зэкIэсу укIуэ жыхуаIэм хуэдэу, къысхуиIэ лъагъуныгъэ тIэкIуми елъэпэуэнти сыригъэкIыжынт. Ауэ хэти иремыгугъэ сыкъикIуэтыну. КъэIэбэу си псэр хатхъыху сызыхуейр сщIэнущ, сызэрыхуейм хуэдэуи сыщытынущ.

Фи ней къысщыхуэ тIуми.

– Месыр къопщыжыр, – жеIэ псыунэм къыщIэкIыжауэ къежэлIа хьэм едэхащIэу щыт Нэхунэ щилъагъукIэ. – А удыжьыфэри ар! Сэ нэхърэ и хьэр нэхъыфIу елъагъу.

Бжэр Iуехри, Жансурэт кIэлындорым тохьэ.

– Догуэ, а кIуэцIырыхун хьэм уедэхащIэу куэдрэ щIыбым удэтыну. Арыншами сысымаджэщ жори махуэ псом ущылъщ, уи щхьэм и жэрдэм пхуэмыщIыжу. ПIэм ухэгъуэлъхьэжыпэмэ хэт уи гугъэрэ узезыхьэнур? Сэ укъысщымыгугъ, азалыхь, сытри абы щIэпщIыхьу укъанэми субгъэдэмысыну. Схуэмыхь абрэмывэу къыстехьэлъэр щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ я нэхъыбэр мы къуажэжьу кIуэцIрыхуным зэрыщызгъакIуэрщ…

Къыхудэплъейуэ, и кIэр игъэкIэрахъуэу къыбгъэдэт хьэм и щхьэм Iэ делъэри, Нэхунэ унэмкIэ къеунэтIыж. «КъакIуэ тIэкIу узгъэшхэнщ» – жиIэ щхьэкIэ, и кIэр игъэхъейуэ щыт мыхъумэ, къэбакъуэркъым. Жансурэт дежкIэ къаплъэурэ мэпщIэу…

«Хьэри къысщошынэ, – и щхьэм хуопсалъэ Жансурэт. – Догуэ апхуэдизу сыалмэстыуэ пIэрэ сэ? Азалыхь къалэм сыдэкIамэ, нэхъ зызыгъэпIий лIыхэм нэкIэ сашхмэ. И щхьэр трачу «лIы уиIэ?» жиIэу къызэупщIи, нэгъуэщI псалъэ гурыхьхэр къызэзыдзи къахокI. Зы жэщ нэхъ мыхъуми срагъусэну ящIэмэ я мылъкур зэрыщыту къызатыну хьэзырхэри мащIэкъым. Дэнэт сэ сыздэплъар мы кIуэцIрыхунхэм я унагъуэм сыкъыщихьам. А къыстелIэхэм ящыщ зыгуэрым си нэр сыту темыхуарэт.

А иужьрей псалъэм кIэлындорым къытехьэжа Нэхунэ къыщрегъэч, иIыгъ башым тегъэщIауэ, къыпиубыд жьыр ерагъмыгъуейуэ ирикъухыурэ жеIэ:

– Сэ ар сыпсэуху уэзмыхъуэныну си гугъащ, ауэ иджы сэ къызупэсахэм, си щIалэ закъуэр зыхэбгъэт бэлыхьым ущхьэпырыкIыжу хэутэн дыпщIыну яужь ущихьакIэ схуэшэчыжынукъым. Догуэ, уэ укъыщытшам узэрыщытар пщIэжу пIэрэ?

– Дауэ сызэрыщытар, жыIэ! Сыделэт, сыкъэхьпэт, сынэмысыншэт. КъэIуатэ, зо, иджыпсту жыпIэну узыхуейуэ хъуар!

– Хьэуэ, нэмысыншагъэ лъэпкъ бдэтлъэгъуакъым. Ауэ, си псэм хуэдэ, иджы убэта щхьэкIэ, ди унэ укъыщихьам башым ухуэдэт, пщыгъ чэсыргей бостей текIыжар, хьэнцигуащэм щатIэгъам хуэдэу, пщылэлырт, уи нэкIур си Iэгум хуэдиз хъуртэкъым. Хэт уи гугъэрэт уэ абы щыгъуэ укъыфIэIуэхуу къоплъынур. Фыбынунагъуэшхуэт. Уи адэри фадэм итхьэкъуауэ, къилэжь тIэкIур ирифыж мыхъумэ, зыкIи унагъуэм и сэбэптэкъым. Уи анэри, ефэн щыригъэгъэтын и гугъэу, куэдрэ абы еныкъуэкъуащ, арщхьэкIэ хигъахъуэ мыхъумэ хигъэщIыртэкъым. Пщыхьэщхьэ къэс ефауэ унэм къекIуэлIэжырт, жэщ псо къыщыти къэхъурт. ЦIыхубзхэми яхуэхейтэкъым. Апхуэдэ гъащIэ гъэкIуэкIэм уи анэри лъэныкъуэкIэ иригъэплъэкIащ.

– Сыт абыкIэ жыпIэну узыхуейр?! – БауэкIэщI мэхъу Жансурэт. – Къэхьпэуэ, куэпэчу, и дзэлыфэ къыхуэзытI лIым и IэплIэм зригъахуэу си анэр псэуауэ жыпIэну ара узыхуейр!

– Хьэуэ, Жансурэт, си гъащIэм цIыхум кIэрымылъ кIэрыслъхьакъым, хуэмыфащэ хужысIэну сыхэткъым. Ауэ щIыкъатиблым щыбгъэпщкIуну ухуейжьэми, «Жьуджалэ пэтрэ мэхашэ» жыхуаIэращи, зэ пэжыр и гущ1ыIу къэхъунущ. Сэри уи анэм пцIы кIэрыслъхьэркъым. Уэ къэбгъэхъея псалъэмакъым ипкъ иткIэ си нэгу щIэкIар пхуэсIуэтэжу аращ.

Уи анэр зыкIи згъэкъуаншэркъым. Абыи псэ Iутти ныбжьри хэкIуэтатэкъыми, бын пIыным щытехьэулеикIаи къэхъуащ. Уэри уцIыхубз цIыкIут, бынми уранэхъыжьти, узыхуей ущыхуэмызэм, уи анэ шыпхъум узриубыдылIэри уипIащ, абы деж ущыIэуи ди унэ укъихьащ.

А псори сэ къыщIэсIуэтэжыр узгъэпудыну, узгъэикIэну аракъым, зыми жезмыIэуи хьэдрыхэ здыщIэсхьэну къыщIэкIынт уэ унэхъыфIу, дэ дынэхъыкIэу къыщIебгъэдзыну, си щIалэ закъуэр хэутэн пщIыну ухэмытамэ. Уэри умыделэмэ акъыл гуэр абы къыхэпхынщ. «Гупсыси псалъэ, зыплъыхьи тIыс» ауэ сытми адыгэм жиIакъым. ЦIыхум нэгъуэщI зыгуэр игъэикIэну, е игъэпудыным и пэкIэ езыр зыщIэгупсысыжын хуейщ.

А сэ бжесIахэм пцIы гуэр хэлъу къыпфIэщIмэ, ди хьэблэм дэс фызхэр щыхьэту къэзгъэувынщ. Абыхэм псори я нэгу щIэкIащ.

– Догуэ-тIэ абы щхьэкIэ си щхьэфэр лъэгурыдз фхуэсщIын хуейуэ къэплъытэу ара? – къолыб Жансурэт. – БлэкIамкIэ сэ зым и дежи жэуап щысхьыркъым. Си анэ имыщIапхъэ IэщIэкIамэ ар езым и гуэныхьыжщ, икIи здэкIуэжа ахърэтым абыкIэ жэуап гуэр щихьын хуейуэ щытмэ къыщIэкIуэнкъым. Ауэ минрэ къызэбудэкIми зы мэскъалкIэ сыкъэдзыхэнукъым, нобэр къыздэсым си нэм бжэгъуу укъызэрыщIэуэр щIыр зэгуэхуу я кум дэхуам хуэдэу кIуэдыжыу си нэ си псэу услъагъуну уимыгугъэ, фызыжь.

Къытехьэлъапэу Нэхунэ унэм щыщIыхьэжкIэ хьэр мэпщIэу. УнапхэмкIэ къежэкIыж джэдуми, Нэхунэ худэплъейуэрэ, тхьэмыщкIафэ зытрегъауэ.

– МэмэжалIэ мыгъуэ мыхэр. ТIэкIу бгъашхэмэ псапэ къэпхьынт, Жансурэт.

– Азалыхь иджыпсту зэшэзэпIэу къытехуэу лIамэ сымыгъэшхэну. Арат сэ иджы сыкъызыхуэтыжыр. Уи къуэр къэсыжыху фэ фшхын схуэгъэхьэзыращэрэт. Тхьэмахуэ псом уэ зытребгъэхьа фIей къомыр лъэныкъуэ егъэзын хуейкъэ?

– СхузэфIэкIыу щытамэ здэщымылъын хуейуэ зы чымпи щымылъу пщIантIэри унэри зесхьэнт. Си деж плъак1уэ къакIуэу, къабзагъэкIэ зыри къыскIэлъыщIыхьэртэкъым. Иджы мыгъуэ сыт – си щхьэм жэрдэм хуэзмыщIыжыфу сыкъэнащ. Уэ ар къыбгурымыIуэу си къарур къызыпемыкIуэкIыжхэр къызыбоудэкI.

Азалыхьым фигъэузыншэ, ауэ си ныбжь унэсмэ псори уэр-уэру къыбгурыIуэжынщ.

Хьэри джэдури къыхэпщIэукIыу здэщытым деж къыщына мыхъумэ зы лъэбакъуэкIи Нэхунэ къыдэкIуэтакъым. Ажалым хуэдэу ахэр Жансурэт щошынэ. Дауи щымышынэнрэ, пщIантIэм къыдыхьэжыху белми хьэнцэми, бжьэгъуми япэу къыIэрыхьэр яриутIыпщ мыхъумэ зэ закъуэ нэхъ мыхъуми я щхьэм Iэ дилъакъым.

Зы щэбэт махуэ гуэрым къуажэм, кIуэжыну хуэмейуэ, залмыгъэкIэ и лIым ишэжырт ар. Я бынитIри гуфIэт къуажэм зэрыкIуэжым щхьэкIэ. Жансурэт и нэщхъыр зэхэукIат, уIурыIэбэ хъуртэкъым, зы псалъэ нэхъ мыхъуми зэрыжыраIэу, и губжьыр зыгуэрым тримыкъутэу цIыхупIэ зэримыувэжынум и щыхьэту, къыщиудырти яхуэмыгъэувыIэжу псалъэрт.

Нэсыжу псори зэгъусэу Нэхунэ и пщIантIэм щыдыхьэкIэ, къызэрыщыгуфIыкIым и щыхьэту, и кIэр игъэкIэрахъуэурэ хьэр абыхэм къапожьэ. КъызыкъуэгушхукIри кIуэжыхукIэ абы и пщэр IитIкIэ яIыгъыу едэхащIэ сабийхэрщ. Мурат цIыкIу «Мыщэ, Мыщэ» – жиIэурэ хьэм щыпежьэкIэ, Жансурэт мапхъуэри и Iэблэр еубыд. «УздэкIуэр дэнэ? Хьэри уэри…» Бжыхь джабэм кIэрыт гъущI гуахъуэр, и къащти и идзи зыуэ, хьэм иреутIыпщ. Гуахъуэр хьэм и джабэм хоуэри, пщIэууэ хадэм йолъадэ. Ар зылъэгъуа Мурат цIыкIуи гъынанэурэ и анэм жреIэ: «Мыщэ гуахъуэр хэбгъэуащ. Уэ апхуэдэу къуащIэм уи фIэфI хъуну! Тхьэ Нанэ жесIэнщи уезмыгъэукIмэ».

– Азалыхь яукI плъагъумэ щIым ущIэлъадэу… КIуэцIрымыхун, уэри а си нэм къыщIэуэхэм урателъхьэщ. Сэ зыращ псоми фхуэмыгъалIэр, – Жансурэт Мурат йощхьэфауэ. Маринэ Мурат къыщхьэщожри, и Iэшт1ым цIыкIумкIэ и нэм щIэIуэтыхьурэ, зыщодж.

– Уэри узыхуейр арамэ, мэ! – жеIэри, щIау жригъыIэу, Маринэ и нэкIур хущIехулыкI. – Псори фызэщхьщ, псоми фи дзэр сэ къысхуволъ! – Хьэблэм дэсхэр къигъаплъэу, Жансурэт мэкIий.

Мурид, хьэм тридза удыным игъэнэщхъеяуэ, зыри хужымыIэу дакъикъэ зытIущкIэ щытщ. ИтIанэ зыкъызэкъуехри:

– ЦIыхугукъым уэ пкIуэцIылъыр, атIэ гъущIыгущ ахъумэ зи бзэ мыпсалъэ а псэущхьэм апхуэдэ лей епхынтэкъым. Сыт уэ абы къуищIар? «Кхъуэм и губжьыр хьэм трелъхьэ» жыхуаIэм ухуэдэщ уэ. Си анэр къытпежьами арауэ къыщIэкIынут уэ епщIэнур.

– Ди анэ, си анэ… Бдзэжьей къупщхьэу си тэмакъым зэпрууэ телъщ а псалъэр, узыхуейрауэ щытмэ. Ди щхьэ дыхуимыту нобэр къыздэсым допсэу. Щэбэти тхьэмахуи диIэкъым. ЦIыхухэм зыщагъэпсэху, я нэгу зыщрагъэужь къалэ паркым яужь дыдэу дыщихьар къысхуэгубзыгъыжыркъым, си лIы цIыкIу.

АтIэ ар гъащIэу къэплъытэ хъуну сытми! Зы махуэ лэжьэным дыкъыдэхуэмэ, ди щхьэ Iуэху зетхуэным и пIэкIэ, ди псэр пыхуу дезэшауэ къуажэм дыкъокIыж. НэгъуэщI мыхъуми, зи пэ зыхуэмылъэщIыжу къэхъуахэри яхэту, мы жылэм къелыжа зы машинэжьи диIамэ зыгуэрым хуэдэтэкъэ. Мохь, апхуэдэл1щ дэ ди лIыр, къыжьэдалъхьэми хуэшхынукъым. Иджы перестройкэ жаIэу зыгуэр кърагъэжьащи, узыхуей дыдэр щIэ,зыми зы псалъи къыбжиIэнукъым. Дэ лIы и цIэу зы диIэщи,кIуэцIырыхун и лэжьапIэ хъерыншэм къыбгъэдэкIыу кооператив, бэджэнд жыхуаIэхэм хыхьэну Алыхьым къару къритакъым.

–УмыпIэщIэж, зикI гъащIэ куэд къыхуэнэжакъым бжэгъуу уи нэм къыщIэуэ, уи псэм темыхуэ,узытеплъэ мыхъу а си анэм,-жеIэ Мурид,ерагъмыгъуейкIэ кIэлындорым къехауэ, башыр зыщIигъакъуэурэ къапежьа Нэхунэ дежкIи плъэуэрэ.

Муратрэ Маринэрэ зэгъусэу щIопхъуэри Нэхунэ IэплIэ хуащI.

– Нанэ,ухужа?– йоупщI Маринэ.

– Сыхъужащ,си псэр зышхын.

– НытIэ иджы башыр щхьэ пIыгъ?

– Башри? Абы, си псэ закъуэ, зэзэмызэ зытызогъащIэ. Иджыри си гур къыщекIуэ щыIэщ.

– Мамэ, зыкъегъазэ Мурат и анэм и дежкIэ,-мы нанэ и гур къекIуэу жеIэ. Хъущхъуэ къыхуэпхьа?

Жансурэт и нэщхъыр нэхъри зэхегуэри папщэ мыхъумэ, зы псалъи къыжьэдэкIыркъым. ПщIэууэ къажьыхэлъэда джэдур лъапэкIэ хыфIехуэри унэмкIэ кIуэуэ йожьэ. Iэ ижымкIэ иIыгъ сумкIэри, зы тон и хьэлъагъым хуэдэу, IэщIолэл. ХамэлIым хуашэ фIэкIа пщIэнкъым. Псэм фIэмыфIыр нэми фIэдахэкъым. Апхуэдэщ Жансурэт и Iуэхури.

Псори зэгъусэу унэм щIохьэж. Нэхунэ и къуэрылъху цIыкIухэм ящыгуфIыкIыурэ, и п1эщхьагъым къыщIех Муратрэ Маринэрэ яхуищIа цы лъэпэд хуабэхэр.

– Мэт,си псэм хуэдэхэ, лъыфтIагъи фхуэхъумэ феплъыт. ЩIымахуэм хуабэу фщыгъынщ. Мыхэр фэ цIыкIуитIым щхьэкIэ…

Мыдэ къащти сегъэплъыт, Нэхунэ жиIэнур имыухыу, Мурат цIыкIу зэ пиплъыхьу иIыгъ лъэпэдыр Жансурэт къыIэщIеч. – СыхулIэ апхуэдэ лъэпэд тыкъырбжьэкъыр хъужауэ… Азалыхь лъапцIэу къакIухьамэ я лъапэ пезмыгъэлъхьэн. ЯIэщ абыхэм лъэпэд хуабэ си анэ лъэпсейуэ талкучкэм къыщищэхуауэ. Мэ ещэ зыгуэрым, – жеIэри лъэпэд лъытIэгъэгъуитIыр Нэхунэ и пIэм иредзэж.

– Сыт ахэр апхуэдэу щIыхыфIэбдзэр?! Сэ ар слъыгъыу щIымахуэм лъэрыжэкIэ къэзжыхьынущ, – жеIэ Мурат. – Лъэпэдыф1щ икIи хуабэщ. Пэжкъэ, Нанэ?

– Пэж дыдэщ, си псэм хуэдэ, махуэ псом щIыбым удэтми, уи лъакъуэр пIыщIэнукъым.

– Сысейри фIыщ, аракъэ, Нанэ? – И нэ къуэлэн цIыкIуитIыр игъэупIэрапIэу Маринэ Нэхунэ худоплъей.

– ФIы дыдэщ, си псэр зышхын, – Маринэ и щхьэм Iэ делъэ Нэхунэ. ЦыпхкIэ цыр схуэпхыжыртэкъым, IэкIэ сыпщIурэ зджати Iуданэр гъумыIуэ хъуащ. Аращ фи анэм тыкъырбжьэкъыру къыщIыфIэщIыр. Ауэ фи лъакъуэ цIыкIухэр игъэхуэбэнущ.

– Сэри Iувщ сызыхуейр, Нанэ. ЩIымахуэм Iэжьэ цIыкIумкIэ бгым сыкъыщежэхкIэ си лъакъуэр пIыщIэнукъым.

– Сэри Iэжьэ цIыкIумкIэ бгым сыкъыщежэхкIэ си ботэм щIэлъу щызгъагъынущ тхьэ, – жеIэ Маринэ цIыкIуи.

– Лъывгъагъ, си дуней нэхухэ, фи лъакъуэхэр хуабэмэ фи 1эпкълъэпкъри пIыщIэнукъым. Сэ иджы сызыгъэсымаджэ узыр си лъакъуэмкIэ къысхыхьа щIыIэм къыхэкIащ.

– Мыпхуэдэ лъэпэд хуабэ щхьэ лъумыт1эгъарэт, Нанэ? Иджыри щIыи лъытагъи щIыIэр хэкIыжынщи ухъужынщ.

– Плъагъуркъэ а си псэр зышхын цIыкIур зэрыгубзыгъэр. Абы хэкIыж иIэкъым, тIэсэ. ЗыкIи къыпхуимыхужыну итIысхьащ а уз хъерсызыр си Iэпкълъэпкъым.

Абы щыгъуэ, си дуней нэху, икъукIэ зэман хьэлъэу икIи гугъуу щытащ. Хэку зауэшхуэр къэхъеяуэ екIуэкIырти фи адэшхуэри абы щыIэт. Сэ си закъуэт. Гъэмахуэм гу цIыкIукIэ сэхуран жэпкъ, жущэн, къэрэкъурэ гъэсыныпхъэу къасшэрт, щIымахуэм IэжьэкIэ пхъэ гъэсын мэзым къисшырт. Си жэм закъуэри щIымахуэм зэрызгъашхэр лъэгуажьэм къэсу уэсым сыхэту гъубжэкIэ къэсхыурэ губгъуэм къисш нартыху бзйирт. Си вакъэри лъэпэдри лъакъуэм фIэщтыхьауэ унэ щIыIэм сыщIыхьэжырт. Мис абы къыхэсха щIыIэ узщ си куэ къупщхьэм итIысхьауэ хуиту сыбэкъуэну Iэмал сымыгъуэту сыкъэзыгъэнар.

Мурат цIыкIурэ Маринэрэ я жьэр Iурыхуауэ я нэр ямыгъэупIэрапIэу цы лъэпэдри яIэщIэкъузауэ яIыгъыу, Нэхунэ жиIэм йодаIуэ.

– МашинэкIэ е гукIэ щхьэ ахэр къыпхуамышэрэт, Нанэ?

– Абы щыгъуэ, си щIалэ цIыкIу, къэралыр къулейсызт, колхозри хуэщIатэкъым. ПолуторкэкIэ зэджэ хьэлъэзешэ машинэм фIэкIа щыIэтэкъым. Ари закъуэтIакъуэт, щыплъагъури къалэрат. Колхозым и Iуэхур нэхъыкIэжт. Вырэ шырэт яIэр. Ахэри зэпэубыдат. Шы нэхъыфIыIуэхэр къэралым яIихри зауэлIхэр ягъэшэсыну, шэгын къырырашэкIыну яшат. Ерыскъыр зэпэубыдат. Жэщ-махуэм зэ фIэкIа сыщымышхэр нэхъыбэт. Нартыху дэч дыкIуамэ, зы кIэчан нэхъ мыхъуми къатщтэу унэм къыздэтхьыну дыхуиттэкъым. Пщыхьэщхьэ хъууэ дыкъыщыкIуэжкIэ хьэсэпэхъумэр я пашэу гъуэгум къыщытпэувырти дыкъащырт: ди матэхэм, пэгунхэм къиплъэрт, ди жыпхэм къиIэбэрт, ди лъакъуэм къыщыщIэдзауэ ди щхьэм къэс дыкъаIэбэрэбыхьырт. Зы нартыху Iэбжьыб нэхъ мыхъуми къыпкъуахамэ, шыпэм урагъэувэрти штабым е колхоз правленэм уахурт, пхуэмыфащэ къуапэсырт. Суд Iуэху ящIу тутнакъэщым урагъэтIысхьэныр зыми щыщтэкъым. НэхъыкIэжырати трудодень ятх мыхъумэ, гъэ псом дызэрылэжьам къыпэкIуэу зы сом е зы гъавэ чилэ къыдатыртэкъым.

– Хэтыт ар зымыдэр, Нанэ? Сытыт гъавэ къыщIывамытыр?

– Сэ сщIэ мыгъуэрэ, къэралыр къулейсызщ, зауэлIхэр, рабочэхэр гъэшхэн хуейщ жаIэрт. КъэщIэгъуейт дэтхэнэр къуаншэми, захуэми.

– АтIэ ар сыту цIыхухэм ядэрэт? Иджы цIыхухэр шхыдэу телевизоркIэ къагъэлъагъуэри, зыхуей хуамыщIэмэ, лэжьэн ядэркъым.

– Ар иджы. Абы щыгъуэ къэралыр, абы и унафэщIхэр быубу, псалъэ Iей яхужыпIэу зэхахмэ уапхъуатэрти тутнакъэщым урагъэтIысхьэрт. Апхуэдэурэ лажьэ лъэпкъ ямыIэу сытым хуэдиз лIыфI куэд ягъэкIуэда.

Нэхъыбэр бзэгузехьэхэм я зэранкIэ. Жыхьэнэр я унапIэщ абыхэм.

– Хэтыт бзэгу зыхьыр, Нанэ?

– ЩыIащ абы щыгъуэ апхуэдэ Iужажэхэр.

– Сыт Iужажэм къикIыр?

– Куэд пщIэну ухуейщ си нэ къуэлэн цIыкIум. Iужажэри? Ар уэ зы къыбжиIэу, адрейм нэгъуэщI жриIэу, и фэкIэ дэтхэнэм зыдригъэкIуну хэту, игукIэ зэгупсысыр нэгъуэщIу. «Iужажэр си ажалщ» ауэ сытми адыгэм жиIакъым.Iужажэм зэи уи дзыхь ебгъэз хъунукъым. Фэри… – Нэхунэ хощэIукI. – Азалыхь, сызэрыхъур сымыщIэ, си гур къокIуэ», – жеIэ. ИтIанэ Нэхунэ и щхьэр къыфIэщIэ хуэдэу мэхъу. Мурат къеплъурэ, зыгуэр жиIэну хуожьэ, арщхьэкIэ и Iупэр пIэжьажьэ мыхъумэ зыри къыжьэдэкIыркъым.

– Мамэ! Папэ! Нанэ зыгуэр къыщыщIа си гугъэщ! – КIийуэ щIож унэм Мурат. Ягъэкъабзэу пщIантIэм дэт Жансурэтрэ Муридрэ унэм щIолъадэ. Нэхунэ, и гущIыIур зэрыдэгъэзеям хуэдэу, и нэр зэтепIауэ щылъщ.

– – Мамэ, сыт къыщыщIар? – и Iэ ижьыр Нэхунэ и натIэм трелъхьэ. И нэр мащIэу къызэтрехри, зыри жимыIэу, зытрепIэж.

– Сигу ирихьъыркъым мыбы и щытыкIэр, – жеIэ Мурид, – кIуэи псынщIэу Шэмсэдин къеджэ.

Жансурэт щIокIри, япэмыжыжьэу псэу Мурид и адэкъуэш Шэмсэдин къреджэ. Зыри жамыIэу щыри Нэхунэ щхьэщытщ. Муратрэ Маринэрэ гъуэлъыпIэ натIэр яIыгъыу зэм Шэмсэдин, зэми Мурид йоплъхэр, сыт къажьэдэкIыну пIэрэ жыхуаIэу. Шэмсэдин мэIэбэри, шхыIэн гущIыIум теукъэдия Нэхунэ и Iэр еубыд, и натIэм тоIэбэ.

– Нэхунэ, къаплъэт, сэращ ар, Шэмсэдинщ.

Нэхунэ и нэр къызэтрихыну зэрыхуейр къапщIэу, и напIэр мащIэу мэхъей, арщхьэкIэ абы къыфIэкIыу и псэр зэрыхэмыкIар кърипщIэну и Iэпкълъэпкъым щыщ зыгуэри игъэхъейкъым.

– Къаплъэт, тIэкIу къаплъэт, мамэ, – жиIэурэ и анэм и напэм Мурид толъэщIыхь. – Псы тIэкIу уефэн?

Нэхунэ и Iупэр зытрикъузэ хуэдэу ещIри мащIэу хощэIукI.

– ПсынщIэу кIуэи псы тIэкIу къэхьыт, – Жансурэт дежкIэ Мурид къоплъэкI.

Псы стэчанрэ бжамышхрэ къыбгъэдехьэ. Мурид ар къыIехри, лошкIэмкIэ псыр Нэхунэ и Iупэм ирехьэлIэ: «Мэт, мамэ, псы тIэкIу» – и Iупэ лъабжьэр мащIэу къыIуешри, ткIуэпс зытIущ IурегъаткIуэ, арщхьэкIэ и дзэ зэтекъузам адэкIэ имыгъакIуэу къыIурожыж.

– Мамэ, псы ухуейуэ жыпIати, – Мурид аргуэру бжэмышхым ит ткIуэпс зыбжанэ Нэхунэ ирехьэлIэ.

– Куэдщ, Iух, – жеIэ Шэмсэдин. ИтIанэ Жансурэт дежкIэ къоплъэри:

– НысащIэм, мы цIыкIуитIыр ди дежкIэ пшамэ нэхъыфIт, – Шэмсэдин щыжиIэкIэ къыбгъэдэт Мурид и нэпсыр и нэкIущхьитIым къытолъадэ.

Ар зылъагъу Маринэ цIыкIу къыщеудри гъынанэурэ щIоупщIэ:

– Папэ, сыт Нанэ и лажьэр?

– И гур къекIуауэ аращ. ФыкIуэ Шэмсэдинхэ я деж.

– Хъужынущ Нанэ, фынакIуэ фыныщIэкI мыбы, – къеплъэкIыурэ Маринэрэ Муратрэ унэм щIеш. Жансурэт къыщыкIуэжам деж хадэм къимыкI Мыщи кIэлындорым дэлъейуэ бжэм епIэстхъыурэ, мэпщIэу… И анэм зытриубгъуауэ Мурид зэщоджэ… Нэхунэ зэрыIэщIэкIыр и нэкIэ елъагъу. Сыт ищIэн – Iэмалыншэщ. Гызу зи псэр хэкI анэм къуэр иужьрейуэ и нэгум йоплъэж…

И къуэ закъуэр и кхъаблэм щIэту, Нэхунэ пщIантIэм дах. Жэнэзыуэ игъуэтари куэдкъым. Нэхъапэхэм хуэдэкъым иджы. Умыкъулеймэ, зыри къыпхуейкъым. ТхьэмыщкIэр лIа иужь, щIалъхьэну къекIуэлIар мащIэщ. Куэдым муслъымэнагъ я гум зэримылъыжыр абы къегъэлъагъуэ. Нэхунэ и къуэр къулыкъущIэшхуэу щытамэ, «Волгэрэ» «Тайотэу» абы къекIуэлIэнум ущIэмыупщIэт. Зым адрейр и ужьым иту, хуэгъэкIуэд жаIэурэ Мурид ахъшэу къыIэщIалъхьэнум бжыгъэ иIэтэкъым. Иджы сыт, мес, цIыху Iэрамэ тIэкIу и ужьым иту Нэхунэ тхьэмыщкIэр дах. Абы иужьрейуэ кIэлъыкIуэжхэм яхэту къыщIэкIынщ Нэхунэ щIалъхьэху кхъэм зэритыну зэманыр Iейуэ къызэхьэлъэкI. Ярэби, кIуатэ пэтми щхьэ цIыхухэр апхуэдэу гущIыIэ хъууэ пIэрэ?

Апхуэдэ хьэрэмыгъэ гуэри и гум къэмыкIыу метрэ щэ ныкъуэ хуэдизкIэ жэнэзым и ужьым иту, Мыщи кхъэм якIэлъокIуэ. Ар Нэхунэ щхьэкIэ зэрынэщхъейр щIым нэсрэ жыпIэу и щхьэр зэрехьэхам, дапщэщи зэфIэт и тхьэкIумитIыр къызэрыгуэхуам, къехьэлъэкIыпэури зэрыбакъуэм къегъэлъагъуэ. ЦIыхухэм яхуэдэу, хьэрэмыгъэ гуэри абы и гум къэкIыркъым. Мывэбг къытеуам хуэдэу, Нэхунэ зэримыIэжыр къытохьэлъэ.

Мурид и анэр щIалъхьэху мывэ сэрейм и джабэм Мыщэ бгъэдэсащ. «Мы къуажэр мы щIыпIэм къызэрытIысрэ мы кхъэм щIалъхьауэ хъуам щхьэкIэ Iэмин – жыфIэ» – жиIэу ефэндым и IитIыр кхъэмкIэ щишийкIэ, Мыщи къотэджри, и щхьэр ехьэхауэ щытщ…

Нэхунэ и сыныщхьэм Iэ дилъэжауэ кхъэм къыдэкIыж Мурид Мыщэ щилъагъукIэ къоуIэбжь. ИтIанэ бгъэдохьэри, и щхьэм толъэщIыхь. «Умынэщхъей, Мыщэ, сыт тщIэн Алыхьым къыттрилъхьащи тшэчынщ. Абы и унафэращ тэмэмыр. Иджы уэращ си анэм и фэеплъу къысхуэнар. Сыпхуэарэзыщ, Тхьэр арэзы къыпхухъу. СыщыщымыIэм, зыри зэран къыхуумыгъэхъуу си анэр схуэпхъумащ. Уэ пщIантIэм удэсу и закъуэу езыми къилъытэртэкъым. Мыщэ! – жиIэу джамэ, занщIэу кIэлындорым укъытехьэрти уи щхьэр пIэщхьэгъ хуэпщIыну ухьэзырт».

Хьэм хьэмбыIуу бгъэдэсу здэщысым, Мурид къыщеудри зэщыджу магъри пащхьэм ит Мыщи и нэпсыр къыщIож. Магъ лIыр, магъ хьэр. Ягъеиж а тIум псэухукIэ я псэм щыщу ялъэгъуа Нэхунэ. А Нэхунэ фIыуэ ямылъагъум хуэдэт сытми! ЦIыху Iэ щабэ – Iу щабэт, лъэкIыу зы псэущхьи и зыц хигъэхунутэкъым. Абы хуэдэ цIыхуфIхэм я кхъэлэгъунэм жэнэтым и нурыр зэпымыууэ щыблэу жаIэ. Апхуэдэ зыгуэр ахърэтым щыIэу щытмэ, Нэхунэ къылъысынщ.

– НакIуэ дыкIуэжынщ, Мыщэ, – жеIэ Мурид къызэфIэувауэ. Къожьэжри, лъэбакъуэ зытхух къеч. Хьэр и пIэм къикIыркъым, Егъэзэжри, Мыщэ и пщэр иубыдауэ къоIэ. И фIалъэ лъакъуэр еубыдри кърилъэфэжьэну хуожьэ. Зыхуигъэхъейркъым. Ирикъуху щысмэ, езы-езыру къэкIуэжынщ жыхуиIэу, Мурид къожьэж. КъыздэкIуэжым щIэх-щIэхыурэ зоплъэкI. Хьэр и пIэм къимыкIауэ хьэмбыIуу щысщ. Къуажэм къыщысыжым, аргуэру зоплъэкI – бгъуэтмэ къащтэ, бзэхащ. Мурид къэуIэбжьауэ егъэзэжри, кхъэр къызэрыщIыхьа мывэ сэрейм бгъэдыхьэрэ плъэмэ, Нэхунэ и кхъащхьэм и гупэр хуэгъэзауэ Мыщэ хьэмбыIуу щыст. И цIэр жиIэурэ зэкIэлъыджэ щхьэкIэ, зэ къызэплъэкIа мыхъумэ, зигъэхъеякъым. ИтIанэ бгъэдэгъуэлъхьапэри, и щхьэр щIэукъуэдиикIауэ и фIалъэ лъэкъуитIым трилъхьащ.

Мурид ищIэнур имыщIэу щыту, кхъэхъумэ Мырзэбэч къыбгъэдохьэ.

– Тхьэм пщимыгъэгъупщэкIэ, Мурид. Нэхунэ цIыху гуапэу, хэти хуэгупцIанэу псэуащ. Дыгъуэпшыхь Дыгъужьыкъуей си шыпхъум деж сыкIуати, автобусым сежьэурэ сыгувэри щIамылъхьэ щIыкIэ сыкърихьэлIэжыфакъым.

– Тхьэм гузэвэгъуэншэ уищI, Мырзэбэч. Арати, дунейм гуфIэгъуэу щызиIэ си анэ закъуэр щIэслъхьэжащ.

– Сыт пщIэн, Мурид, азалыхьым и унафэр нэхъыфIщ. Тхьэм и ахърэтыр нэху ищI. Иджы кIуэж, Мурид, адэкIэ къыппэплъэу къыщIэкIынщ.

– СыкIуэжынут, ауэ мо хьэр…

Мырзэбэч абыкIэ маплъэри:

– Тобэ, тобэ! Илъэс тIощIым щIигъуауэ мы кхъэм сырихъумакIуэщи апхуэдэ телъыджэ слъэгъуакъым, яIуатэури зэхэсхакъым. Тобэ, тобэ! Уи анэмрэ а хьэмрэ я кум лъагъуныгъэшхуэ дэлъауэ къыщIэкIынщ. И гугъу умыщIу кIуэж, Мурид. И бзэ мыпсалъэ щхьэкIэ иджыпсту абы и гум куэд щощIэ.

Нэхунэ къуажэр зэрыхуэщыгъуэну махуищыр иухауэ, а зэманым зэIухауэ щыта куэбжэр пщыхьэщхьэм хуащIыжыну пэтрэ, и щхьэр ехьэхарэ нэщхъейуэ, Мыщэ пщIантIэм дохьэж.

– УкъэкIуэжа, Мыщэ, – жиIэурэ абы Мурид щыбгъэдыхьэкIэ, Нэхунэ и пIэ лъапэм тесу, и жэщгъуэлъу щыта джэдур хэпщIэукIыурэ хьэм бгъэдохьэри, тIуми я щхьэр зэщахъуэ. Мыщэ нэщхъей-нэщхъейуэ джэдум къоплъ. Иджыри дэмыкIыжауэ пщIантIэм дэс Шэмсэдинрэ я пэмыжыжьэу псэу лIыжь Исмелрэ хьэмрэ джэдумрэ зэрызэхуащIым яфIэгъэщIэгъуэну йоплъ.

– Тобэ ирехъуи, – жеIэ Шэмсэдин, я бзэр мыпсалъэ пэтми, Нэхунэ зэрыщымыIэжыр къагурыIуауэ нэщхъейуэ аращ.

– Мыщэ кхъэм кIуэри, си анэм и кхъащхьэм бгъэдэсащ, – жеIэ Мурид.

– Уи фIэщу жыпIэрэ?! – къоуIэбжь Исмел. – Модэ феплъыт, тхьэм ирещIи я тIур гукIэ зопсалъэ. Псэущхьэхэр, псом хуэмыдэу хьэр губзыгъэщ.

Жэщыр хэкIуэтауэ гъуэлъыжа иужь, Мурид пщIыхьэпIэу и нэгум щIокI:

– НытIэ, КIущэ, уэрэ сэрэ ди псэукIэ хъунур сыт? – щIоупщIэ Мыщэ.

– СщIэркъым, сщIэ мыгъуэркъым.

– Сэ сэлъытауэ, уэ уи Iуэхур нэхъыфIщ, КIущэ. УмэжалIэмэ, нэгъуэщI умыгъуэтами дзыгъуэ е бзу къэбубыд хъунущ. Сэращ гупсысэ хэхуар. Хэт иджы сэ сызыгъэшхэнур? Хьэхэбасэу уэрамым сыдыхьэжыну къысхуегъэзэгъыркъым.

– Умыгузавэ, Мыщэ, иджы Мурид къуажэм къэIэпхъуэжыну къыщIэкIынщ. И анэм и лъахэр ибгынэнкъым. «Бланэ щалъху йокIуэлIэж» – жеIэ адыгэ псалъэжьым. Уэри гущIэгъу гуэр уиIэн хуейкъэ. Сыт хуэдэу щымытми илъэс Iэджэ хъуауэ мы пщIантIэмрэ Нэхунэрэ бохъумэ. Уи хьэтыркIэ мы лъахэр джэгупIэ ямыщIыжу хъума хъуащ. ПщIантIэм и закъуэ, хьэблэри къыпфIэлIыкIырт. Уэр щхьэкIэ Нэхунэ нэ лейкIэ къеплъхэрт.

– Хьэуэ, КIущэ, а уэ къыубжэкI къомыр зи фIыщIэр сэратэкъым, атIэ Нэхунэ тхьэмыщкIэрт. ЦIыхухэм фIыуэ къалъагъурт ар. И жэгъуэгъу дыдэхэми и зыгуэрым жиIэ хъуми занщIэу Iурагуэжырт.

– Пэжщ, КIущэ, а уэ жыпIэр. Ауэ Нэхунэ щымыпсэужмэ иджы дэри цIыхухэм тегушхуэгъуафIэ дыкъащIынущ. Абы шэч къытомыхьэ.

– Дауи, уэ узахуэу къыщIэкIынщ. СщIэртэкъым, сщIэ мыгъэркъым дэ къытпэплъэ псэукIэр зыхуэдэнур.

– Хэплъэгъуэщ, КIущэ, ди Iуэхур, хэплъэгъуэщ.

– Сэри фIыуэ сыкъилъагъурт, Нэхунэ,– къыщIоткIу КIущэ и нэпсыр, – пщэфIа нэужь, сэ япэ сигъашхэрти, итIанэт езыр Iэнэм щетIысылIэр.

– НэгъуэщI мыхъуми Жансурэт гущIэгъу гуэр хэлъу щытамэ аратэкъэ. Сигъэшхэн дэнэ къыщына – сыкъызэрилъагъуу сыт япэ къыIэрыхьэми къызеутIыпщ.

– Ар къызэрыкIуэжу си тхыцIэмкIэ сыкъеIэтри вырвырв жиIэу унэм сыкъыщIеутIыпщыкI. Нэхъапэм Нэхунэ къысщхьэщыжырт, иджы…

– Нэхунэ цIыху дыщэт, КIущэ. Абы и гъусэу дылIэу дыщIалъхьэжамэ куэдкIэ нэхъыфIт мыпхуэдэу зеиншэу дыкъэна нэхърэ. ИкъукIэ гупсысэгъуэшхуэщ ди Iуэхур.

– КуэдкIэ нэхъыфIт, Мыщэ.

– НакIуэ хадэмкIэ, КIущэ, ди псэукIэ хъунум дегъэгупсыс, унафэ гуэри дыгъэщI. ГущIэгъу къытхуэзыщIын мы пщIантIэм щыдэмысыжкIэ, дэри абы дэтщIыхьыжын щыIэкъым.

– Мурид-щэ, Мыщэ?

– Шэч хэмылъу уэрэ сэрэ абы дызыхещIыкI, дыфIэгуэныхьщ. КъыщыкIуэжкIэ лы къыздехьри дегъэшх.

– Сэри сегъэщх. Нэхунэ къыхуихьар щишукIи,къыпиупщIурэ къызитырт. Жансурэт сыкъиубыду пэкIэ сыщIивэу унэкум сыкъыщридзэкIэ Мурид къысщхьэщож. «Сыту пIэрэ уэ абы къуищIар», -жиIэу щыщIэгубжьэкIэ, къыжьэдэкIам хущIригъэгъуэжрэ жыпIэу, и макъым къызэрихькIэ кIийуэрэ Мурид иреудэкI: «Уигу щIэгъумэ, уи гупэ хэбгъэлъыну ухуитщ. Цыр къыхэлъэлъу ар мы унэм щIэзгъэсынукъым».

– Ар умыгъэщIагъуэ, КIущэ. Уэ унэм узэрыщIэсыр имыдэми, сэ мы пщIантIэм сызэрыдэс къудейр и псэм техуэркъым. И нэгум сыкъызэрыщIэхуэу IэлфIыцIэу къызокIуэкI. Сыт IэщIэлъми зыцкIэ ил мыузу къызеутIыпщ. Уэ сщIэркъым, ауэ сэ мы пщIантIэм си насып дэлъыжкъым. Нэхунэ тхьэмыщкIэм къызэрызжиIэжамкIэ, дунейм ехыжа и щхьэгъусэм сэ хьэпшыр цIыкIуу фермэм сыкърихауэ щытащи, абы сыкIуэжынщ.

– Дэнэ уэ а фермэр иджы къыздипхыжынур? Ар абы лъандэрэ якъутэжауэ къыщIэкIынщ.

– Хьэуэ, якъутэжакъым. ЗдэщыIэри Нэхунэ къызжиIауэ щытащ. Сэри абы сыкIуауэ щытащ, ауэ сытехьатэкъым. Щопсэу абы иджыри сэ сыкъызыхэкIа хьэ лъэпкъым щыщ. А фермэр къуажапщэмкIэ щыIэщ, Балъкъ псы Iуфэм Iутщ.

– Уи адэмрэ анэмрэ зыцIыхуу щыта абы тесыжмэ, дауи, уи хьэтыр къалъагъунщи уздагъэпсэунщ.

– Сэри, Мыщэ, сеуэу губгъуэм сихьэжын, жызоIэ. Хьэуазэ пыпхъуэ лъабжьэхэм, гъавэ щIапIэхэм сызыкъуэмылIыкIын дзыгъуэ щызгъуэтынщ. СылIэнкъым шхын щхьэкIэ.

– Умыгузавэ, улIэнкъым. Уэсыпхуэдащэрэт, жьым тесу псым йопыдж жыхуаIэм хуэдэу упсынщIэщи дэни пшхын къыщыбгъуэтыфынущ. НэгъуэщI зыри кыпIэрымыхьэми, дапщэщи дзыгъуэ уи Iэрылъхьэщ.

– Иджы, Мыщэ, уэри зэрыпщIэщи, япэу къыпIэрыхьэ дзыгъуэр утелъадэу пшхы хъунукъым. Щымысхьу щхъухьхэр губгъуэхэм щызэбгырадзри, ар зыIухуа умыщIэххэу къыпIэрыхьэмэ, кIэ уиIэу аращ.

– АтIэми, – жеIэ Мыщэ, – ар цIыхухэм куэду зэрахьэ хъуащ, къэкIыгъэ псоми траутхэ. ГъэщIэгъуэныракъэ езыхэри зыщысхьыжыркъым. Щхъухь зытраутха, зыщIакIа пхъэщхьэмыщхьэри хадэхэкIри зыкIи замыхьэкъуу яшх. Нэхунэ тхьэмыщкIэм езым и IэкIэ къигъэкIа мыхъумэ нэгъуэщIыпIэ къыщищэхуу зыри ишхыртэкъым, дэри къыдитыртэкъым. «КъэкIыгъэр зыхуей псори щIым, псым, хьэуам кърет» – жиIэрт. Псори зэгурыIуэу апхуэдэ щхъухьхэр ямыгъэмащIэмэ, ямыгъэкIуэдыжыпэмэ, гува-щIэхами щIыри псыри, жьыри зэрыжаIэу хьэлэч ящIынщи, псэ зыIут псори ныкъуэдыкъуэ дыхъунщ, къытщIэхъуэ щIэблэри узыншэнукъым.

Нэху мэщри, хьэмрэ джэдумрэ игъэшхэн мурад иIэу, Мурид унэм щIокI. ПщIантIэм дэсу илъагъуркъыми, хьэм и цIэр жиIэурэ маджэ, арщхьэкIэ зыщIыпIэкIи къыкъуэкIыркъым. Ахэр Жансурэт щырихужьэкIэ зэрылъадэ хабзэ хадэм йохьэри зыщеплъыхь. Мыщэ жиIэурэ маджэ. Бзэхащ. Джэдури къыIэщIэлъагъуэркъым. ПщэдджыжькIэ зытес хабзэ дыгъапIэ пкIэунэ ихьэпIэмкIэ доплъей, арщхьэкIэ – бгъуэтмэ къащтэ.

Мурид къэнэщхъеяуэ унэм щIохьэжр Жансурэт йоупщI:

– Дыгъуасэ лъандэрэ хьэр е джэдур къыпIэщIэлъэгъуа?

– Слъэгъуакъым, ауэ жыжьэуи си нэгум къыщIэхуэну сыхуейкъым.

– Ахэри къытхуеижкъым, – хъудырыпс шынакъыр зэриIыгъым хуэдэу Мурид шэнтым тотIысхьэ. – Захуэщ ахэр. Нэхунэт а тIум нэкурэ напIэу яIэр. Дэ ахэр сыткIэ къытхуеин. Зы махуи я гур фIы яхуэтщIыфакъым. ДыкъызэрыкIуэжу пщIантIэр ябгынэн хуей мэхъу.

Хьэкъущыкъур итхьэщIу хьэкум кIэрыт Жансурэт Мурид къыхуоплъэкIри арыншами зэи зыхимых и нэщхъыр нэхъри зыхеукIэ.

– Куэдрэ пIыгъыну мыр! Уэ умышхыну щытмэ къащтэ мыдэ, – IэщIоуэри, Мурид иIыгъ хъудырыпс шынакъыр къыIэщIеуд. Ар хуэмышэчу Мурид къыщолъэтри, Жансурэт жьыхокIуатэ:

– Уигу гъэзагъэ иджы, хьэми джэдуми пщIантIэр ябгынащ.

– ФIы дыдэщ ябгынамэ! Уигу къеуэмэ, уэри якIэлъыкIуэ. ЗыгъэкIуэдыж абыхэм ещхьу.

– Уэращ, уэращ ар зи зэраныр, – гъынанэурэ Маринэ и анэм бгъэдолъадэри, и IэштIымыр хуегъэдалъэ. – Ди Нани, Мыщи джэдури плъагъу хъуртэкъым. Дапщэрэ бгъэгъа уэ Нанэ, дапщэрэ бгъэпщIэуа уэ хьэмрэ джэдумрэ.

– Мыщэрэ КIущэрэ Нанэ фIыуэ ялъагъурт, – къыщиудауэ магъ Мурати.

– Еплъыт мыбыхэм, – ныкъуэтхьэщIу иIыгъ шынакъжьейр игъэдалъэу Жансурэт зыкъегъазэ я адэм бгъэдэувауэ щыт и бынитIым я дежкIэ. – Фызыхуейр арауэ щытмэ, щыри икIэщIыпIэкIэ факIэлъыкIуэж абыхэм! КъызэрыщIэкIымкIэ фэ сэ фыкъысхуейкъым. Сэ нэхърэ хьэри джэдури нэхъ лъапIэщ, аракъэ? Мэ тIэ арамэ! – Маринэ и щIыбым щэнейрэ IэштIымкIэ зэкIэлъоуэ… – Уэри зызумыгъэлъагъуу щIэкI мы унэм, – йоIунIри лъэпэрапэу Мурат унэкум иредзэ. – Фызужэгъуащ псори! Сыту сыцIыхубз тхьэмыщкIэт сэ! Быни, лIыи, гуащи зэрыжаIэу къысщхьэщыжын гуэр унагъуэм имысу. Фызыхуейр арауэ щытмэ, фи жьэр ущIауэ фыкъызэхэзнэнщи сежьэжынщ!

– Уежьэжми уимыгугъэ дыныпкIэлъыжэну, хьэмэрэ дылIэну, – жеIэ Мурид, Маринэ и щхьэм телъэщIыхъурэ. Маринэ и анэм дежкIэ зегъазэри:

– Сэ папэ и джанэм ету хутызодзэф. Пэжкъэ, папэ?

– Пэжщ тIэсэ, пэжщ.

– Уэри мыгъуэр къыпхуэзгъэкIуэнщ! – жиIэурэ Жансурэт зешэщIри щIау жыригъыIэу Мурат и нэкIуэм IэгукIэ йоуэ.

– ХьэщхьэрыIуэ умыхъуауэ щытмэ щыгъэт иджыпсту! – Хуэмышэчу токIие Мурид абы. – Уэ уи нервхэр зытемысыжмэ, мы сабийхэм я лажьэр сыт?! Уи нэм бжэгъуу дыкъыщыщIэуэкIэ зегъэхь,– бжэмкIэ и Iэпэр ещий Мурид.

– Арат узыхуейр? Модэ сэ сыкъыщумышэм щыгъуэ утелIэу узыпылъу щыта Джырандокъуэхэ я пхъужьыр иджыри лIы дэмыкIуауэ, шы лIа хьэ енэцI хуэдэ, къожьэри дэсщи къэпшэнщи утыншыжынщ.

– Аращ, папэ, а мамэ хуэфащэр,– жеIэ Маринэ и адэм худэплъейуэрэ,– къашэ Джырандокъуэ я пхъужьыр.

– А сымылъагъужу щIы къатиблъкIэ ежэхын, еплъыт абы жиIэм! ИкъукIэ утхъэнщ уэ ар уи адэжьым къишэкIэ. Уи щхьэцым цIакIэр къыхэлъэлъу къуигъэкIухъынщ.

– ИкъукIэ сыщыуат сэ ар къэзгъанэу уэ ди лъахэм укъыщисша махуэм. Зы мыхъуми абы фIыуэ сыкъилъагъурт. ЩIакхъуэ фIыцIэ Iыхьэ нэхъ мыхъуми ди унэ имылъми фIэIэфIыпсу ишхынут. Зы къысхуимыщIэми си анэжь закъуэр игъуэ нэмысу щIым щIихуэнтэкъым.

– Еплъыт абы жиIэм. Догуэ, уэрауэ пIэрэ ар? Сыту жьэфI зыщIэпхрэ уэ нобэ. УзэзыгъэкIуэкIын гын уамыгъэшхауэ пIэрэ? Джырандокъуэхэ я пхъужьым дыуэпс къыпIуимыгъэхуауэ си фIэщ хъуркъым. Сэ фи унэ сыкъызэрихьэрэ екъуэкIа илъэсхэм нобэ къызжепIам и Iыхьэ щанэ уи жьэм къыжьэдэкIыу зэхэсхакъым.

– АтIэ зэгъащIэ быдэу: нобэр къыздэсым сэ уэ пхуэсшэчар дяпэкIэ стезэгъэжыну уи мыгугъэ.

– Апхуэдизу сумыгъэшынэ,– ифI зыкъришэжын мурад иIэу, Жансурэт и нэщхъыр зыхехри мащIэу къыпогуфIыкI.

– Сэ сыгушыIэркъым, си фIэщ дыдэу жызоIэ.

– АтIэ уи фIэщмэ, тхьэр бгъэпцIакъэ, плъэкI къыумыгъанэ. Уи ней къысщыхуэ. ИкIи нэхъапэхэм хуэдэу сыщIэпхъуэжу си анэм деж сыкIуэжыну уимыгугъэ… Нобэр къыздэсым зыщIэпшыIар щIы къатиблкIэ ехын а уи анэжьыр щылIэнум упэплъауэ ара?

– ЗэтепIэ уи жьэр!

– УкъысщIэмыкIие! Уи шы пэщхъын сыкъихуакъым.

– Сыт укъысщIэмыкIие жыхуэпIэр! Дунейр гуфIэгъуэу, бампIэ тегъэупIэу, чэнджэщэгъу пэжу щызиIа си анэр уи жьэм гууэтэпс ищIри зыкъимыужьыжу лIащ. Уэ апхудизкIэ блэр зэраукIа башым ухуэдэщи, зи бзэр мыпсалъэ хьэмрэ джэдумрэ я щхьэр пщIантIэм дебгъэхащ. Абыхэм дерс гуэр щхьэ къыхыумыхрэ уэ? Сэ сыделъэщ ахъумэ «А уи анэжьыр афIэкIа схуэшэчыжынукъым» – жыпIэу ущIэпхъуэжу мазэм щIигъукIэ фи деж ущыщыIам сынакIуэу укъэсшэжынтэкъым. Абы щигъуи си пIэм сизымыгъэзэгъар уи нэм бжэгъуу къыщIэуэу щыта си анэрщ. «Анэ зиIэм ехъуапсэу щIалэ закъуэ къомыгъанэ. Жансурэт къыумышэжу щытмэ быдзышэу узэзгъэфар уи хьэрэмщ», – жиIэу къыспэгъуэлъри, адэкIи мыдэкIи сигъэбэкъуакъым. Дэ ди щхьэцым зыц химыгъэхун щхьэкIэ абы зигъэлIэнут. БампIэу и гум дэплъхьар зыхуигъэшэчащ, унагъуэр дызэтримыкъутэн щхьэкIэ.

– Азалыхь атIэ иджы сыкъинэпамэ,-мыукIытэу и дзэлыфэ етI Жансурэт.

– Абы щыгъуэ Мурат фIэкIа, къэзгъэзэжа иужь Маринэ цIыкIу… КъакIуэ мыдэ,си псэм хуэдэ,-Маринэ дежкIэ и Iэр еший.

– СынэкIуэнукъым. Уэ фIыуэ сыкъэплъагъуркъым,– адэм и кIуэщIым зрекъузэ Маринэ.

– Плъэгъуркъэ ар! Уэри уэ,– и Iэр хуегъэдалъэ.– Къыпачауэ ещхъщ и адэжьым, мылым хуэдэу щIыIэщ и гур.

– Пэжкъым, хуэбабзэщ си гур. Мис къеIусэт, папэ,– и адэм и Iэр ехьри и бгъэм трелъхьэ, – Хуабэкъэ?

– Хуабэ къудейкъым, Маринэ, пщтырыбзэщ.

– Зэхэпхрэ папэ жиIэр?

– Уэ къыбгурыIуэм фIэкIа имыщIэжащэрэт а зи куэщI уитым.

– Сыт уэ папэ къуищIар? Сыноуэнщ тхьэ,– жиIэурэ Маринэ и IэштIым цIыкIур абы хуегъэдалъэ.

– Плъагъуркъэ а кIуэцIырымыхуным жиIэр! Сэращ мы унэм лейуэ щIэсыр,– и нэпсым къызэпижыхьауэ мэгъынанэ Жансурэт.

– Азалыхьу мы ди щыгум итым солъэIу икIэщIыпIэкIэ сыфхихыжыну. Сужэгъуащ си щхьэр. Сыхуейтэкъым зы махуэ сыпсэуну.

Жэщыр хэкIуэтати, и анэр зыщIэлъа пэшым щIохьэри, и гущIыIур дэгъэзеяуэ Мурид зегъэукIурий. Щылъщ унащхьэм еплъу. И нэм жей къекъуэркъым. ИгукIэ мэпсалъэ ар. ЖиIэри мыращ. «Си анэжь закъуэри щIэслъхьэжащ. Хьэмрэ джэдумри ябгынащ пщIантIэр. НэщI хъупащ си сабиигъуэр щызгъэкIуа адэжь лъахэр. Сэри си закъуэ дыдэу сыкъэнащ. Зы къуэш закъуэ сиIэти, ар бампIэм зыгуиудри,игъуэ нэмысу дунейм ехыжащ. Абыи щхьэгъусэ хуэхъуар хъерсыз гуэрт. И гум хуэдэу быдэ мывэ Балъкъ псыхъуэм дэбгъуэтэнтэкъым. Си къуэшыр псэуху зы махуэ игъэтыншакъым, ерыскъы IэфIи иригъэшхакъым. И щхьэр зыхуей зэрыхуигъэзэн, зэрызигъэдэхэн фIэкIа нэгъуэщI Iуэху зэрихуакъым. И гурыфI къыщикIам деж, кIылий-мылий зыхуищIурэ къигъэпцIэну хэтт. Си къуэш тхьэмыщкIэм ар и фIэщ хъурти, къыкIэлъызэрихьэ мыхъумыщIагъэ псори щыгъупщэжырт. ЗигъэпIийуэ, сэ схуэдэ хэт щыIэ жиIэу къикIухьырт. Си къуэшым щIыгъуу ар зэзэмызэххэ фIэкIа пщIантIэм дэкIыртэкъым. Абы гу лъатауэ къеупщIхэми, пыухыкIауи жэуап яримыту, и щхьэр лъэныкъуэкIэ ирихьэкIырти ежьэжырт.

Си къуэшри абы есэжат, арщхьэкIэ а хъерсызыр абыи къыщэзэтеувыIакъым. ХамэлIхэм яхуеплъэкI хъуащ. Абыи удэкIуэтэнт, щIэсэлI зыришэу къыщIэкIащ… Ар си къуэш тхьэмыщкIэм и напэм къримыгъэзэгъыу и псэми темыхуэу и акъылыр зэIыхьэри, куэдрэ мыпсэужу дунейм ехыжащ.

ЛIаращ тхьэмыщкIэр. Иджы абы и фыза напэншэм, зы илъэси хуэмыщыгъуэу и шыкIэ къурыкъуу ежьэжауэ зэрыхуейуэ къекIухь. Жьы хъууэ и напIэр зэлъэжа пэтрэ увыIэркъым. ФIыуэ сэхусэплъкIэ зызэхецIалэри докI. Къыщиджэдыхьыр уэ къащIэ. Абы и фэ къраплъурэ, лажьэ зимыIэ и пхъур къыдэнэжауэ ямышэу дэсщ. Сэ насып сиIамэ, си къуэш закъуэр къыскъуэтынт».

А гупсысэ хьэлъэм зэщIиIыгъэу, Мурид Iурех. ПщIыхьэпIэу и нэгум щIокI хьэмрэ джэдумрэ дунейм ехыжа и анэм деж кIуауэ хуэтхьэусыхэу и пащхьэм иту.

– Уэ, Нэхунэ, дыкъэбгъанэри мыр псэупIэ пщIащ, – и нэпсхэр къелъэлъэхыу магъ Мыщэ. – Сыт иджы дэ тщIэнур? Ди псэукIэ хъунури дауэ? ЕгъэзыпIэ лъэпкъ димыIэу дыкъэнащ.

– Фыдэс пщIантIэм, си псэм хуэдэхэ, зэи сымыгъэзэжыну абы сыкъыщыдэкIакIэ Жансурэт и гур нэхъ щабэ къыфхуэхъунщи къыфкIэлъыплъынщ икIи фигъэмэжэлIэнкъым.

– Сэри аращ си гугъэр, – и нэпсхэр щIилъэщIыкIыурэ жеIэ КIущэ. – Нэхунэт абы илъагъу мыхъури, ар пщIантIэм щыдэмысыжкIэ иджы апхуэдэу гынбжьыну къытхущытынкъым жысIэри, Маринэ и ужьым ситу унэм сыщIыхьати, къапхъуэщ, кIэкIэ сыкъиIэтри, «Упсэуну ухуеймэ дяпэкIэ си нэгум зыкъыщIумыгъахуэ» – жиIэурэ унэм сыкъыщIихащ. «Мэ узыхуейуэ пхуэмыгъуэтыр мырамэ» – жиIэурэ бжэIупэм Iут тутей жыгыжьым и тхьэ къызэрихькIэ сыжьэхидзэри, си нэ вагъуэр сигъэлъагъужащ. Абы лъандэрэ си дзажэналъэхэр мэузри хуиту сыбауэ хъуркъым.

– КхъыIэ, Нэхунэ, хъунумэ дэри мы уи кхъэлэгунэм дыщIэгъэс. Нэхущ, хуабэщ, нурыр къыщIех. Iэхуитлъэхуитщи щыри дыщIэхуэнущ.

– Ар хабзэкъым, – жеIэ Нэхунэ, – фэ фыпсэущи, азалыхьым гъащIэу къывитар фыухыху а дунейм фытетынущ. Фымыгузавэ, цIыху псори Жансурэт хуэдэкъым, гущIэгъу зиIэр нэхъыбэщи, фи хьэтыр къалъагъунщ.

– Мыри вжесIэну сыхуейщ, си псэм хуэдэхэ. Фэ фимыгугъэ дунейм къехыжу мыбы къэкIуэж псоми я кхъэлэгъунэр мы сысейм хуэдэу хуиту, нэхуу, хуабэу. Гузэвэгъуэр ятелъу зэпIытI – захузу зыгъэзапIэ ямыгъуэту я кхъэлэгъунэр зэву, щIыIэу дапхуэдиз щыIэу фщIэрэ мы щIыщIагъ дунейм.

– Ар сыт щхьэкIэ? Дунейр зыбгынэ псоми я кхъэлэгъунэр щхьэ зэхуэмыдэрэ? – щIоупIэ Мыщэ.

– Дунейм зэхуэдэу тетакъыми. Адэ-анэм, жьы хъуахэм пщIэ, нэмыс хуамыщIу, азалыхьым деж нэмысын псалъэ фIей куэд къажьэдэкIыу, дыгъуэу, лей зэрахьэу дунейм тета псоми мы ахърэтым тыншыпIэ къащылъысынукъым.

Азалыхьыр къоплъэри плъанпIэм итщи хэт сыт ищIэми, дауэ псэуми елъагъу, фIыми Iейми цIыхум и гум илъыр ещIэ. Абы и дэIэпыкъуэгъу бегъыбархэми я тхылъышхуэм иратхэ дунейм муслъымэну тет дэтхэнэми и гъащIэр зэригъакIуэр. ФIыуэ ищIэр къэрэндащ плъыжькIэ, Iейуэ ищIэр къэрэндащ фIыцIэкIэ ятх. Дунейр зыбгынэ дэтхэнэри мыбы къызэрахьу, а тхьылъышхуэр иIыгъыу мелыIычыр къыхуокIуэри фIыуэ ищIари мыхъумыщIагъэу IэщIэкIари тхылъым къыриджыкIыурэ щIегъэдэIуж икIи ахэр зэрыпэжым езыр щыхьэту трегъэувэж.

ИтIанэ фIымрэ Iеймрэ зэпэщхьэхуэу тэрэзэ мэзаным иралъхьэри зэпашэч. ФIыр нэхъыбэрэ иришэхмэ и насыпщи, кIэ зимыIэ ахърэт гъащIэр и псэр тыншу игъэкIуэнущ. Iейм иришэхрэ – езым илъагъуурэ и кхъэлэгъунэр зэв, кIыфI, щIыIэмыл хъунурэ и ахърэт гъащIэр и гугъуехьыр телъу ирихьэкIынущ.

– НытIэ си Iуэхущ Жансурэт теухуауэ а тхылъышхуэм къэрэндащ плъыжькIэ зы псалъэ нэхъ мыхъуми иратхэмэ, – жеIэ КIущэ. – Дэ удыну къыдипэсар къамылъытэми, уэ абы бэлыхьу узыхигъэтар, псалъэ дыджрэ фIейуэ къуипэсар къелыжу ирикъунщ щIы къатиблым ирырагъэкIуэну.

– Ар пэжщ, – жеIэ Нэхунэ, – азалыхьым деж нэмысын псалъэ куэд схуэмыфащэу къызипэсащ абы, ауэ сыт къызищIами, сыт къызжимыIами хузогъэгъу, къыхурегъэгъу псори абы Алыхьым.

– Сыт щхьэкIэ? – къоуIэбжь Мыщэ, – ар дауэ уи псэм тебгъэхуэну! Къелэжь абы Алыхьым и нэлат псори.

– Хьэуэ, тIэсэ, сэ сыхуейкъым си зэранкIэ ар бэлыхь хадзэну. Сыт хуэдэу къысхущымытами, си къуэм и щхьэгъусэщ, си къуэрылъхухэм я анэщ. ЩыремыщIэ а си псэр зышхынхэр анэ гулъытэ.

– Мис апхуэдэу ухущытти аращ дунейм ущытетми ар къыпкIуэцIытIыхьу ущIигъэпсэуар, – жеIэ Мыщэ.

– КхъыIэ, Нэхунэ, – мэлъаIуэ КIущэ, – хъунумэ къыджеIэ уэ щхьэкIэ бегъымбархэм я тхылъышхуэм иратхауэ къызыпхуеджэжар.

– Сыт щхьэхуэу абы и гугъу щIэзвгъэщIыр, – жеIэ Нэхунэ, – ар си кхъэлэгъунэм и теплъэм къегъэлъагъуэ.

– Ари пэжщ, ауэ итIани мелыIычыр къызэреджэ дыдэм хуэдэу къыджеIэжыт, – мэлъаIуэ аргуэру КIущэ.

– Хъунщ, ауэ щхьэщытхъугъэу къыфщымыхъу. МелыIычым IэщIэлъ тхылъышхуэм и напэхэр къызэригъэдзэкIыурэ ди къуажэм щыщу мы ахърэтым къэкIуэжахэм я деж щынэсым, си цIэр жеIэри, си тхьэкIумитIымкIэ зэхэсхыу къоджэ: «ЦIыхухэми псэ зыIуту дунейм тет нэгъуэщIхэми я жагъуэ ищIакъым, ягу хигъэщIакъым, и адэ-анэм, и щхьэгъусэм, и бынхэм я тыншыпIэ лъыхъуащ, ерыскъыкIэ хэти хуэжумартащ,зы дзэкъэгъуэ фIэкIа и унэ щIэмылъами, ар тIу ирищIыкIыурэ, зыр мэжалIэм иритащ, гъунэгъухэр, Iыхьлыхьэр фIыуэ илъэгъуащ, игъэпэжащ, и гум илъыр зыуэ, и жьэм къыжьэдэкIыр нэгъуэщIу, пцIы иупсу, хьэрэм ишхыу дунейм тетакъым…»

– Иджы, си псэм хуэдэхэ, фэри фыкIуэж, сэри тIэкIу зызгъэпсэхунщ, – жеIэри Нэхунэ и напIэр иредзыхыж.

***

Мурид къэушмэ, а псори пщIыхьэпIэу и нэгум щIэкIауэ арат. Ауэ и анэм и ахърэтыр зэрыдахэм, азалыхьыр къызэрыхуэарэзым щыгуфIыкIыурэ и Iупэр фIызэтежу пIэм къыщитэджыкIкIэ, Жансурэт гу лъетэри:

– Сыт ущIэгуфIэр? Уи хьэм бажэ къиубыдауэ пщIыхьэпIэ плъэгъуауэ ара?

– Слъэгъуащ пщIыхьэпIэ, пщIыхьэпIэфI дыдэ! Си анэм и ахърэтыр нэхущ, Азалъыхьым узэрелъэIуну и кхъэлэгунэм нурыр къыщIех. Аращ- тIэ, цIыхуфIу дунейм утетамэ ахърэтми Iыхьэншэ ущыхъунукъым.

– Мыщэхумэ сэри сыщIэгъэдэIут апхуэдизу узыгъэгуфIа пщIыхьэпIэм,– зэрыпхъанкIэ жыхапхъэр и Iэгум иригъэкIэрэхъухьурэ гъуэлъыпIэ Iэдийм Жансурэт зыкIэрегъащIэ.

– Ар пхуэсIуатэкIэ зы мыхьэнэи уэркIэ иIэкъым, дерс гуэри къыхэпхынукъым. Уэ птеухуауэ къэрэндащ фIыцIэкIэ бегъымбархэм я тхылъышхуэм иратхар си тхьэкIумэкIэ зэхэсх хуэдэщ.

– Уэ сэ слъагъум уи акъылыр зэIыхьауэ нэху укъекIащ. Сыт мыбы къэрэндащ фIыцIэ, бегъымбар тхылъ жиIэу къивыр,– къэгубжьауэ иIыгъ жэхапхъэмкIэ хущIэрыуэурэ пхъэнкIийр бжэ къуагъым къуетхъуэри жэхапхъэр бжэмкIэ едз.

***

ПсэупIэ ищIынумкIэ Мыщэ куэдрэ гупсысэнкъым. Ар мэзым щIыхьэжыну хуемыжьаи, губгъуэ нэщIым ихьэжу, зы дзэкъэгъуи зыIуимыгъахуэу зигъэлIэжыну пымыхьаи, псым зыхидзэу зыригъэтхьэлэжмэ нэхъ IуэхузэфIэкIыу къыфIэмыщIаи, хьэубыдхэм запэщIигъахуэу и псэр игъэныну игу къэмыкIаи.

Щысщ Мыщэ зытриубыдэнур къыхуэмыщIэу. ИтIанэ ехьэхауэ щыта и щхьэр къеIэтри, и пащхьэ къисIауэ къедауэ фIэкIа умыщIэну,жеIэ:

– Хьэуэ, Хьэуэ! Сыщоуэ. Хъунукъым а псори хэкIыпIэ. Псэун хуейщ, псэун! А си гум къэкIа псори Iимансызыгъэщ. Апхуэдэ зыгуэр зэсщIэжауэ Нахунэ къищIэмэ, ауэ сытми и жагъуэ хъункъым. Ар дэ фIыкIэ къытщогугъ. НэгъуэщI лъэмыкIми и фэеплъу къэна пщIантIэжьым зэзэмызэ дыкIуэурэ зыщытплъыхьынщ, сымаджэ щыхъуам унэм къыщIэкIыурэ зи жьауэ щIэсу щыта кхъужьей жыгыжьым Нэхунэ и фэ етплъынщи щхьэщэ хуэтщIынщ. ЗыбукIыжыныр е мыхъумыщIагъэ зэпщIэжыныр лIыгъэкъым, атIэ лIыгъэншагъэщ. Узэрыхуэ гугъуехьым укъикIын щхьэкIэ пхуэщIэ лъэпкъ къэбгъанэ хъунукъым. Сэ сщIэращи, сеуэнщи сыкъыщалъхуауэ щыта Iэщ фермэм сыкIуэнщ.

ЦIыху илъагъумэ запыIуидзыурэ, Мыщэ фермэмкIэ еунэтI. Гъуэгу здытетым Iэджи и гум къокI. Мэгузавэ. Къигъэзэжыну къыщызэтеувыIи къыхуохуэ. Сытми чэнджащэурэ фермэм носри, гъуэгубгъум егъэкIэкIа кIарц жыгхэм хохьэ. Иджы зэгупсысыр фермэм зэрытехьэну щIыкIэрщ. АбыкIэ маплъэри щытщ. Iэщыхъуэхэм я унэ бжэIупэм хьэхэр Iулъщ, дыгъэ зыраугъэури. А дакъикъэм абыхэм йохъуапсэ Мыщэ. Гукъеуэ лъэпкъ ямыIэу загъэпсэху. Езым и щхьэм мыгъуагъэ хуехьыж. И закъуэщ. Чэнджэщэгъу къудеи иIэкъым. Нэхунэ тхьэмыщкIэ псэужамэ нобэ зыхэт бэлыхьым хэхуэнт ар сытми. «Хьэуэ, – жеIэ Мыщэ, – хьэщIапIэ кIуэуэ бжэкъуагъым къуэувэжам ещхьу сикIуэтыжынкъъым. Сыт хуэдэу щымытми си лъэпкъэгъущ ахэр. СакъыгурыIуэнщ. Я щхьэ сырапэсынщ. НэгъуэщI мыхъуми Алыхьым дежкIэ плъэнхэщ».

А гупсысэм зэщIиIыгъыу, кIарц жыгхэм Мыщэ къыхокIри, хьэхэм зыщагъэпсэху бжэIупэмкIэ еунэтI. Абыхэм ящыщ зым къелъагъури, банэурэ, жей IэфIым хэт адрейхэри къызэщIеIэтэ. Зым и ужьым адрейр иту къызэрехьэжьауэ къыхуожэхэр. Мыщи къэувыIауэ щытщ. Къэсыр къыбгъэдэувыIэурэ и дзэлыфэр къыхуетI, батэр игъэшыну зыкъыщигъэхъуну хэтщ. Хъийм икIыпар бацэ пхъыныр зымыуха хьэмаскIэжь цIыкIурщ. Езым хуэдэу пщIыкIэ нэхъ ин Мыщэ абы зыкIэ зыкъыхузэкIэщIешри, зэрыщыту зыIуригъэлъэдэну фIэкIа пщIэнкъым: малъэ-мапкIэ, тIэкIу Iуожри и пхэ лъакъуитIымкIэ щIыр къретху, къыIуолъэдэжри Мыщэ и кIэм епхъуэн хуэдэу зещI. Адрей хьэхэми, къедзакъи, къепэщIауи къахэмыкIыу, я кIэр ягъэкIэрахъуэурэ, Мыща къапэмыхь. Езыми зимыгъэхъейуэ щытщ. ЗыгуркIэ къракумэ, зэризакъуэм щхьэкIэ къимыгъанэу, зэрыпхъуэным хуэдэу зигъэхьэзыращ. Шынэкъэрабгъэкъым ар. Къэзылъхуа и анэмрэ адэмрэ дыгъужьым я нэхъ иныр ятхьэлъэфу щытащ. Езыри бгъэшхуэщ, и лъэкъуэхэр пIащэщ. И жьэр ущIауэ зыжьэхэлъадэ дэтхэнэ хьэми и щIыфэр мэтхытх, узижэгъуэныр абы жьэдэухуэ жыхуаIэу.

Мыщэ къэзыувыхьа хьэхэм тIэкIу-тIэкIуурэ я губжьыр ящхьэщокI. Къыбгъэдыхьэпэурэ къопэм. Зэи къаIурымыуа мэ гуэри Мыщэ къыкIэрихыркъым. Езыхэр зэсэжа мэщ къащIихьэр. Ауэ,пэжщ, абыхэм елъытауэ Мыщэ нэхъ гъурщ. Нэхунэ дунейм зэрехыжрэ и ныбэ изу зэи шхакъым.

Псори къызыкъуэгушхукI нэхъ хьэ пIащэр Мыщэ къыбгъэдохьэ. Адрейхэри абы къыкъуэгушхукIауэ, Мыщэ хъурейуэ къаувыхь.

– Уэ, – жеIэ итIанэ хьэ къарэшхуэм, – дэ къомым укъытщымышынэу мы фермэм укъыщытехьэфакIэ уэ зыгуэрым укъыкъогушхукI, е гузэвэгъуэ гуэрым укъыдихулIащ. КъыджеIэ ди лъахэм укъихьэн хуей щIэхъуар. Дэри дыхьэIуцыдзкъым, дыгущIэгъуншэкъым, Алыхьыр ди фIэщ мэхъу. ГущIэгъу хуэныкъуэм ар худощIыф, лей къызылъысын къуэшым хуэдэу дыкъуоувэ. МэжэщIалIэ къыдихьэлIэмэ, ди Iыхьэм и зэхуэдитIыр идогъэшх. Ауэ дэ уэ зэи утлъэгъуакъым. Сыщымыуэмэ, уэ къуажэм укъикIащ.

– Пэжщ, сыщыпсэуащ къуажэм нобэр къыздэсым.

– АтIэ ар пхъуэжыну щхьэ яужь уихьа?

– Сэ ар схъуэжыну уэ дэнэ щыпщIэрэ!

– Сэ ар къызгурымыIуауэ щыткъым. Уи теплъэм къеIуатэ уэ нэгъуэщI екIуэлIапIэ узэримыIэр. Сэ абы гу лъыстэу мы къомыр къызэтезмыгъэувыIамэ, Iыхьэ- Iыхьэу узэпкъыратхъат.

– Дауи, зызмыгъэхъейуэ сыщытмэ къыспэлъэщыну къыщIэкIынт. Фэ, япэ фызыхуэзэ дэтхэнэми фытекIуэну сыт къыщIыфщIыхъужыр? Зи закъуэм утегушхуэныр лIыгъэншэу къызолъытэ.

– Хьэуэ, хьэуэ, апхуэдэу къыбгурымыIуэ. Дэ апхуэдэу дыгущIэгъуншэкъым.

– ФIы игу илъу къэкIуа уи гугъэрэ ар мы фермэм,– жеIэ япэ дыдэ Мыщэ зыкъыхуизытIа хьэмаскIэжь цIыкIум. – Лы игу къэкIауэ къыщIэкIынщ. Къуажэм щыпсэу хьэхэр хъудырыпсым ныбажэ ищIауэ я гъащIэр яхь. Лым и пIэкIэ къыхуадзыр зыри зыкIэрымылъыж къупщхьэщ. Флъагъуркъэ мыр езыр зэрыныбаджэр, зэрыгъурыр. ТхьэмыщкIэ, и ныбэ изу къызэралъхурэ ягъэшхауэ къыщIэкIынкъым. – лъэкI къимыгъанэу Мыщэ зэригъэикIэным яужь итщ. – Iейуэ умэжалIэрэ,– бгъэдохьэпэри худоплъей а Iейр аргуэру Мыщэ. – УкъызэлъэIумэ зы лы Iыхьэшхуэ къыпхуэсхьынщи и уи джабэ зэуэлIэжар къизгъэпщыжынщ.

НэгъуэщI Iэджи а хьэжь цIыкIум Мыщэ ирипэсыну къыщIэкIынщ къарэ мыхъумэ.

– ЗэтепIэ уи жьэр,– жеIэ абыи хьэмаскIэжь цIыкIум йопэщIауэ. –Мыр уэ нэхърэ зыкъомкIэ нэхъыжьщ. Хэту щымытми нэхъыжым пщIэ хуэщIын зэрыхуейр ди тхьэмадэм дапщэрэ къыбжиIа!

– АтIэ иджы мыщэхумэ къыджеIэт мы ди псэупIэм укъэкIуэн хуей щIэхъуар.

– Сэ мы фермэм сыкъыщалъхуащ,– ирет Мыщэ жэуап.

– Шыпсэу ар!– идэкъым нэгъуэщI зым,– дыкъигъапцIэу зыкъытхигъэпшэхъуэну аращ. Тхьэм ещIэ абы и гум ирилъхьар.

– Тэмэмщ, пцIы къытхуиупсу аращ!– къожэлIэ Къарэ Iуихуа хьэжь цIыкIур.

– Фи фIэщ фымыщI абы жиIэр. ЗигъэтхьэмыщкIафэу бэлыхь дыхидзэныр зыми щыщкъым. ГъэпцIагъэ укъытхуекIуэну ухэмыту текI мы фермэм. Дэ, езыхэм тхьэмахуэм къриубыдэу зэ лы къытIуагъахуэми аращ. Иджы нэхъапэхэм хуэдэжкъым. Фермэм тет былымхэр нэхъ мащIэ хъуащи, езы Iэщыхъуэ дыдэхэри щосхь.

– Зы фызэтебэяуэт!– къызэрыгъэгу бжьахэм яхэплъэурэ жеIэ Къарэ.

– Догуэ, пэжу пIэрэ а уэ жыпIэр? Сыноплъри уи ныбжькIэ ущIалэжкъым. Уэ ди фермэм укъыщалъхуамэ, иджыри къэс зэ нэхъ мыхъуми сыту укъэмыкIуарэ мыбы. Къыщалъхуа щIыпIэр зыми и гум ихуркъым. Дэнэ щIыпIэ и гъащIэр щимыхьми, зэман- зэманкIэрэ абы кIуэжурэ и сабиигъуэр игу къегъэкIыж, и благъэхэм яхуозэ.

– Пэжщ а уэ жыпIэр. Абы лъандэрэ илъэс куэд дэкIами, сэ зэи мы щIыпIэм сыкъихьакъым. СыкъыщIэмыкIуари мы дуней нэхум сыкъыщытехьа мы фермэр, мыбы тес си лъэпкъэгъухэр згъэнэхъыкIэу аракъым. Зыми зэи зыщигъэгъупщэн хуейкъым къызыхэкIа и лъпкъыр, къыщалъхуа хэкур. Сэри ар куэдрэ си гум къихьэрт. Ауэ, фи фIэщ хъууэ щытмэ, иджыблагъэщ сэри къыщысщIар мы фермэм сыкъызэрыщалъхуар. ФIыуэ сыкъэзылъагъуу щыта, и быным хуэдэу къысхуэсакъыу дунейм ехыжа Нэхунэ, зи пщIантIэ сыдэса фызыжьыращ жыхуэсIэр, къызжиIауэ аращ иджыблагъэ. Мы фермэм сыкъыщалъхури, си нэр къызэрыпщIу къуажэм сахьри нобэр къыздэсми сыщыпсэуащ, иджы…

– Абдежым къыщригъажьэри, и щхьэм къырикIуа псори хьэхэм яхуиIуэтэжащ.

– Аращ,– жиIащ Мыщэ, и гъащIэр зэригъэкIуам щIигъэдэIуныр иуха иужь,– фи щхьэ сефлъыти, гущIэгъу къысхуэфщI. СыекIуэлIэпIэншэщ.

– КъыдгурыIуащ уи Iуэху зыIутыр,– жеIэ Къарэ. –Уэ къытхуэпIуэтэжа псори зэрыпэжым иджы зыми шэч къытрихьэжу къыщIэкIынкъым. ИкIи уэ жыпIэу зэхэдмыхамэ, а зи гугъу къытхуапщIа Жансурэтым хуэдэ цIыхухэм яхэту ди фIэщ хъунтэкъым. Дэ дыкъапщтэмэ, мы фермэм тес цIыхухэми, Iуэху яIэу къытехьэхэми, гъуэгурыкIуэу псы кIрушкIэ ефэну къэувыIэми зэ зэкъуэ нэхъ мыхъуми зи жагъуэ къащIа дэ къытхэткъым. ДагъэмэжалIэркъым. Ерыскъы гуэр я гум, я машинэм илъу къытехьэIами къыдатри дагъэшх, ди щхьэм Iэ къыдалъэ. Ауэ дэри, пщIэ, щIыхь хуэтщIу, жиIэм дедаIуэу нэхъыжь диIэщи, уи Iуэху зыIутыр абы хуэтIуэтэнщ, зэрыжиIэм хуэдэуи тщIынщ.

Мыщэ я гъусэу ахэр йожьэри, фермэм пэмыжыжьэу щыт хьэуазэ пыпхъуэмкIэ яунэтI. Уэсыр лъэгуажьэм къос. ЩIыIэщ. Iупсыр бдзам щIым нэмысу мыл хъурей цIыкIуу мэщтри, тежыкIа уэсыщхьэм зэрынэсу чыным хуэдэу зыкъомрэ мэджэрэз. Псы Iуфэм Iут дзэл жыгхэм япищIа Iумылымрэ сытхъурэ я къудамэхэр щабзэкъум хуэдэу къагъэшри щIым тегъуэлъхьэжащ. Бзуми нэгъуэщI псэущхьэми зыгуэр слъагъун жыхуиIэу зэрылъэтэным хуэдэу хьэзыру къашыргъэ гъуабжэжьри хьэуазэ пыпхъуэм и щхьэм тесщ. Къуаргъ мэжэщIалIэхэри гъуэгу Iуфэм щопэщащэхэр. Яшх хъун гуэр къапэщIэхуэмэ я пэ фIыцIэ кIыхьымкIэ еуIуурэ къащтэри я пщэр хашурэ ирагъэнэх. Ахэри мылIэу гъатхэ зэрытехьэным яужь итхэщ. ГъащIэр апхуэдизкIэ дэтхэнэ псэ зыIутми фIэIэфIщи, дапхуэдиз къимыгъэщIами, ар зыми ибгынэну хуекъым. Псэ Iуту дунеймкIэ зигъэнщIу ахърэтым кIуэжа щыIэу жыIэгъуейщ.

Хьэхэр хъэуазэ пыпхъуэм йокIуалIэ. Абы и лъабжьэр гъуэнэшхуэу къыщIэтхъуащ.

– КъакIуэ, – жеIэри, Мыщэ къыхуеплъэкIыурэ абы щIопщхьэ Къарэ. ИпщхьэпIэр мыбыхъу щхьэкIэ и кIуэцIыр Iэхуитлъэхуитщ. Бахъэр къыщIихыу хуабэщ. Хъэуазэр яфIэпхъашэу абы щIауда мэкъу щабэм зы Хьэ пIащэ хэлъщ. Ахэр къыщилъагъукIэ къехьэлъэкIыпэурэ ар къызэфIотIысхьэ.

– Мы уи гъусэр сцIыхуркъым. Хэт хъуну ар, Къарэ? – къоупщI ар.

– Мыр МэзфIыцIэ къуажэм къикIащ, – жеIэ Къарэ. – ЕкIуэлIапIэншэу къэнати и щхьэр къыдихьэлIауэ аращ…

– СлIожь, нобэр къыздэсым зи пщIантIэ пхъумар иджы къыпхумеижу ара? – щIоупщIэ ЛъэужьрыкIуэ.

– Зи пщIантIэ сыдэса фызыжьым псэухукIэ зыми сыригъэхъуэпсакъым, фIы дыдэуи сыкъилъэгъуащ. Ауэ ар иджыблагъэ дунейм ехыжати и къуэ закъуэм и щхьэгъусэм сыкъыдихуащ. «Уэри си нервым щыщу къэнэжа тIэкIур умышхыжынумэ зызумыгъэлъагъуу дэкI» – къызжиIащ. Абы иужькIэ сэ хьэкъыу спхыкIащ а пщIантIэм сишх зэрыдэмылъыжыр.

– Ар а фызыжьым и къуэм сыту хуида?

– ЛъигъэкIакъым. Ар къысщхьэщыжырт икIи къызжиIэрт: «ЗыщIыпIи умыкIуэу дэс мы пщIантIэм зэрыдэкIыу сыт къыIэщIыхьэми къызиутIыпщырт, сигъэшхэртэкъым. «Мыращ си анэм и фэеплъу къэнар, и гугъу умыщIу мы пщIантIэм дэгъэс», – дапщэрэ жыриIа Жансурэт, арщхьэкIэ уи Iэли уиуди-идакъым. Сэри бынунэр бэлыхь хэзгъэтынкъым жысIэри си щхьэр къесхьэжащ.

– Мыбы, ЛъэужьрыкIуэ, ди фермэм къыщалъхуауэ жеIэ. И нэр къэпщIа къудейуэ яхьри къуажэм щапIащ, нобэр къыздэсым щыпсэуащ.

– Мыбы къыщалъхъуащ, – жыпIа, – ФIыуэ зымылъагъуж и нэм щIоIуэтыхь ЛъэужьрыкIуэ. Мыдэ нэхъ гъунэгъуIуэу къызэкIуэталIи сызэгъэплъыт. Мыщэ бгъэдокIуатэ. Ар ЛъэужьрыкIуэ зэпеплъыхь.

– КIыфIщи фIыуэ слъагъуркъым. И фэр сыт хуэдэ? Сэ плъыжьыфэ хуэдэу къысфIощI ар, Къарэ.

– Пэжщ, плъыжьщ, ауэ плъыжь – фIыцIафэщ.

– НэгъуэщI сыт кIэрыплъагъуэр?

– И кIэм хужь тIэкIу хэсщ, лъакъуэ сэмэгур лъакъуэхущ. И тхьэкIумэр хьэпщIом ейм хуэдэу къолэлэх.

– Догуэт, догуэт. Къэзгубзыгъыж хуэдэщ. Щыпсэуащ абы и анэр мы фермэм. Уэ абы и бгъафэм ущыщIаха махуэм гузэвэгъуэ телъар слъагъу хуэдэщ. Уэ къыптепсэлъыхь пэтми фIэмащIэурэ а тхьэмыщкIэр дунейм ехыжащ. Анэм и дежкIэ быныр зыхуэдэ щыIэкъым. Уэ абы ущыIэщIэкIа махуэм уэр щхьэкIэ и псэр итыну хьэзырщ. Абы щыгъуэ мы фермэм унафэщIу тесар гущIэгъуншэ гуэрти уи анэм къытриубыдэщ и щакIуэ фочри, адэкIи мыдэкIи имыгъакIуэу, гум урагъэтIысхьэху щытащ. Тэмэму пщIащ мыбы укъызэрыкIуэжар. «Бланэ щалъху йокIуэлIэж» жыхуаIэращ. Мыбы тесхэр зэрыхъум хуэдэу уэри ухъунщ: лIэмэ улIэнщ, тхъэмэ утхъэнщ. ЦIыкIуи ини, щIэи жьыи зэрыжаIэу зэрыIыгъыу дыздопсэу. Мис, сэ жьы дыдэ сыхъуа пэтми, нэмыплъ къызамыту, къысхуэсакъыу, езыхэм зыкъагъанэрэ сэ ерыскъы нэхъыфIыр сагъэшхыу сагъэпсэу. Сахуэарэзыщ, тхьэшхуэр арэзы къахухъу. Дэри къуажэм дыкъыщымыхъуами дощIэ гущIэгъу зимыIэ цIыхухэм зэрахэтыр. Дэ, хьэхэм, ди гугъу умыщIыхи, езы цIыхухэм фIыуэ зэрымылъагъу, зэрыукIыжыпэ яхэтщ. Жьы хъуахэм хуэмеижыр кIуатэ пэтми нэхъыбэ мэхъу.

Сэ илъэс куэд къэзгъэщIащ, куэди си нэгу щIэкIащ икIи зэхэсхащ. Жьы хъуам пщIэ хуэзымыщIым гувэ – щIэхми къыхуэгъунукъым. «Лей зумыхьэ, псэ зыIутым и жагъуэ умыщI, зыгуэркIэ хутыкъуам дэIэпыкъу» къызжиIэу щытащ си адэм. Сэри абы и псалъэр нобэр къыздэсым зэрысхуэзэфIэкIкIэ согъэзащIэ. Иджы жьы сыхъуащ, сысымаджэщи схулъэкIыжыркъым. Ауэ Алыхьым гуфIэгъуэ къарит мыбыхэм, зы махуэ си жагъуэ къащIакъым.

А дакъикъэм Мыщэ и нэгум къыщIоувэж икIи йогупсыс жьы дыдэ хъуа Лъэужьрыкъуэ хуащI пщIэмрэ Жансурэт Нэхунэ зэрыхущытамрэ и нэкIэ имылъагъуамэ къыжраIэкIэ и фIэщ хъунтэкъым хьэхэм я кум апхуэдэ лъагъуныгъэ дэлъу. Пшапэ зэхэуэгъуэм зэманыр нэсати,Iэщыхъуэхэр зыщIэс унэмкIэ джэ макъ къоIукI.

– Пщыхьэщхьэшхэ фагъэшхэну къыводжэ,– жеIэ Лъэужьрыкъуэ.– ФыкIуэ. Уэри, хэт жыпIа уи цIэр?

– Мыщэщ.

– АтIэ уэри кIуэ, Мыщэ, щIыIэр, пщтыр гуэр уемыфэмэ упIыщIэнщ.

Тхьэмадэм и хьэуазэм Къарэрэ Мыщэрэ къикIыу шхакIуэ щежьам адрейхэр хьэ Iус ефапIэм насакIэт.

Къарэ нэхъ псынщIэ зещIри, Мыщэ япэ йощ. Мыщэ хуэмурэ макIуэ. Хьэхэм я шхапIэм щынэскIэ, ябгъэдэмыхьэпэу къызэщIоувыIыкI. НакIуэпакIуэу яхыхьэу ядэшхэну къригъэзэгъыркъым. «Мыри дэнэ къикIа хьэ хьэулей» – жиIэнщ хьэ Iусыр хьэкхъуафэм яхудэзылъхьэ лIым» – игу къокI Мыщэ. – Бзаджэ гуэрмэ Iэ ижьымкIэ иIыгъ бэлагъышхуэр къызиутIыпщынкIэ зэфIэнэнукъым» – и щхьэ мыгъуагъэ хуехьыж Мыщэ.

– Мыр щхьэ фымышхрэ, – жиIэурэ хьэкхъуафэ плIанэпэм дэлъ Iусыр адрейхэм яхуегъэкIуатэ лIым. АрщхьэкIэ и бгъум щыт Къарэ пэкIэ къеIунщIурэ кхъуафэ плIанэпэм детхъуэж.

– Сыт пщIэр зищIысыр? – мэгубжь лIыр. – Мыр хьэрэму ара? Етхъу аргуэру Къарэ дежкIэ. Ар аргуэру пэкIэ хущIэроуэри, шхэныр зэпигъэуауэ Iусыр къезыта лIым худоплъей. ИтIанэ, мор плъагъуркъэ жыхуиIэу, Мыщэ дежкIэ зоплъэкI. ЛIыми абы гу лъетэ.

– Мис иджы къызгурыIуащ псори. Мобы и Iыхьэ къэбгъэнауэ аращ. Уэри дэнэ укъыздикIар. Куэдрэ зумыIуэнтIыхьу къакIуи шхэ. Мис уи Iыхьэр плIанэпэм дэлъщ.

Мыщэ и пIэм къимыкIыу, лъэныкъуэкIэ йоплъэкIри, игъэзэжыну хуожьэ.

– Уэракъэ жыхуэсIэр! – лIым бэлагъыр еший аргуэру Мыщэ дежкIэ. – КъекIуалIи къыпхуагъэна мы уи Iыхьэр шхы.

Хьэхэм шхэн щагъэтауэ, Мыщэ дежкIэ маплъэ, къакIуэ жыхуаIэу. АрщхьэкIэ мэукIытэри и пIэм къикIыркъым. ИтIанэ хуеплъэкIыурэ къыщIопхъуэж. Мыщи хуэмурэ хьэкхъуафэм бгъэдохьэ. ЖэщитIрэ махуиIрэ хъуауэ зы дзакъэгъуи и джийм емыха пэтми, нэпсеягъ хэлъу къыхуагъэнам епхъуэркъым, машхэ мыпIащIэурэ. Абы нэхъ ерыскъы IэфI игъащIэм и бзэгум темыхуауэ къыфIощI, апхуэдизкIэ мэжэлIащи.

Адрей хьэхэр щхьэж и занщIэу зэбгырыкIауэ хэт уэсым зыхекухь, хэти хьэмбыIуу тIысауэ зеплъыхь. Къарэ Мыщэ нэхъ и гъунэгъуу къэувыIауэ щышхэм и пэм кIэрыпщIахэр уэсым хиIуурэ кIэрелъэщIыкIыж. Хьэхэр зыгъашхэ лIым пэгун джабэм къыкIэрынаIамэ бэлагъымкIэ къыкIэрихыжурэ Мыщэ худелъхьэ. «Шзэ умыукIытэу, – жеIэ абы, – уэ сэ слъагъур икъукIэ умэжэлIащ. ЩIымахуэбгым дэнэ укIуэн. Мыбыхэм урагъусэу гъатхэ хъуху мы фермэм тес. Адрейхэр зэрыхъум хуэдэу уэри ухъунщ. КIэщI-кIэщIурэ лы уэзгъэшхыну укъэзгъэгугъэркъым, ауэ уи ныбэ згъэныкъуэнкъым. Сэ мы фермэм пщафIэу сытесщ».

Мыщэ шхэн еухри кхъуафэм къыбгъэдокIыж. Ерыскъы хуабэ Iухуэри нэжэгужэ къэхъужащ. Нэхъыщхьэу абы къъыгурыIуащ гъусэ зыхуэхъуа хьэхэми, фермэм тес Iэщыхъуэхэми Мыщэ и жагъуэ къызэрамыщIынур. «Сыкъытенэнщ мыбы» – зиплъыхъурэ жеIэ Мыщэ и гукIэ, – сыщылIэнкъым. Нэхунэ зэрыжиIэу щытащи, Алыхьым жыхуиIам дыхуэзэнщ».

Дапхуэдизу фIыуэ къыхущымытми, щтэIэщтаблэщ Мыщэ. Зы дакъикъи и гум ихуркъым къыщыхъуа, и гъащIэм и IэфIыпIэи щIалэгъуэр щигъэкIуа Нэхунэ и пщIантIэр, зы дзэкъэгъуэ фIэкIа имыIэми, ар щыуэ игуэшурэ къезыту щыта езы Нэхунэ.

Хьэуэ, нэмыплъ къратыркъым Мыщэ фермэм тес цIыхухэми хьэхэми. Я псэм, я нэм хуахьу къалъагъу ар абыхэм. Ахэм яхэлъ гущIэгъум щхьэкIэ Мыщэ имыщIэн щыIэкъым. ЛъэкIыращи, жэщым зи плъырыгъуэ хьэхэр игъэжейуэрэ езым фермэм щаIыгъ Iэщхэр ехъумэ. Зыгуэрым «цырхъ» зэрыжиIэу банэу щIедзэри, тIэкIу щхьэукъуа жэщ плъырыр къегъэуш, сакъ къакIуэIа си гугъэщ жыхуиIэу.

Зы пщыхьэщхьэ гуэрым, зи чэзу Къарэ тIэкIу гукъыдэмыжти, абы и пIэкIэ зи плъырыгъуэ лIым щIыгъуу Мыщэ фермэр ихъумэрт. «Уэ, Мыщэ, умыбэлэрыгъ, сэ зы сыхьэт хуэдэкIэ сыщхьэукъуэнщ» – жеIэри, лIыр щIэщIым тогъуалъхьэ. Мыщэ зыкъригъэлыжын сытми апхуэдэ къалэн и пщэм къралъхьауэ-емытIысэхыу жэмхэр, IэщIэвыщIэхэр зыщIэт бохэр мыпIащIэу, къэувыIэрэ зыщIэдэIукIрэ аргуэру ежьэжыу, къекIухь. Псори мамыр хуэдэщ. Дыгъужь къеIэнкIэ Мыщэ шынэркъым, ахэр мащIэ хъуащи, илъэсым къриубыдэу зэзэмызэщ щалъагъур. Ауэ дыгъужь лъакъуитIхэр егъэлеяуэ бэгъуащ.

Ахэр къащтэ, яшх хъун зыдэщыIэ щIыпIэхэм жэщ, махуэ ямыIэу къыщохутэ. Щысхь лъэпкъ ящIэркъым.

И бзэр мыпсалъэ пэтми, Мыщи къыгурыIуащ: иджы нэхъ зыхуэсакъын хуейр ахэращ. Фермэм тес хьэхэм мызэу къахуихуащ дыгъужь лъакъуитIхэр щыщIагъэIа.

Мыщэ бэлэрыгъыркъым: мэдаIуэ, мэпамэ, зыщIэтIысыкIыурэ жэщ кIыфIым пхоплъ. ДэнэкIи щымамырщ, итIани жей зэрымыхъунур ещIэ. Плъырыр абы зыкъомкIэ къыщогугъ. ИтIанэ къызыщIоувыIыкIри, дыгъужь «лъакъуитIхэр» къыздэкIуэнкIэ хъуну лъэныкъуэмкIэ и гупэр гъэзауэ мэтIыс, тэкIу зигъэпсэхуну.

ИтIани бэлэрыгъыркъым Мыщэ. КъэмыхъуIауэ жэщыр игъэкIуэн щхьэкIэ и нэбдзыпэ зэтримылъхьэу нэху игъэщынущ. Мыщэ есакъым къызэрыщыгугъымкIэ игъэщIэхъуIауэ. Ар Нэхунэ егъэлеяуэ фIыуэ илъагъуу щIыщытар арат. КъыщIэкIрэ пщIантIэм зэщиплъыхьамэ, зыхуейр къищIа хуэдэ бгъэдыхьэрти худэплъейуэ тIэкIурэ щытт, итIанэ зыщихъуэу щIидзэрти «мобыкIэ кIуэ, е мор гъащтэ» – жыриIэху бгъэдэкIыртэкъым.

ПхэщIкIэ здэщысым, IэщIэвыщIэр зыщIэт бомкIэ «быркъ» макъ гуэр къоIукI. Мыщэ къызэфIэувауэ, зимыгъэIэуэлъауэурэ абыкIэ макIуэ. Макъыр къыздэIум и гъунэгъу зэрыхъуу, нэхъри зигъэлъэхъшауэ, и ныбэр щIым трилъафэу мэпщ. Елъагъу: тIуу хъууэ бо джабэр кIуэцIрауд. Япэмыжыжьэу зы шызэкъуэгуи щытщ.

Мыщэ здэщылъым зречри, щIалитIым я зым и щIыбым зредзэ. Адрейр мащтэри щIопхъуэ. «Уздэжэр дэнэ?! Мы хьэм сомыгъэшхыу джыдэр къащти къеуэ! – мэкIий Мыщэ зи щIыбым ифыщIыхьыр, здэщыIэр щыгъупщэжауэ. Ар щызэхихкIэ, ищIар къыгурыIуэжауэ, къегъэзэжри къыбгъэдохьэ. Мыщи иубыдам и пщампIэр иутIыпщыркъым. Джыдэр къищтэну зыщригъэзыхкIэ, Мыщэ малъэри, аргуэрым и щIыбым къохутэ. И лъэбжьанэхэр хиукIауэ, щIалэм и щхьэц кIыхьым и дзэпэфIанэмкIэ къокъу. «Си щхьэфэр третхъ!» – мэкIий ар. Мыдрейм ищIэнур имыщIэу, бгъэдыхьэни шынэу зегъэкIэрахъуэри щытщ. Джыдэр къищтэну щыIэбэкIэ Мыщэ гуэрыр абы жьэхолъэ. Мыдрейр и щIыбым лъыр къежэхыу и занщIэр и гъуэгуу щIопхъуэ, абы пэмыжыжьэ нартыху хьэсэм зыхидзэу зыкъримыгъэгъуэтыну. Мыщэ абы кIэлъыжэну зыщричкIэ мыдрейр шызэкъуэгумкIэ мажэ, итIысхьэу щIэпхъуэжыну. Ар Мыщэ къыгуроIуэри, зи ужь иува щIэлэм и гугъу имыщIыжу, къожэкIри шым и гупэм гурыму къоувэ, уи пIэм икIи еплъыт жыхуиIэу.

Мыдрейм шызэкъуэгум зыридзауэ чы ныкъуэзэпыщIыкIымкIэ шым еуэ щхьэкIэ, пхэкIэ къикIуэт мыхъумэ, япэкIэ кIуэркъым. Шым и щхьэр дэнэкIэ ихьми, Мыщэ абыкIэ зедз. Абы и пэр щиубыдыкIыну пхъуэ щхьэкIэ, и щхьэр дридзейуэрэ лъигъэIэсыркъым.

Зэрызехьэ макъым адрей хьэхэри къызэщIеIэтэ. Плъыр лIыр «Уирэ! Уирэ!» – жиIэу кIийуэ къожэ. ШызэкъуэгумкIэ щIэпхъуэжыну зи мурада щIалэр вожэр шы гущIыIум иридзауэ нартыхум холъадэ. Мыщэ абы кIэлъыщIэпхъуа щхьэкIэ, къигъэкIэрэхъуэжауэ шызэкъуэгур ихъумэу шым пэувауэ щытщ.

Къарэ япэ иту, хьэхэр къикI къыжьэхолъадэ. Мыбы исар дэнэ щыIэ жыхуаIэу заплъыхь, Iуож, къыIуолъэдэж. Къарэ Мыщэ къеуфэрэзыхь, къыдэщIын хьэзыру бгъэдоувэ.

Жэщ плъыр лIыр къэсауэ, бо джабэм йоплъ. Iэщыщхуэ къихуэн хуэдэу кIуэцIраудыну хунэсакъым. «Дыкъэпхъумащ, Мыщэ, тхьэм уигъэпсэу», – жиIэурэ шызэкъуэгумкIэ еунэтI. Нэсмэ елъагъу: шым и пащхьэм Мыщэ итщ. Шыри мамырыжащ, ауэ иджыри къыбгъэдэтхэм дзыхьыщэ яхуимыщIу щтэIэщтаблэщ. «А-а-а, псори гурыIуэгъуэм уэлэхьи мис иджы», – жеIэ а жэщым плъыра Сэхьит,– шызэкъуэгум еплъурэ,– жыжьэ къикIа си гугъати, Псыкъуэ къуажэм щыщщ мыр зейр. Ауэ ди щхьэщыгум ит Тхьэр си щыхьэту щысIуэжынщ мы шызэкъуэгур зей Хьэжмэстафэ мы фермэм дыгъуакIуэ къызэрымыкIуамкIэ. Ар, езыр, муслъымэнышхуэщ, дыгъуэгъуакIуэм щхьэкIэ хъущIэу дунейр ехь».

«Дыкъэпхъумащ», – жиIэурэ Сахьит Мыщэ толъэщIыхь, Къари и бзэр псалъэркъым ахъумэ, Мыщэ и телъхьэу Iэджи къыжиIэнут.

Нэхулъэ къищIу хуежьащ. Блыным къраха чырбышхэр зэрыхъукIэрэ иригъэзэгъэжауэ, хьэхэр и ужьым иту, фермэм тесхэм я унэмкIэ Сэхьит еунэтIыж. Мыщэ абыхэм якIэлъыкIуэркъым, си плъырыгъуэр иджыри сухакъым жыхуиIэу.

«КъакIуэ, Мыщэ, къакIуэ уэри» – жиIэу Сэхьид къызэпсэлъэкI щхьэкIэ, Мыщэ и кIэр игъэкIэрахъуэ мыхъумэ, къежьахэм я ужь къиувэну игу илъкъым. Нэхунэ тхьэмыщкIэм и пщIантIэм щыдэса зэманым Мыщэ есащ нэху щыху етIысэх имыIэу пщIантIэри хадэри къызэхикIухьу, я гъунэгъухэмкIи Iэуэлъауэ гуэр щызэхихмэ, куутI бжыхьым ежалIэрэ, банэурэ хъыбар яригъащIэу. ЦIыхум хуэдэкъым хьэр, хьэл хуэхъуар псэуху зыхинэнукъым. Нэху щыуэ Iэщыхъуэхэмрэ жэмышхэмрэ дыгъуакIуэхэм кIуэцIрауда блыным еплъыну къыщыкIуэм, Мыщэ, мыпIащIэурэ, адрей хьэхэм я дежкIэ еунэтIыж. Абыхэм ягъэщIагъуэ ныжэбэ Мыщэ дыгъуакIуэхэм зэрахурикъуар. АфIэкIа хъыбар фермэм телъыжкъым, къытехьэхэми аращ япэу хуаIуатэр. И нэхъ нэсэIуасэхэр бгъэдыхьэурэ Мыщэ толъэщIыхь, псалъэ дахэ жраIэ. Абы ириукIытэ фIэкIа пщIэнкъым Мыщэ – и щхьэр егъэзыхауэ мамыру щытщ, хэт сыт къыжриIэми едаIуэу. Ар нэгъуэщIу щытамэ, сэ зесхьа лIыгъэм хуэдэ зыми лъэкIынукъым жиIэм хуэдэу, моуэ – щэ и щхьэр Iэтарэ и тхьэкIумэхэр игъэджэгуу, къедэхащIэхэм яжьэхэплъэнт. Игъэсащ ар апхуэдэу Нэхунэ. А тхьэмыщкIэм дапщэщи жиIэрт зыгуэрым хуэпщIа Iуэху тхьэбзэм зэи уримыпэгэну, ар бгъэхъыбару къомыкIухьыну. Муслъымэным дежкIи дурыскъым псапэ ищIамэ ар игъэхъыбару къикIухьыну. Абы щыгъуэ ар щIэпщIам лъысынущ, уэри уи псапэр псыхэкIуадэ хъунукъым. Щыпсэум щыгъуэ цIыхум псапэу ищIаращ къемэт махуэм игъуэтыжынур.

Пщэдджыжь шхэгъуэр къэсащи, мыпIащIэурэ хьэхэм кхъуафэ кIыхьым гъунэгъу зыхуащI. Мыщэ хьэмбыIуу щысщ. Къарэ абы и дежкIэ къоплъэкI, къакIуэ уэри мыбыкIэ жыхуиIэу. Зыщимыгъэхъем Мыщэ дежкIэ зыкъигъэзауэ зыщыплIрэ зыкIэлъобанэ. Мыщи и щхьэр иIэтауэ маплъэ. Ар жэщ псом зэрымыжеяр Къарэ ещIэри, и жеин къэкIуауэ аращ и гугъэр, арщхьэкIэ апхуэдэ зыгуэри абы иджыпсту хухэткъым.

«Къарэ, Мыщэ, КIэху, Лъэбыху, Пэри, МаскIэ… фыкъызэхуэс!» – жиIэу кIийуэ Iэщыхъуэхэм я пщIафэ Уцэ кхъуафэмкIэ къокIуэ. Зы пэгунрэ шынакъжьейрэ иIыгъыу. Абы и ужьым иту унэм къыщIокI Уцэ и пщафIэгъу Маружан. Ари тепсэшхуэ и блыгум щIэту кхъуафэмкIэ макIуэ.

Уцэ шынакъжьеймкIэ хьэ Iусыр кхъуафэм декIэ. Хьэхэми щхьэж и увыпIэм деж зыIуигъэзэгъауэ пщэдджыжьышхэр ирагъэкIурэмэх. Ауэ Къарэ и гур Мыщэ дежкIэ щыIэщи, ишхыр и дзажэ дэмыхьэу, абы хуоплъэкI. зэрыщысам хуэдэу зимыгъэхъеяуэ щысщ ар иджыри.

«Мыщэ, Мыщэ!» – Маджэ Маружан, абы и дежкIэ плъэурэ.– Мыщэ, къакIуэ мыдэ абдежым уи закъуэ ущымысу». Мыщэ зыкъиIэтауэ хьэлъэ- хьэлъэурэ Маружан дежкIэ макIуэ. Кхъуафэм щынэблагъэкIэ, абы къеплъурэ, Маружан жеIэ: «Уэ, Мыщэ, мыдэ къакIуэ, уэ щхьэхуэу пщэдджыжьышхьэ пхуэтщIащ. Мэ шхы» – жиIэурэ Маружан иIыгъ тепсыр Мыщэ и пащхьэ кърегъэувэ. Ар абы хэIэбэркъым. Кхъуафэм еувэкIауэ шхэ хьэхэми яхохьэ. НэгъуэщI химыгъэIэбэу Къарэ хуихъума Iусым Мыщэ хошхыхь. Ар яфIэгъэщIэгъуэну, Уцэрэ Маружанрэ йоплъри щытхэщ.

– Сыту хьэ губзыгъэ икIи Iущ мы Мыщэ, – жеIэ Уцэ. – Еплъыт абы. Мо хьэхэм нэхърэ сэ сыткIэ сынэхъыфI, щхьэхуэу Iус щIысхуэфщIынур сыт жыхуиIэу аращ абы.

– Тобэ, тобэ, гъэщIэгъуэнщ ар, – и IэгуитIыр зэтригъауэурэ Маружан егъэщIагъуэ Мыщэ ищIар. Абы щхьэхуэу хуагъэхьэзыра Iусыр ехьри псори щышхэ кхъуафэр къэзыбзеиж ныбэрицIэ МаскIэрэ КIэхурэ яхудекIэ. Зыр адрейм епэщIауэу, Iусым хэлъ лы Iыхьэшхуэр а тIум зэпатхъауэ яшх. МаскIэ нэхъыбэ лъыса и гъугъэу, КIэху, абы хуеплъэкIыурэ, мэгурым. МаскIи нэхъ зигъэщабэркъым. Абы къыфIигъэкIмэ, зыридзыну хьэзыру, хэгурымыкIыурэ Мыщэ и Iыхьэр ешх.

Зи ныбэ из хъуа хьэхэр зэхэтIысхьэжауэ зэхэсхэщ. Мыщи абыхэм япэмыжыжьэу лъэныкъуэкIэ щысщ.

А тIур зэплъыжу тIэкIурэ щысауэ, Мыщэ япэ иту ЛъэужьрыкIуэ и гъуэм ихьауэ тIури хьэмбыIуу щысщ. Нэщхъейщ Мыщэ. КъыгуроIуэ ЛъэужьрыкIуэ, Мыщэ зэгупсысыр. Ауэ зэкIэ зыри жиIэркъым, езым къриIуэтылIэну поплъэри. Къари къригъэкIуркъым. Поплъэ ари ЛъэужьрыкIуэ жиIэнум.

– Щхьэ уеэщхъей, Мыщэ? – ЩIоупщIэ ЛъэужьрыкIуэ. – Си гугъэмкIэ Iейуэ къыпхущыткъым фермэм тес хьэхэмрэ цIыхухэмрэ. Хьэмэрэ уагъэшх ерыскъыр уигу иримыхъу ара? Абы нэхъ щхьэусыгъуэ уимыIэмэ уесэжынщ. Дауи, унагъуэхьэхэм яхуэдэу мыбы тес хьэхэр щамыгъэшхэфи къэхъуу къыщIэкIынщ. Ауэ, зэрыжаIэщи, ар щхьэж и насыпщ. Дэ мы фермэм дыкъыщыхъуащ икIи дыщопсэури, нэхъыфI щымыIэу къытфIэщIу къыщIэкIынщ. Узэса лъахэм къытекIуэн зэрыщымыIэр сэри къызгуроIуэ.

– Мис ар пэжу жыпIащ, – пещэ мыщэ ЛъэужьрыкIуэ зэхиубла псалъэмакъым. – Укъыщалъхуа лъахэм нэхъыфI щыIэкъым. Сэри ар сигу къокI. Мы фермэм тес хьэхэри цIыхухэри къысхуэIейкъым икIи нэхъ къысхуосакъ. Псом хуэмыдэу, мы Къарэ зэпымыууэ и нэIэ къыстригъэтщ. Сэ сымышхэмэ езым ишхыр и дзажэ дыхьэркъым. Шхэгъуэм сыримыхьэлIамэ, си Iыхьэр къысхуегъанэри ехъумэ. Тхьэм игъэузыншэ. ФIы пщIауэ зэи кIуэдынукъым. Узэгуапэм ар IэфIу и гум къинэнущ, зылъагъухэми яIуэтэжу куэдрэ я гум илъынущ.

Сэ сыкъапщтэмэ сыпсэухукIэ Нэхунэ къысхуищIар сщыгъупщэнукъым. Тхьэм и хьэдрыхэ фIы ищI. Абы жэнэтыр псэупIэ зэрыхуэхъуам сэ шэч къытесхьэркъым. Нэхунэ хуэдэ цIыхухэращ Алыхьым жэнэтыр къыщIигъэщIар.

Пэжыр жысIэнщи, ЛъэужьрыкIуэ, нобэми ныжэбэми си нэгум щIэтщ си гъащIэм и нэхъыбэр щызгъэкIуа Нэхунэ тхьэмыщкIэм и пщIантIэр. ЖэщкIэ нэхъ мыхъуми сыдагъэсыну сщIамэ абы згъэзэжынт. Хэт ищIэрэ Жансурэти Iичрам гуэр къихьыжауэ къыщIэкIынщ. Ныбжьыр хэкIуэтэху гъащIэм узэреплъми зехъуэж. Си щхьэкIэ сыт къызищIами хузогъэгъу, си гум Iей хуилъкъым. Нэхуни къыджиIэрт: «Къывэуэу фыщимыукIакIэ къывэшхыдэ, къыфхуэхъущIэ, башкIэ, IэштIымкIэ къывэуэпа щхьэкIэ зыми хуэмыфащэ евмыпэс, и жагъуэ фымыщI, тэмакъкIыхьу фыщыт. Абы зэи фыхущIегъуэжынкъым».

– АтIэ, Мыщэ, уэ сэ слъагъум, дапхуэдиз илъэскIэ утемысами, мы фермэм уи гур щыбгъэтIылъынукъым, гупсысэми ухэкIынукъым. Апхуэдэу щыщыткIэ уи дзэ къытхуэмыщу гъэзэж а пщIантIэм. Уэри зэрыжыпIащи, хэт ищIэрэ, а цIыхубз хъерсызыр зыщIэгупсысагъэнкIи хъунщ. Ауэ мыри бжызоIэ: аргуэру а пщIантIэм убгынэн хуей хъумэ, нэгъуэщIыпIэ умыкIуэу мы фермэм къэгъэзэж. Сэ сымыпсэужми, тес хьэхэм укърагъэблэгъэжынщ. Уэ зыгуэрым уи жагъуэ къищIу мы Къарэ идэнкъым, дапщэщи къыпщхьэщыжынщ. Пэжкъэ?

– Абы шэч къытумыхьэ, Мыщэ, – жеIэ Къарэ.

Пшапэр зэхэуэрти, щхьэж жэщыр щигъакIуэ щIыпIэхэмкIэ хьэхэм яунэтI. Мыщи пыпхъуэ лъабжьэм щIогъуэлъхьэж. А жэщым нэхъ кIыхь игъащIэм имыгъэкIуауэ, и нэбдзыпи зытримылъхьауэ, нэху щыщынум Мыщэ поплъэ. ЩIэпIащIэр езыми къыгурыIуэжыркъым. Зэи игу къокI мыпхуэдэу: «Дэнэ сэ сыздэпIащIэр? СызыхуэпIащIэри хэт икIи сыт? СыздэкIуэжыну лъахэм пхъэбгъум къыхэщIыкIа хьэгъуэ щысхуагъэува, ерыскъы хэхакIэ сыщагъэшхэну фIэкIа пщIэнкъым. Жансурэт а лъахэм щызекIуэу щытмэ, сыдигъэхьэн дэнэ къыщына, ауэ жыжьэуи сыдигъэпэмэнкъым. Жьэ мыгъуэщ абы зэщIихыр. Зэхэзыхым и тхьэкIумэр щеубыдэ.

Догуэ сыщымыуэу пIэрэ? Щхьэ апхуэдэу си гум къэкIрэ? ЛъэужьрыкIуи зэрыжиIауэ, хэт ищIэрэ, Жансурэт къызэрысхущытам хущIегъуэжауэ и IэфракIэм едзэкъэжыну хунэмысми сщIэркъым. Сыт хуэдэу щымытми хьакIэкхъуэкIэкъым-цIыхущ. ЦIыхур Алыхьым къигъэщIащ, гупсысэну, фIыри Iейри зыхищIыкIыу, гущIэгъу ищIыфу, зылъэмыкIым, къулейсызым дэIэпыкъун хуейуэ. Жансурэти цIыхущ икIи цIыхубзщи нэхъ гу щабэу щытын хуейщ. И къуэ Мурат и къэшэгъуэ, ипхъу Маринэ и шэгъуэ хъуамэ, абыхэм я насып къэкIуэным Жансурэт и мылыгур ягъэвауэ щытын хуейщ. Ауэ ар фIэщ щIыгъуейщ. Сэ сызэрыхуейм хуэдэу къыщIезгъэдзыну аращ.

Нэхулъэ къищIу хуейжьащи, Мыщэ къызэфIотIысхьэ. ЗыщIэлъа пыпхъуэ лъабжьэм къыщIэтэджыкIауэ зеплъыхь. Псори-хьэхэри, ферм тес цIыхухэри, губгъуэрыс къуалэбзухэри хилъэфэжауэ мэжей, IэфIщ нэхущ жейр. Ар ещхьщ иужьу кърагъэблыжу къашыж шэтэгъуэблым. Мыщэ ежьауэ Iэщ псэуалъэхэр къызэхекIухь. А псоми сэлам ярихыж хуэдэщ.

Псом япэ къэушауэ, Мыщэ къыбгъэдохьэ Къарэ. ФIыуэ зэрылъэгъуащ а тIур. ЩызэрихьэлIа япэ махуэм щегъэжьауэ я акъыл зэтехуащ. Къарэ къохьэлъэкI Мыщэ пэIэщIэ зэрыхъум. Абы иужькIэ хэт и гурылъ щэхухэр зыхуиIуэтэнур. АбыкIэ ЛъэужьрыкIуэт и чэнджэщэгъури, ари жьы дыдэ хъуащи, жепIэр дахэ-дахэу къыгурыIуэжыркъым. Жьы хъуам и тхьэкIумэри жьажьэщ, и акъылри – жаныжкъым.

Хьэхэм я пщэдджыжьыщхэр зэфIэкIа иужь зэхуешэсри ЛъэужьрыкIуэ деж ешэ. Фермэм тесхэми абы гу лъатащ. Iэщым мэкъу езытми, бор къэзытхъуми, кхъуафэхэм псы дэзыкIэми, пщалъэхэр зытхьащIми зэпагъэуауэ хьэхэм ящIэм кIэлъоплъ.

ЛъэужьрыкIуэ Мыщэ зыбгъэдешэ. Адрейхэри а тIум хъурейуэ къотIысэкI. Я нэхъыжьым жиIэнум поплъэхэр. Дапхуэдизрэ емыжьэми, абы къыжьэдэкIынум пэплъэу, зыми зыри жимыIэу щысынухэщ. Нэхъ акъыл кIэщI гуэр къыхэпIэнкIыкIыу хуежьэми «зэтепIэт уи жьэр» жаIэу жьэдагуэжыну хьэзырхэщ. Я нэхъыжьым пщIэ, щIыхь хуащIу, абы жиIэр ягъэзащIэу есащ ахэр. Аращ зэгурыIуэу фермэм щIытесыфри.

ЛъэужьрыкIуэ зыкIэрагъэтIысхьа пыпхъуэ джабэм мащIэу зыкъыкIэрешыикIри, къэзытIысыхьа хьэхэм къахоплъэ.

– Нобэ, си лъэпкъэгъухэ, фыкъыщIызэхуезгъэшэсар мыращ: Мыщэ ди фермэм токIыж.

– Ар сыт щхьэкIэ? Хэт абы и жагъуэ зыщIар? – къызэроIэт хьэхэр, щыму лъэныкъуэкIэ щыс МаскIэ къищынэмыщIа.

– Уэрмырауэ пIэрэ ар!? – жьэхолъэ абы Пэрий. – Уэ апхуэдэ хьэл пхэлъщ. Мыщэ къыщытхуэкIуэжауэ щыта махуэм жумыIэпхъэ Iэджэ уи жьэм къыжьэдэкIауэ щытащ.

– Хьэуэ, сэракъым. Сэ зыри зыми жесIакъым, – тхьэ щеIуэж МаскIэ.

– Пэжщ абы жиIэр, зыми си жагъуэ къищIакъым. Сэр-сэру сегупсысащ апхуэдэу. Мы фермэм сыкъызэрыкIуэ лъандэрэ псори фIыуэ къысхущытщ. Тхьэр арэзы къыфхухъу. Фи жагъуэ фымыщI сызэрыфхэкIыжыр. Дапхуэдизрэ сэ мыбы сыщыIэми си гур зэрыщызмыгъэтIылъынур сэр-сэру къызгурыIуэжащ. Апхуэдэу зэрыжысIэр фи жагъуэ фымыщIыну сыныволъэIу. Уэри, зи щIыхьыр ин ЛъэужьрыкIуэ, сыткIи сыпхуэарэзыщ. Си щхьэр пхуэзгъэщхъыу щхьэхуэу уэ сынолъэIу сызэрыфхэкIыжымкIэ сумыгъэкъуэншэну. Сэ фIы дыдэу къызгурыIуащ мыбдежым къызэхуэса си лъэпкъэгъухэм уэ пщIэрэ щIыхь къыпхуащIыр зыхуэдизыр. Ар си нэкIэ сымылъэгъуамэ, си тхьэкIумэкIэ зэхэзмыхамэ си фIэщ хъунтэкъым лъэпкъым я нэхъыжьым апхуэдиз нэмысрэ пщIэрэ хуащIу.

Ар щыжысIэкIи сэ куэдыщэ слъэгъуркъым. Си нэгу щIэкIар Жансурэт Нэхунэ зыхигъэта бэлыхьырщ. Ар зы лъэпкъым, зы унагъуэм я нэхъыжь нанэ къудейтэкъым, атIэ псэ зыIут дэтхэнэм щхьэкIи гугъу зригъэхьыну, и хьэлу Iыхьэр тIу ирищIыкIыу и зэхуэдитIыр иритыну хьэзырт. Нанэ, жыпIэнурамэ, дыщэт. ИтIани ар къимылъытэу, бынжэ кIапэм къыпыкIа и бынитIым яхуиIэ лъагъуныгъэр къримыдзэу гу уэтэпс ищIауэ дунейм иригъэхыжащ. Ауэ абы и гущэбагъыу щытар, ищIа гущIэгъур пщIэншэу кIуэдакъым. Абы и ахърэтыр зэрынэхур сэ пщIыхьэпIэу си нэгу щIэкIащ. Алыхьыр къоплъэри плъапIэм итщ жи. Щыгъупщакъым ар абы.

– АтIэ, ЛъэужьрыкIуэ, Нэхунэ дунейм ехыжу сэ а пщIантIэм сыкъызэрыдэкIрэ зэманыфI блэкIащ. Абы лъандэрэ Жансурэти и ныбжьыр хэкIуэтащи, зыщIэгуасысыжауэ, къыткIэлъызэрихьа лейм хущIегъуэжауэ къысфIощIри, сыкIуэжынщ сыкъыщыхъуа пщIантIэжьым. Си гури си псэри а пщIантIэм щыIэщ. ЖэщкIи пщIыхьэпIэу солъагъу.

– Сэ къызгурыIуащ, Мыщэ, уи Iуэху зыIутыр, – жеIэ ЛъэужьрыкIуэ. Ар тIэкIурэ щыму щысщ. Нэрылъагъущ зэрыпсалъэ къудейр къызэрехьэлъэкIыр. БауэкIэщI хъуащ. Хьэхэр зэлъыIуокIуэт, зэрыбауэ жьыр зэрыхуримыкъур ялъагъури. «Фымыгузавэ, ар иджыпсту… Уэху мыгъуэ, си гур си жьэмкIэ къыжьэдэпкI фIэкIа сщIакъым. АтIэ, Мыщэ, къезгъэжьаращи, умыгузавэ, дэ псори дыпхуэарэзыщ. А Жансурэт жыхуэпIэр узэрыщыгугъым хуэдэу тхьэм къыпхущIигъэкI. КIуэж уи гум имыху а пщIантIэм. Ауэ мыри бжызоIэ: ди деж къэбгъэзэжын хуей хъумэ, зыкIи укъыхэмыскIыкIыну, къемызэгъуи къыумылъытэу уи анэжь и лъахэ мы фермэм къэгъэзэж. Сэ сымыпсэужми мис, тхьэм и шыкуркIэ Къарэ щыIэщ. Абы зыми уи жагъуэ къригъэщIынкъым.

– Сэри, Мыщэ, си гуапэу укъезгъэблэгъэжынщ, – бгъэдохьэ абы МаскIэ, и кIэр игъэкIэрахъуэу. – УкъыщытхуэкIуэжам щыгъуэ уи жагъуэ сщIауэ щытащи, къысхуэгъэгъу. Сэ абы сызэрыхущIегъуэжар пхужыIэнкъым.

– АтIэ, Мыщэ, гъуэгу махуэ, – жеIэ ЛъэужьрыкIуэ. Мыщэ абы бгъэдохьэри, сэлам ирихыжу, и щхьэр ЛъэужьрыкIуэ и бгъэм щехъуэ. ИтIанэ мыдрей хьэхэм я дежкIэ зыкъегъазэри яхоплъыхь. Япэ щIыкIэ Мыщэ хуэмурэ пхэкIэ йокIуэт. Къарэ япэ иту, адрейхэр кIэлъокIуатэ. Жэмышхэмрэ Iэхъуэхэмри, хьэхэм я зэхущытыкIэр зэхуагъэщIэгъуэжурэ, Мыщэ зэрырагъэжьэжым йоплъхэр. «Тобэ, тобэ, – жеIэ Iэщыхъуэхэм я нэхъыжьым, – хэт и гугъэнт хьэхэм я кум апхуэдиз лъагъуныгъэ дэлъу. Мы фермэм тесхэм щхьэкIэ «хьэщи хьэщ» – жытIэ фIэкIа нэгъуэщI зы фIыгъэ гуэри яхэлъу си ппщIыхьэпIэ къэкIынтэкъым. Алыхьым къигъэщIа дэтхэнэ зы псэущхьэми, дэ дымыщIэ щхьэкIэ, гущIэгъу гуэр хэлъу къыщIэкIынщ. Дэ, цIыхухэм, ар тлъагъуну дыхуейкъым.

Фермэм къытекIыжу гъуэгум щынэсыжым, Мыщэ аргуэру зэ хьэхэм я дежкIэ йоплъэкIыжри, гъуэгубгъум бгъурыту йожьэж.

МакIуэ Мыщэ, зэзэмызи хэущыкIыу. Зыкъомрэ кIуа иужь, къэувыIэрэ и хъуреягъкIэ зиплъыхьу. Машинэ е гу къыкIэлъыщIыхьэмэ, гъуэгум токIуэтри блегъэкI.

Мыщэ и щхьэр иужэгъуакъым. ГъащIэр къытехьэлъэ щхьэкIэ хуейщ псэуну. Псэ зыIут псори аращ зыхущIэкъур. Зыхуей игъуэту и гъащIэр зыгъакIуэм и гугъу умыщIыхи, я нэхъ гугъуехь ин дыдэр игъэву псэуми «сылIащэрэт» жиIэнукъым. Алыхьым и шыкуркIэ Мыщэ узыншэщ, и екIуэлIапIэкIэ, и псэупIэкIэ и Iуэху мыщIагъуэми, щогугъ Алыхьым телъ гугъуехьыр илъагъуу къыдэIэпыкъуну.

Абы теухуауэ Нэхунэ къыжриIауэ щытар Мыщэ и гум зы махуи ихуркъым. Гъуэгу здытетым и псалъэхэр и нэгум къыщIоувэж. «Сэ си гъащIэр здынэсынур Алыхьыращ зыщIэр. Ауэ «Псэ зиIэм уахътыи иIэщ» жыхуаIэр аращи, икIи си ныбжьыр хэкIуэтащи, сэ уи япэ сищынущ, Мыщэ. Си узыншагъэр щIагъуэжкъым, ерыскъыкIи сызыхуей сыхуэзэркъым. Махуэ псокIэ зы дзэкъэгъуэ си джий щемыха къысхуихуащ, сысымаджэу пIэм сыхэлъу. Псы щхьэкIэ сылIэу, ауэ сыкъэтэджу сефэну си къарум къимытIасэу жэщ дапщэ згъэкIуауэ пщIэрэ уэ, Мыщэ. Сэ къытезгъэзэжу бжесIэми, уэ а псори уи нэгу щIэкIащ. ИтIанэ сыгужьейуэ зэи сыкъэдзыхакъым, сылIэн къысфIэщIу сыкIий, сыгуоууэ хьэблэр къызэщIэсIэтакъым. ГугъапIэ нэхъыщхьэу сиIэрати, къыстепсыха гугъуехьыр сыкъэзыгъэщIауэ сызыгъэпсэу икIи сызыгъэлIэжыну Алыхьым дапщэщи си Iуэхур бгъэдэслъхьащ. Уи фIэщ зэрыхъун, Мыщэ, узыр къызэзытар уэращи сшэчынщ, уэ уи хьэзабыр си дежкIэ хьэлъэкъым зэрыжысIэу сыкъыхэзыгъэзыхь узыр, къэIэбэу скIэрихам хуэдэу, си Iэпкълъэпкъым хэкIырт. Уэри, Мыщэ, сэ дунейм сехыжу уи закъуэ укъанэ щхьэкIэ умыгужьей. Псэ зэпылъхьэпIэ уихуэми, уи нэм къыщхьэримыпхъуэу уи Iуэхур Алыхьым бгъэдэлъхьэ. ЕлъэIу къыбдэIэпыкъуну. Ауэ къыптепсыхэм укъелын щхьэкIэ уэри плъэкI къыумыгъанэ. «Хьэрычэт щIэи, берычэт хэслъхьэнщ» – жиIащ Алыхьым.

Нэхунэ къыхуигъэна а уэсятыр и гугъапIэу, Мыщэ и гъуэгум хегъэщI. Мэущ мыпIащIэурэ. КъыкIэрыхъыжьа гъудэхэм жьэкIэ якIэлъопхъуэ, и цым хэпщхьауэ къедзакъэхэр къэувыIэурэ зыщIотIысыкIри, и дзапэфIанэмкIэ хепIытIыхь.

Мыщэ гу лъитэркъым дунейм зэрибэвыгъуэм, и щхьэ илъажьэщи. Вагъуэу хъуар къехыу япытIысхьам хуэдэу, гъэгъа сэхураныщхьэхэм дунейр нэхъри ягъэнэху. УдаIуэмэ, зи тхъэжыгъуэ бжьэхэм я зэщIэвыуэ макъыр тхьэкIумэм къоIуэ. Зым къытелъэтыкIым адрейм тетIысхьэурэ я шырхэр зыхапIыкI сэхураныщхьэ сабэр зэрахьынум хуэдэу я лъакъуэхэм кIэрагъэзагъэ. Гъэгъа цIыкIухэм къраш фоупсыр я Iум щызэхуахьэс безынэхэм зэрыракIэнум хуэдэу. А псомкIи ирикъуахэм хьэлъэ-хьэлъэу заIэт. Зэхуахьэсар яунэщIу къэзыгъэзэжахэм сэхуран вагъуэхэм зытрагуашэ.

Апхуэдэурэ бжьэхэр щIымахуэм хуогъэтIылъэ, сэхуранри бэв мэхъу. Нартыхум къаутIыпща я щхьэц щылафэхэр дыгъэм полыд. Гъашэхэм къапихыура абыхэм къатощащэ бэв зыщIыну гъашэ сабэхэр. Ахэри гъащIэщ, цIыху гъащIэм пезыгъащэ природэм и тыгъэхэщ.

А псори Мыщэ дежкIэ сытым щыщ. Ар иджыпсту зэгупсысыр и щхьэр здихьыж пщIантIэжьырщ. ДэсыжIауэ пIэрэ абы? Хэт и хьэ хьэулей мыр? ДэкI мы пщIантIэм зыдумыгъэлъагъуу жаIэу къыдахужмэ – щэ.

Апхуэдэ Iэджэм йогупсыс Мыщэ. «Си Iуэхур Алыхьым бгъэдэслъхьащи, абы зэрыжиIэм хуэдэу хъунщ».

Мес, плъэмэ елъагъу, нэблэгъэжащ Мыщэ къыщыхъуа, щыпсэуа къуажэм. Зыхех хьэ банэ макъ. А дакъикъэм и гум къокIыж Нэхунэ и пщIантIэм щигъэкIуа и гъащIэм и IэфIыпIэхэр. Лъэхъэнэ хьэлэмэту екIуэкIащ ар Мыщэ дежкIэ. Уи лъахэ уисыжын нэхъ насып сыт щыIэ! Я лъахэр яхъумэжурэ зи псэр зыта цIыхухэм я бжыгъэр зыми къыхуэлъытэнукъым. Адыгэ лъапсэр къапщтэмэ, блэкIа лIэщIыгъуэхэм яхузэфIэкI къамыгъанэу ар зэхафыщIащ хамэщI къикIа хьэщхьэрыIуэ гущIэгъуншэ куэдым. ЦIыху минхэр сабийти, балигъти, лIыжьти, фызыжьти жамыIэу, былымым хуэдэу зэтраукIащ, я унэхэр, псэуалъэхэр ягъэсащ, жылэ – жылэкIэ лъапсэрыхыр къыхуагъэкIуащ, урыс пащтыхьым и генералыжьхэу Ермоловыжьыр зи пашэхэм. Абыхэм я фочыпэмкIэ кIуэцIыуэурэ, мыжурэр кIуэцIаIуурэ лIэр лIэуэ, къанэр къанэу тенджыз Iуфэм ирахулIа адыгэхэм ящыщ куэдыр абдежым щылIащ, уз бзаджэр – емынэ узыр къахыхьэри. Абы къелахэм я псэр ирехьэжьэри тенджызым зэпрыкIащ, хэкIуадэр хэкIуадэу. Къэнахэр къэралхэм щызэбгырыкIащ. Ар щалъагъужынум пэплъэурэ дапхуэдиз мы дунеижьыр зыбгынар. Дыщэм ухэсми уи лъахэм хуэдэ зыри щыIэкъым. Абы уихъумэнущ, уигъэшхэнущ, ар зэи берычэтыншэ хъунукъым. Мыщи аращ и псэр и лъахэжьым щIихьыжыр. Абы щыпсэууэ лIэмэ насыпышхуэу къилъытэнущ. Зы жэщ – махуэм зэ фIэкIа ямыгъашхэми, дагъэхьэж закъуэмэ, жэнэтым ису къыщыхъунущ.

Ар абы щыдэсам и гъунэгъухэр Iейуэ къыхущытакъым. Иджыри абыхэм зэзэмызэ хьэлу Iыхьэ къыхуадзмэ къуэлIыкIынкъым. «Уи унэжь – пхъэжь мафIэ» ауэ сытми жаIакъым. Жансурэт – щэ? Ар игу къыщыкIыжкIэ, къощтэри, къызыщIоувыIыкI. ПщIантIэм щыдыхьэжкIэ, белми, гуахъуэми къыIэрыхьэр къриутIыпщыну къыфIощI. «Хьэуэ, хьэуэ, сэ сыщоуэ» – и гур егъэфI Мыщэ,– щытыжын хуейкъым иджы Жансурэт апхуэдэу. И ныбжьыр хэкIуэтащи, зыщIэгупсысыжауэ къыщIэкIынщ.

Абы и закъуэкъым. И пхъур, Маринэ и ныбжь нэсу унагъуэ ихьэу бын игъуэтамэ, и пхъурылъху цIыкIухэм нэхъ гущабэ ящIауэ къыщIэкIынщ. Унагъуэ Iэщхэм я къыдыхьэжыгъуэ зэманым нэблэгъат, Инал и хьэблэкIэ зэджэ Нэхунэ и къуажэм Мыщэ щынэсыжам. ТIысауэ мэгупсысэ. Иджыпсту зищтэрэ къуажэ уэрамым дыхьэмэ, унэхьэхэр къежэу къашхынкIэ хъунущ. Пшапэр зэхэуэмэ нэхъ тэмэму къыфIощI. ИтIанэ зыми гу къылъимытэу пщIантIэм зыщиплъыхьынущ. Хэт ищIэрэ занщIэу и щхьэр къыщIыдихыжын щилъагъункIэ хъунущ.

Пабжьэ гуэрэн тIэкIум Мыщэ хэсурэ, хьэблэ жэмхэр къыдохьэж. Абыхэм къапежьа цIыхухэри я жэмхэм я ужьым иту я пщIантIэхэмкIэ яунэтIыж.

А дакъикъэхэм Мыщэ и нэгум къыщIоувэж Нэхунэ жэм щызэрихуа зэманыр. Абы щыгъуэ Мыщэ и щIалэгъуэт, и делэгъуэт. Хэт сэ къыстекIуэн жиIэу, и къарум къигъэгугъэрт. Пэжуи абы къыфIэмылIыкI хьэ Иналхьэблэм щыIэтэкъым. Мыщэ къалъэгъуамэ, я кIэр бэкъум дэупщIауэ, лъэныкъуэ зрагъэзырт.

Дэнэ щымыIэми, Нэхунэ и жэм къэшыгъуэм ирихьэлIэу Мыщэ къэкIуэжырти Iуэбжэм деж тIысырт, зэзэмызэ и бзэгур къригъэжрэ зэIурыбзаеу. Ар абдежым къыIукIыртэкъым Нэхунэ Iуэм къимыкIыжауэ. Шэ пэгуныр иIыгъыу Нэхунэ абы къыщикIыжкIэ, и кIэр игъэкIэрахъуэурэ бгъэдыхьэрти худэплъейрт. ИтIанэ ежьэрти, Нэхунэ къыхуеплъэкIыурэ, унэмкIэ кIуэжырт. КIэлындор дэкIуеипIэм зэрынэсу, абдежым щыт хьэкхъуафэм бгъэдэувэрти, и щхьэр ирихьэх-къиIэтыжу щытт.

«СощIэ, сощIэ узыхуейр, – жиIэрт Нэхунэ Мыщэ еплъурэ, – шэ хуабэ тIэкIу уефэну аращ. Ехьейуи уезгъэфэн, моуэ зы дакъикъэкIэ къызэжьэ» – жиIэурэ унэм щIыхьэжырт. ИтIанэ пхъэ шынакъышхуэм и зэхуэдитIым нэс шэ къэшагъащIэ хуабэр ирикIэрт, щIакхъуэми пIастэми хипIытIэжырти къыхущIихырт. Ар Мыщэ апхуэдизкIэ фIэфIу ишхырти, итаIауэ умыщIэжыну, къибзеижырт.

Ауэ а псори Мыщэ и гукъэкIыжу арат. Пшапэр зэхэуэу цIыхухэр я унэм екIуэлIэжа иужь, алъандэрэ зыхэса пабжьэ гуэрэным сакъыпэурэ Мыщэ къыхокI. Зеплъыхь. ИхъуреягъкIэ мамырщ. Йожьэри, уэрамым тохьэ. МакIуэ сакъыпэурэ. Хьэ закъуэтIакъуэ яIууэмэ къапекIухь, хьэргъэшыргъэ къимыгъэхъеин щхьэкIэ.

Носыж ар Нэхунэ и щIапIэм. Куэбжэр гъэбыдат. Йолъэ бжыхьми, хадэм иту кIуэурэ, унэ гупэмкIэ къокIуэкI, къыщIэкIри щIыхьэжри илъагъун хуэдэу, бжыхьым адэкIэ къотIыс. КIэлындорыр уэздыгъэр маблэ, щхьэгъубжэ нэхумкIэ елъагъу: унэ кIуэцIым цIыху гуэрхэр щызокIуэ. «Шэч хэмылъу, ар Жансурэтщ» – игукIэ жеIэ Мыщэ.

Дэтщ пщIантIэм иджыри, и лъабжьэм щIэсу гъэмахуэр щигъакIуэу щыта кхъужьей жыгыжьыр. Бжыхьым къызэрыбгъэдэтщ бадзэуэгъуэ махуэхэм и лъабжьэм щIэпщхьэурэ хьэ бжьыдзэм зыщыщихъумэу щыта дуужьри. Ауэ ар зытет щхьэл мывэ къутахуэм кхъахэ хъуа дур иджыри Iэтауэ яIыгъщ. Абы и лъабжьэм Мыщэ щIопщхьэ, пщIантIэм щызекIуэхэр илъагъун хуэдэу. Игури и псэри тыншыжащ, и Iуэхур зыхуэкIуэнур имыщIэми. И пщIантIэм хуиту зыщиукъуэдиижа, дэсхэми ягурыIуэжа фIэкIа пщIэнкъым.

И гур мамырт, къикIуа гъуэгуанэ кIыхьми иригъэшати, щIиукъуэдиикIа и фIалъэ лъакъуитIым и щхьэр телъу, Мыщэ Iурехри, жей IэфIым и курыкупсэм хохьэ. УеджэкIи узыхимыхынум хуэдэщ ар, апхуэдизкIэ и гур мамырыжауэ мэжейри.

Пщэдджыжьым Мыщэ хуэжьыIуэу къоIуш. Нэхулъэ къыщищIым лъэуейм къелъа джэдхэри джэдэщ гъуанэмкIэ къипщурэ пщIантIэм щызэбгырокI. КъыщIэкIыу хъуар ибж фIэкIа умыщIэну, адакъэ лъэджажэ кIыхьыр къипщыпIэм деж щытщ. Языныкъуэ джэдхэм «Къу – къу – къукъу» жиIэурэ бгъэкIэ яжьэхоуэ. Ар джэдхэм я пащтыхьми, и жыIэ фIэкIауэ ауэ жыжьэуи идэнукъым.

Мыщэ адакъэжьым йохъуапсэ. «И насыпкъэ абы, – жеIэ игумкIэ,– махуэ псом хуиту пщIантIэм дэтщ, и жыIэ тIу ямыщIу джэдхэр къедаIуэу. Сэ мыгъуэ зыми зыри жезмыIэу, зыми и жагъуэ сымыщIу, къызатIамэ сшхыуэ, къызамытIами щхьэжэ сымыщIу хъумакIуэ пэжу пщIантIэм сыдэсынт.

Жэм шыгъуэ хъуати, Iэ ижьымкIэ пэгуныр иIыгъыу, цIыхубз гуэр унэм къыщIокI. Йоплъыр абы Мыщэ, и нитIыр триубыдауэ. КъыхуэцIыхуркъым. Нэхъри еплъыпэмэ, Жансурэтщ. Мастэ къыхаIуам хуэдэу, Мыщэ и гур къыходзэкъыкI. Жьыфэ къытеуа мыхъумэ, и нэгум къищ гынбжьыныгъэм зэрызихъуэжа щыIэкъым. Мыщэ нэщхъей къохъу. Нэхъ иужьыIуэкIэ, Iэ ижьымкIэ иIыгъ башыр зыщIигъакъуэурэ унэм къыщIэкIауэ кIэлындорым къох лIы гуэри. «Догуэт, догуэт, ар мы – Муриду пIэрэ? Тобэ ярэбий, сыту жьыфэ Iей къытеуа а тхьэмыщкIэм. Жансурэт и жьэм имычэзууэ жьы ищIащ ари. Хьэуэ, сыкъэкIужа щхьэкIэ мы пщIантIэм си нэсып дэлъыжу къыщIэкIынкъым. Муратрэ Маринэрэ я гъащIэр дауэ хъуауэ пIэрэ, Мурат, дауи бынунэщ. Марини унагъуэ ихьэу бын игъуэтыжауэ къыщIэкIынщ я псэупIэр. Жансурэтрэ Муридрэ къалэм къыдэIэпхъукIыжу мыбы къэкIуэжауэ щыпсэууэ аращ. Яху а тIуми Нэхунэрэ абы и щхьэгъусэ Датрэ я лъэужьыр. Дэтхэнэ жьыгъэми ди гъуэгур арауэ къыщIэкIынщ.

Зыхуигъэшэчри, пшапэр зэхэуэху Мыщэ ду лъабжьэм щIэлъащ. КIыфI зэрыхъуу и щхьэр къыдихыжри, екIуэлIапIэ зимыIэ хьэхэм ящыщу уэрамым дыхьэжащ. Махуэм дэнэ щымыIэми, пщыхьэщхьэм ар йокIуэлIэж Нэхунэ и лъахэм пэмыжыжэу хэщIапIэ ищIа псей жыг лъабжьем. Абы щIэлъу жэщыр егъакIуэ. Махуэм пхъэнкIий идзыпIэхэм ерыскъы кIэрыхубжьэрыхухэр къыщигъуэтурэ ешх, зыщигъэнщIыр зэзэмызэу. Плъэмэ Нэхунэ и лъапсэр илъагъуу мэпсори, абы и гур иригъэфIурэ, махуэхэмрэ жэщхэмрэ егъакIуэ. «Сэри куэдрэ сыпсэужыну къыщIэкIынкъым, сылIэмэ мыбдежым сыщыщIатIэжынщ», – йогупсыс жэщкIэрэ Мыщэ и гъащIэм.

Нэху ща иужь, нэхъапэхэм хуэдэу, жьыуэ шхын лъыхъуэ ежьэжыфыркъым. Дыгъэм зыкъиIэтыху щIэлъщ псей лъабжьэм, зиукъуэдий – зишыхьыжу.

Зы пщэдджыжь гуэрым, гъуэлъэгъу къыхуэхъуа хьэ хьэулейхэр зэбгырыкIауэ, Мыщэ и закъуэ псей лъабжьэм щIэлът, зыкъиIэтын щхьэхыу. Жьы ухъуамэ Iуэхушхуэкъэ! И щIыбагъыр здэгъэза гъуэгу лъэныкъуэмкIэ «Мыщэ, Мыщэ!» – жиIэурэ зыгуэр къоджэ. Ар и щыпэ зэхэхтэкъыми, зыкъигъэхъейркъым. ЦIыхухэм я нэхъыбэр ямыцIыху хьэхэм зэреджэр Мыщэщ е Пэрийщ, нэхъ цIыкIумэ ДамкIэщ, е Шарикщ. Нышэдиби апхуэдэ зыгуэрым иригъэщхьауэ зыкъигъэхъейркъым. «Мыщэ! Мыщэ!» – къоджэ аргуэру тригъэчыныхьу. Мыщэ и щхьэр къеIэтри, сыт укъыскIэрыхъыжьауэ сыщIумыгъэпсэур жыхуиIэу, и щIыбагъымкIэ йоплъэкI. «Мыщэ! Мыщэ!» – къоджэ аргуэру. Мыр хэтми скIэрыкIынукъым,– къехьэлъэкIыпэурэ къызэфIоувэ. Плъэмэ, и цIэмкIэ къеджэр цIыхубз гуэрщ. «Мыщэ, уэракъэ ар? Мыдэ къызбгъэдыхьэ.

Мыщэ абы йоплъ. «Си нэр нэжмэ, а слъагъур Маринэщ. Арауэ пIэрэ? Арамэ…» Мыщэ, ар сэращ, Маринэщ, къакIуэ мыдэ си деж. Сыту гъурIей ухъуа, тхьэмыщкIэ. Иджыри къэс мыпхуэдэу екIуэлIэпIэншэу упсэу мыгъуэрэ? Алыхь уэ дунейм утетыжу симыгугъа. И щхьэр дихри кIуэдащ жиIэрт Мурат. Ари унагъуэ хъуауэ къалэм щопсэу. Сэри абы сыдэсщ, сабиитI згъуэтащ. Ди мамэрэ папэрэ Нэхунэ и щIапIэм исщ. НакIуэ, сэри абыхэм я деж сокIуэри, уздэсшэнщ».

Абыхэм, ицIыхухэм я цIэхэр кърибжэкIыурэ къыщепсалъэкIэ, ар зэры – Маринэм Мыщэ шэч къытрихьэжыркъым. Маринэ бжыхьым адэкIэ лъэс лъагъуэм тету, Мыщэ бжыхьым и мыдрей лъэныкъуэмкIэ щыту, зыр адрейм хуеплъэкIыу макIуэ. ДэкIыпIэ куэбжэ цIыкIум щынэскIэ, тIури зэбгъурыту зэгъусэ мэхъу.

МакIуэ а тIур Нэхунэ и лъапсэм. Мыщэ Маринэ худоплъей, Жансурэт сыдигъэхьэну пIэрэ жыхуиIэу. «Умыгузавэ жеIэ Марини, ар къыгурыIуауэ,– иджы Жансурэт апхуэдэжкъым. Жьы хъуащ. Уэ пщIэркъэ,зи ныбжь, хэкIуатэр куэдкIэ зыщIогупсысыж. «Дауи, ар фи анэщи, фи дежкIэ фIыщ» – жиIэ хуэдэу Мыщэ йоплъых. ИтIанэ и щхьэр къеIэтыжри, Маринэ хуеплъэкIыурэ, нэщхъыфIэ къэхъужауэ, макIуэ.

ТIури зэгъусэу пщIантIэм дохьэж. Мыщэ и гур нэхъ хуабжьу къеуэ хъуащ. ЗыщIэувыIыкI хуэдэу зещI, итIани, Маринэ и гушхуэныгъэр иIыгъыу, йожьэж. «Умыгузавэ, Мыщэ, зыми зыри къуищIэнукъым».

БжэIупэм зэрыIухьэжу, Маринэ маджэ: «Мамэ! Мамэ! Мыдэ псынщIэу къыщIэкIыт! Мы къэкIуар плъагъурэ?»

Бжэр къыIуехри, Iэдакъэжьауэ ищIу, цIыхубз гуэр кIэлындорым къытохьэ.

– Хэт ар? – къоджэ и натIэм теса нэгъуджэр къригъэкIуэтэхауэ.

– Сэращ, Мамэ, Маринэщ. Мы си гъусэр плъагъуркъэ?

– Хьэ гуэр солъагъу.

– Мыр хьэ гуэркъым – Мыщэщ, ди Мыщэщ. ПщIэжыркъэ ар?

– Ан–на, сыт а жыпIэр!

Жансурэт хуэмурэ кIэлындорым къох. ЛъэбакъуитI-щы къечри, аргуэру къоувыIэ. Къоплъэ. Къожьэж. Къабгъэдохьэ. Зигъэщхъауэ, зыри жимыIэу Мыщэ и щхьэм толъэщIыхь. Магъ Жансурэт зэщыджу. Хуэмубыду и нэпсыр къыфIыщIокI.

– Алыхри бегымбарри узогъэлъэIу, Мыщэ, къысхуэгъэгъу, икъукIэ лей уэсхащ. ШкIумпIт абы щыгъуэ мыр, – жиIэурэ и натIэм IэштIымкIэ тоуIуэ Жансурэт. Ей, бетэмал, хъуакъым ар. ЯпэкIэ сыплъауэ щытамэ, ар къысщыщIынтэкъым. ПщIыхьэпIэу дапщэщи си нэгу ущIэкIауэ пщIэрэ уэ, Мыщэ?

– Зи бзэ мыпсалъэ хьэм «къысхуэгъэгъу» жепIэкIэ сыт, мамэ. А тхьэмыщкIэм лейуэ епхар къыпхуигъэгъуну Алыхьым елъэIу. Ар бгъэзэкIуэжыну ухуеймэ, мис Мыщэ къыпхуэсшэжащи, егугъу гъашхэурэ зыкъегъэужьыж. Плъагъуркъэ мы тхьэмыщкIэр гъур зэрыхъуар. Мы пщIантIэм зэрыдэкIрэ и ныбэ изу шхауэ къыщIэкIынкъым.

– Си жьэ ерыскъы дзэкъэгъуэ дэсхьеинкъым, Мыщэ и Iыхьэ хэмыкIауэ. Тобэ, тобэ, сыту Iеищэ ухъуа. Фэрмэ къупщхьэми укъыхуэнай. КIущэ тхьэмыщкIи къекIуэлIэжамэ арат. Абыи куэдрэ сыхуилъа мыгъуэщ.

– Ухуилъа къудейкъым, мамэ. Iэджэрэ жыхапхъэ ебутIыпщащ, и кIэмкIэ къэбубыду унэм щIэбдзащ.

– Ари пэжщ, ауэ сэри а зэманым сытэмакъкIэщIу щытащ. «Хьэм и губжьыр кхъуэм трелъхьэ» жыхуаIэм хуэдэу ди псэукIэ зэкIэлъымыкIуэм тэмакъкIэщI сищIауэ, си губжьыр хэтми зыгуэрым тезмыкъутауэ си гур и пIэм итIысхьэжыртэкъым. Уэ иджы къыбгурыIуами сщIэркъым, си хъыджэбз, ауэ унагъуэм къыщыхъей псалъэмакъхэм я нэхъыбэр къызыхэкIыр псэукIэ зэкIэлъымыкIуэрщ. Уи адэмрэ сэрэ щхьэгъусэ дызэхуэхъуа иужь, дызыхуей дымыгъуэту фэ фыкъэжэпхъыху гугъу дехьащ. Уи адэр Iуниверситетым егъэджакIуэу щылажьэрт, ауэ кандидат, доктор цIэхэр иIэтэкъыми мазэ улахуэр мащIэ дыдэт. Сэ сымаджэщым сыщылажьэрт. Си мазэ улахуэр, щIакхъуэ уасэ къысхуэмынэжу, зы бэзэр кIуэгъуэм текIуадэрт. Абы щыгъуэми мы жылэм къейлыжа щыгъын лъапIэхэм, импортнэ жыхуаIэхэм хуэдэ къэсщэхуми аратэкъэ. ТIуми ди улахуэр зэхэту тшхынымрэ ди фэ къимыщу къэткIухьынымрэ тенэцIыхьауэ хурикъуу арат. Абы нэмыщIыжкIэ мы къуажэр къытпыщIати, зы щэбэти, тхьэмахуи дэмыкIыу дыкъэкIуэжырт. АпщIондэху лIыжьымрэ фызыжьымрэ я пащхьэм IэнэщIу дыкъихьэжыфыртэкъым. Дэ зыхуэдгъэныкъуэурэ тхъуцIынэ, лы жыпIэми къахуэдмыхьIауэ дыкъэкIуэжыртэкъым. Абы дызэрыщыIэ махуитIми етIысэх жыхуаIэ диIэтэкъым. Гъэмахуэм хадэм дилэжьыхьырт: хэтсэрт хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр зыхуей хуэзэу зепхьэн щхьэкIэ дапхуэдиз пыщIауэ пщIэрэт. Абы пыщIати фи адэм етIысэх жыхуаIэр ищIэртэкъым. А махуитIым гугъу зэрехьар къемыхьэльэкIу лэжьапIэм кIуэрт. Щэбэт-тхьэмахуэр къэсырти, аргуэрыжьу къуажэм дыкIуэжыну гъуэгу дытеувэрт.

Ди фэм дэкIа адрейхэм я гугъу умыщIыхи, фэ, ди бынитIыр, ди Iэблэ зэрызым фытесу, адрей ди Iэблэ зэрызымкIэ сумкIэ хьэлъэ тIыгъыу автобускIэ къуажэм дыкIуэжу ди фэм икIар зымыгъэунэхуам ауэ жыжьэуи и нэгум къыхущIэгъэхьэнукъым. Уэшх къешхми, уэс къесми, утеувэ мыхъуу мылми къэдгъанэртэкъым. Абы щыгъуэми автобусым дыкъикIыжа иужь, километрищ – плIы лъэсу ткIужырт. Щыгъыну тщыгъыр къанэ щымыIэу псыф хъуху Iэджэрэ уэлбанэм гъуэгум дытриубыдащ. Ди Iэпэлъапэр пыщтыкIауэ фэри фыдиярэ фыгъуэгыу щIымахуэм зэпытча гъуэгуанэм и гугъу умыщIыххэ. Абыхэм тэмакъкIэщI уащIын уи гугъэтэкъэ, си хъыджэбз. Мис апхуэдэу ди псэр зэпычу, хуиту зыдгъэпсэхуну зы махуэ дыхущIэмыхьэу ди щIалэгъуэр дгъэкIуащ. Уэ узипхъущи дэнэ сыпхьыжын, сымыукIытэжыхэу бжесIэнщи, уи адэмрэ сэрэ ди пIэщхьэгъ зыуэ зы жэщ нэху дыкъекIыну Iэмал дымыгъуэту, тхьэмахуэ, тхьэмахуитI щекIуэкI Iэджэрэ къэхъурт. Апхуэдэ гъащIэкIэ Алыхьым зыми сыхуимыгъэупсэкIэ.

Ан – на, делэ сыхъужа си гугъэщ, сыпсалъэурэ фи щхьэр згъэузащ. НакIуэ ныщIыхьэ унэм. Уэри, Мыщэ, гъащIэу къысхуэнэжар сухыху бэлыхьу птезгъэлъар зэрыспшыныжыным сыхущIэкъунущ. Дэс мы пщIантIэм зыкIи укъыхэмыскIыкIыу. КIущи къэкIуэжамэ арат. КъыкъуэкIыжу щытмэ, сылIэху ари си пIэ кIапэм тезгъэсынщ. И жагъуэ къащIу зыми хуэздэнкъым.

Iыхьэ II

«Iей мыхъу фIы хъужыркъым» жеIэ адыгэ псалъэжьым. Мыщэ и щхьэм кърикIуа псори щыгъупщэжа фIэкIа умыщIэну, и щхьэр лъагэу илъагъужащ иджыпсту. И жьыщхьэ иIуэтэжауэ къелъытэ. Йожьэри, нобэ япэ дыдэу мы пщIантIэм къыдыхьам хуэдэу плIэнэпи, щIыхьэпIи къимыгъанэу зэпеплъыхь. Елъагъу, псэ зыIутхэм я закъуэкъым жьы хъур. Зэманым и нэпкъыжьэ якIэрыболъагъуэ пщIанIэм дэт, дэлъ псоми. Абыхэм якIэлъыIэбэн пщIантIэм дэсауэ щытамэ зэи къыкъуэмыкIыжыну зи дыгъэр къухьэж гъащIэм и фэ Нэхунэ и пщIантIэм къытеуэнтэкъым. Гуэщыщхьэм телъ бгъэныр Цу и лъэгум и щыпаупщIу къашэу щытрабгъауэ щытар Мыщэ и нэгум къыщIоувэж. Иджыпстууи къыщIихьэ хуэдэщ паупщIагъащIэ бгъэным и мэр. Гуэщым и бжьыхьэкIапэхэм бзухэм абгъуэ щащIауэ гъэмахуэ къэс щыкIэцIырт, шыр цIыкIухэр къыщрашырт, я дамэ цIыкIухэр жыуэ езыр-езырхэу лъатэф хъуху щагъашхэрт. Иджы апхуэдэ зыгуэри пщIантIэм дэплъэгъуэжыркъым. Бгъэныщхьэ ныкъуэфыр бзухэми ябгынащ. Iэпхъуащ ахэр и фIыгъуэу гъащIэр щыщIэращIэ нэгъуэщI пщIантIэ. ЩымащIэкъым апхуэдэхэр Жыг фIыцIэ къуажэм. Жьым и пIэ щIэ къихъуэн хуейщ дапщэщи. Ар гъащIэм и нэщэнэщ. Дыгъэу къатепсэр яфIэмащIэу, уэшхыу къатешхэмкIэ замыгъэнщIу къохъу жыгыщIэ цIыкIухэм пызыщэну щIэблэ цIыкIухэр.

– Тхьэ, мамэ, иджы уимызакъуэу къэплъытэ хъунум Мыщэ ящхьу, Жыг фIыцIэ къуажэм дэс унагъуэхэм къащIоувэ абы и гъащIэм къыщыкIуэжакIэ. ПщIантIэм къыдыхьэIами къуигъэщIэнущ. Дэри махуэ къэс дыкъэкIуэжыфыркъым. Ди адэр сымаджэрилэщи, зэманым и нэхъыбэр сымаджэщым щегъакIуэ. Пщыхьэщхьэ абы ишхын хуэсхьынущи, Мыщэ къызэрыкIуэжар жесIэнщи згъэгуфIэнщ. Абы и гугъу щIэх-щIэхыурэ ещI, и гуэныхь къэдмыхьауэ тхьэм къыщIигъэкI жеIэ.

– Алыхь, Маринэ, Мыщэ и гуэныхь фэ фтемылъ. Зыгуэрым абы хуэмыфащэ ирипэсамэ ар сэращи, Алыхьу тэхьэлам солъэIу къысхуигъэгъуну. Муратрэ уэрэ фызэрыцIыкIу лъандэрэ Мыщэрэ КIущэрэ факъыщхьэщыжу, сэ сатеплъэ мыхъуу зэманыр кIуащ. Иджыщ сэ къыщызгурыIуэжар а псэущхьитIыр бэлыхьу зыхэзгъэтар.

ТIэкIу зырегъэпсэху къажриIэщ къеIэзэ дохутырми, Мурид сымаджэщым къыщIашыж. И щхьэ трачу зыми зыри жимыIэф щхьэкIэ абы къеузыр яхуэмыгъэхъужым хуэдэщ. Езы Муриди ар къыгурыIуэжауэ къыщIэкIынущ, арщхьэкIэ, дэтхэнэ цIыхури апхуэдэщи, и псэр пытыху гугъэнущ. «Си Iуэхур зыхуэкIуэнур Алыхьым бгъэдэслъхьащ, абы къысхуищI унафэмкIэ сыарэзыщ» – жеIэ. Унэм щIэкIыу баш иIыгъыу пщIантIэм къыщимыкIухьыжыф хъуащ. Нэхъыбэм хэлъщ. КъыщIыхьэIамэ къызэфIотIысхьэри Iэджэми щIоупщIэ. Къуажэм щыщу хэт яшами, хэт къишами, хэт и нысэ икIыжами щIоупщIэ. ЕкIуэкI гъащIэм пэIэщIэ зищIыну хуейкъым. Узым иубыдами, мэгугъэ псэуну. КъигъэщIамкIэ ирикъуауэ дунейм зы цIыхуи ехыжакъым. Алыхьыр къыхуэупсэу илъэс щитIкIэ псэуа лIым псэхэхыр къыщыхуэкIуэм, зэ умыпIащIэт» – жиIэри Алыхьым аргуэру елъэIуащ жи мыпхуэдэу: «КъэзгъэщIар сэ къызэрысщыхъур зы бжэмкIэ сыщIыхьэу адрей бжэмкIэ сыкъыщIэкIыжауэ аращи, иджыри тIэкIу си гъащIэм къысхупыщэ» – жиIэри.

Дэтхэнэ цIыхухэри псэухукIэ мэгугъэ. Гугъэни хуейщ. Сэ сщIэнур сщIащ жыпIэу къоуэлIа узым зепту щытмэ псынщIэ дыдэу къыппэлъэщынущ. «ГъащIэр бэнэныгъэщ» ауэ сытми жаIакъым. Мурид и адэр илъэс бгъущIрэ тхум нэблагъэкIэ псэуащ. Алыхьым къыхуигъэфэща гъащIэр иухауэ и псэм еджэу здытелъым, гузавэу щхьэщыт и бынхэм къахудэплъейри жиIащ: «Мы дуней дахэр къэзгъанэу дауэ сехыжыну». АфIэкIа жимыIэжу и нэр зэтрипIэри, къэзыгъанэ и псэм и Iэужьу, и накIэ зэрызымкIэ къыщIэткIуа нэпсыр и тхьэкIумэм нэсыху ежэхащ. Муриди мэгугъэ и адэм и ныбжьым нэсыху псэуну.

Пшапэ зэхэуэгъуэм нэблэгъауэ, имыхабзэу Мыщэ мэпщIэу. «Къэхъуар сыту пIэрэ? – мэгузавэ Жансурэт. Япэ щIыкIэ къыфIощI Мыщэ зыгуэр зыдигъуэу.

– ЩIэкIи плъэт, – жеIэ Мурид, и IэблитIыр зыщIигъакъуэурэ и щхьэр къеIэтри. – КъыдыхьэIами пщIэркъым. Муратрэ Хынабдзэри къэкIуэж хъунщ.

– Нобэ, е щэбэткъым, е тхьэмахуэкъым дауэ къызэрыкIуэжынур, – жеIэ Жансурэт. – Махуэ псом лэжьауэ сабиитIри якIэрыщIауэ абы нэс къикIыу къэкIуэжыфын ахэр.

Жансурэт щIокI бжэкъуагъым къуэт башыр къищтауэ зыщIигъакъуэурэ. Зиплъыхь щхьэкIэ зыри илъагъуркъым. Мыщэ бгъэдыхьауэ и щхьэм толъэщIыхь «Сыт къыпщыщIар, си псэр зышхын тIэсэ», – жиIэурэ. ХьэмбыIуу щыс Мыщэ и пхэр къиIэт-етIысэхыжурэ гуэщымкIэ маплъэ хэпщIэукIыурэ. Жансурэт къыхуэщIэркъым ар зыхуейр. ИтIанэ гъэщхъауэ зыщхьэщыта хьэм зыкъыщхьэщеIэтыкIыжри, Мыщэ и щхьэр здэгъэзамкIэ, Iэдакъэжьауэ ищIурэ маплъэ. «Алыхь, Мыщэ, а уздэбанэмкIэ зыри щымыIэ, – жеIэ Жапсурэт. – Iэщкъым, джэдкъазкъым зэрыжаIэу а псэуалъэ бгынэжам хэт уи гугъэрэ къэкIуэнур. Ахэри щыдиIам нэхъыфIт. Зи мыхъуми гъэш, джэдыкIэ дыщыщIэртэкъым. Иджы къалэм къытхурахым дыщыгугъыу дыкъэнащ. ЗылъэмыкIыж дэтхэнэми аращ и IэнатIэр. Алыхьым тхуигъэузыншэ Хынабдзэ. ДыщигъащIэркъым гъэшхэкI ерыскъым. Чефири, шати, кхъуейлъалъи ди щIыIэлъэм сытым дежи дэлъщ. Ауэ ууейуэ къэпщтэжым хуэдэ щыIэкъым. Чефирыр Мурид фIэфIщ, зыпищI щымыIэу иреф. Шатэращ илъагъумыхъур. «Мыр шатэкъым-шхущ, – жеIэ къалмыкъшейм хикIэну щесткIэ, – Шхум хуэдэу зэщIокI». Ар сощIэри, гъунэгъухэм я деж шатэ къыщызощэхури шейхэкIэу хузызохьэ.

Алыхь хьэблэм дэсхэми шэ е шатэ къуамыщэф. Кърагъэзэгъыркъым. Ауэ щыхъукIи бэзэрым яхьурэ ящэ.

Сынопсалъэурэ уи щхьэр згъэузауэ къыщIэкIынщ, Мыщэ. А псом уэ сыт мыгъуэ хэпщIыкIрэ. Фызыжь делэ жыхуаIэр сэ схуэдэщ. КъыбгурыIуэ хуэдэ си щхьэр къовэри сыщытщ. Аращ-тIэ, жьыгъэр фIыуэ щытамэ, абы зыпыIуадзу дунейр яхьынтэкъым. Аращ къызыдэкIуэр щхьэхуэпсалъэ хъунри.

Мыщи, Жансурэт къепсэлъэху, жиIаухъуар къыгурыIуэм хуэдэу, мамыру щысащ. ИтIанэ, аргуэру щIедзэжри, гуэщымкIэ плъэуэрэ хопщIэукI. ЗыкъеIэтри абыкIэ макIуэ. Жансурэти кIэлъокIуэ. Носри, Мыщэ гуэнэщыщхьэм дэлъеину хуожьэ, арщхьэкIэ блыным кIэрыувэ мыхъумэ зиIэтыфыркъым.

Абыи жьыгъэр къытекIуащ.

«Зэт-зэт, Мыщэ, уи пщIэуныр гъэбэяут, – жиIэурэ хьэм и щхьэм Жансурэт толъэщIыхь. А си тхьэкIумэм къиIуар джэду пщIэу макъщ. Гуэщ бгынэжар джэду хьэулей гуэрым псэупIэ ищIауэ арагъэнщ. НакIуэ, Мыщэ, нэкIуэж» – къожьэж Жансурэт. Мыщэ абы къыхуеплъыкIыурэ пщIэу мыхъумэ унэмкIэ къиунэтIыжыну и мурадкъым. И пщIэу макъым нэхъри зрегъэIэт Мыщэ, дыгъэбгъэнауэ дэнэ уздэкIуэр жыхуиIэу.

Жансурэт иIыгъ башыр зыщIигъакъуэурэ унэм носыжри кIэлындорым докIуей. «УкъэкIуэжрэ, Мыщэ» – жиIэурэ къызэплъэкIмэ, и пIэм къимыкIауэ щысщ хьэр. «КъэкIуэж, Мыщэ, ар джэду хьэулейщ» – щIохьэж Жансурэт унэм.

Абы и псалъэмакъыр зыхихауэ Мурид щIоупщIэ:

– Хэт, фызыжь, узыдэуэршэрыр?

– Алыхь, Мыщэм сызэпсалъэр. ГуэщымкIэ кIуэри хьэмбыIуу тIысауэ джэду пщIэу макъым щIэдэIуу, зэзэмызи хэпщIэукIыу щысщ. Гуэщыщхьэм дэлъеину хуежа щхьэкIэ зиIэтыфакъым. Жьы дыдэ хъуа мыгъуэщ.

– Джэду пщIэу макъ жыпIа? , – къызэфIотIысхьэ ерагъмыгъуейкIэ Мурид.

– А фызыжь делэ, ар джэду хьэулейуэ къыщIэкIынукъым! КIущэ къэкIуэжауэ арагъэнущ.

– Уи фIэщу жыпIэрэ! Алыхь абы си акъылыр хуэмыкIуа. Арауэ къыщIэкIмэ дунейнасыпу къэслъытэнт. Мыщэрэ абырэ зэгъусэу мы пщIантIэм дэсу слъагъумэ Алыхьым къысхуимыщIа щыIэкъым. А тIум ясха лейр сымылIэ щIыкIэ схуэгъэзэкIуэжмэ къысхуимыщIа фIыгъуэ щыIэкъым.

– Уэлэхьэ, фызыжь, уэ ар къохъулIэну уи гугъэми укъопцIэмэ. Уэ, езыр, хьэдрыхэ гъуэгум утетщи абыхэм я гуэныхьу къэпхьам щыщу дунейм щыпшыныжыфынур мащIэ дыдэщ. Къеймэтмахуэм здэпхьыну къыпхуэнэми урикъунщ.

– Елъ абы жиIэр! ИгъащIэм си Iупэм утесу уогъакIуэ уэ зэманыр. Сэ фIы гуэри сщIауэ къыщIэкIынщ къэзгъэщIа гъащIэм къриубыдэу.

– ПщIаIами зыхуэпщIар уи щхьэращ, ахъумэ нэгъуэщIым щхьэкIэ зы жэщи уи жей бгъэныкъуакъым. Хьэмрэ джэдумрэ я гугъу умыщIыхи ди анэ тхьэмыщкIэм псалъэ дыджу иупэсар гуэныхьу урикъунщ. Уэ Алыхьым гъэунэхуакIуэу гъусэ къыпхуищIауэ къыщIэкIынущ уи нысэ Хынабзэ. Ар къызэрытхущытым, къытхуищI пщIэмрэ щIыхьымрэ упсэууэ уи нэгум щIигъэкIыну аращ. Абы дерс гуэр къыхэпхынщ жысIэнущи, уи дыгъэ къухьэгъуэр къэблэгъащ. ИтIани уэ пхуэмыдэу нэхъыжьым гукъабзэ – щхьэкъабзэкIэ бгъэдэт цIыху зэрыщыIэр упсэу щIыкIэ Алыхьым уи нэгу щIегъэкIри, нэгъуэщI мыхъуми уи лIэгъуэм зыкъэпщIэжынщ.

Апхуэдэу зэрыжысIэм щхьэкIэ уэ жыхьэнэмэкIэ сыпхуэупсэу аракъым. ЗэгъащIэ ар фIыуэ. Сыт хуэдэу щымытми, ди гъащIэр здэдгъэкIуащ, бын къытщIэуващ. Тхьэм ахэр тхуигъэузыншэ, тхьэм дыщIригъэлъхьэж.

Мурид псэлъэху Жансурэт зыри пидзыжакъым. Пэжым нэр ирещI жыхуаIэрати, щыму щысащ. ИтIани и гум къыдрихьеяр жимыIэу хуэшэчакъым.

– Алыхь, лIыжь, блэкIар къэбужьгъыжу си нэкIум къыумыупцIэжами зыягъи мыкIынт. Сэ ар къызгурымыIуэжауэ уи гугъэми укъопцIэ. Солъагъу Хынабзэ гугъу зыкъызытхуригъэхьри. Си щхьэ, си бын нэхъыфIщ жимыIэу псори зыредзэкIри къуажэм къокIуэж. Дауи, ар абы и закъуэ и фIыщIэу къыщIэкIынкъым. АбыкIэ ди къуэм и фIыщIэри гъэкIуэдын хуейкъым.

– Пэжщ, цIыхухъум и щытыкIэми куэд иIыгъщ. Мурат зэрыцIыкIу лъандэрэ адэ – анэкIэ гумащIэщ. Ауэ мыри зыщумыгъэгъупщэ. ЦIыхубзыр хуейуэ щытмэ адэри, анэри, благъэри зэрыжаIэу IэщIыб уигъэщIыфынущ. Зэпымыууэ теткIуэу щытмэ псы ткIупсми мывэр еугъуэн. ЦIыхубзым и Iуэхури апхуэдэщ, и жьэр имыгъэувыIэу зэпымыууэ уи щхьэкуцIым къитIыхьу щытмэ акъылу илъыр иритIыкIыу езым ейр кърилъхьэфынущ. Сэр дыдэми уэ ар къызэпщIэфащ. Дапхуэдиз лей си анэм кIэлъызомыхьами уизмыгъэкIыжыфу сыбгъэшэчащ. Ди бынитIыращ здэсхьын сымышIар. Абы щхьэкIи къэзмыгъанэу Iэджэрэ яужь сихьащ Къэргъейхэ уахуэсшэжыну, арщхьэкIэ Нэхунэ адэкIи мыдэкIи сигъэбэкъуакъым «Фи бынхэр здэвмыпIыжу щытмэ быдзышэу узэзгъэфар хьэрэм пхузощI» – жиIэри. Жыжьэ сыIэбэнкъым. Мес си къуэ нэхъыжьым щхьэгъусэ хуэхъуар уэ пхуэдэ зыгуэрщи илъэсым зэ къэкIуэжу дыкъалъагъуми аращ. ДылIэми дытхъэми ящIэркъым. Ар щыцIыкIум щыгъуэ Мурат нэхърэ нэхъ гумащIэжт. Псом хуэмыдэу уэрщхьэкIэ имыщIэн щыIэтэкъым. Иджы еплъ зэрыхъуам. Иужьыгуащ ар фыз щхьэзыфIэфIым. И фызым къыжриIэр Алыхьым жиIауэ къыфIэщIыжу мэпсэу. И IеицIэ жыпIэмэ IэлфIыцIэу къызокIуэкI. Щхьэлбзаджэщ цIыхубзыр. Къыппэлъэщу абы ущIэхуа иужь упсэуху уихьэжынущ.

– Хъун мыгъуэщ, хъун! Къэхъуа псори зи лажьэр сэращ! – зэщыджу мэгъынанэ Жансурэт. – Сыт сщIэн Алыхьым къысхуищI си унафэщ. Сшэчынщ абы къыстрилъхьэ псори дунейкIи ахърэткIи. ЗикI умыгузавэ си гуэныхьым щыщ уэ къыплъагъэсынкъым. Ар уфIэмащIэу щытмэ уи нысэ Хынабдзэ и тхьэкIумэр хуэIуантIэ сэ уи анэм сызэрыхущыта дыдэм хуэдэу къысхущытыжыну. КъыжьдремыкI абы сэ схуэгъэзауэ зы псалъэ гуапэ. КъысхуремыщI гущIэгъу лъэпкъ. Срегъэунэху дунейкIэ уи япэкIэ мывэ бгъажэмэ узэрыхуэзэжынур. Адэ нэхъ пасэу сылIэу ахърэтым щысшэчамэ нэхъыфIт Алыхьым и тезыру сэ къыслъысынур. Иджы уэри уи жьэр умыгъэувыIэу укъызопIэскIу, фэмрэ къупщхьэмрэ сыкъыхуэна пэтми ар уфIэмащIэу. Ди щхьэщыгум ит Алыхьым солъэIу икIэщIыпIэкIэ псэхэхыр къысхуигъэкIуэну. Фи натIэм сиджэлыжмэ псори фытыншыжынщ.

И IэлъэщI кIапэмкIэ Жансурэт зызэпелъэщIыхьыжри, бжэныфэ нэмэзлыкъыр унэ лъэгум щеукъуэди, ахъшэм ищIыну. И ныбжьыр хэкIуатэу и гъащIэм и нэхъыбэр зэригъэкIуам зыщIигъэгупсысыжри нэмэз щIыкIэ зригъэщIауэ и зы нэмэз уахъты блимыгъэкIыу ещI. духьэуэ къабж псори зригъэщIащ и гъунэгъу духьэшы КIурацэ деж кIуэуэрэ. Къэзыгъэзэжыр Алыхьым ещтэ жаIэ. Нэмэз щыгъэр игъажэм тхьэ елъэIуурэ нэмэзлыкъым щытежае къохъу.

Жасы ищIу гъуэлъыжа щхьэкIэ, нэху щыху и нэбдзыпэ зэтрилъхьакъым. Апхуэдэщ жэщ къэси. Махуэм тIэкIу мэщхьэукъуэри, и жей псори абыкIэ зэфIокI. Нриуэ – къриуэурэ махуэр егъакIуэри тIэкIу тоу. Жэщыращ Жансурэт къытехьэлъэр. Гупсысэм зыщIиубыдауэ здыхэлъым абы и гъащIэр зэригъэкIуар тхылъ напэ зэрызурэ къызрегъэдзэкIыж. Ирилъагъуркъым абы гущIэубыдэ гуэри. Езыр–езырурэ и щхьэфэцым зыщиIэт къохъу. Щыхилъафэ зэзэмызэми гугъуехьыр телъущ зэрыжейр. Елъагъу пщIыхьэпIэу фIыцIэ защIэкIэ хуэпа гуэрхэм къауфэрэзыхьу, я Iэ бэлацэ шынагъуэхэр къыхуашийуэ, и пщэр щаубыдыкIыпэрэ ятхьэлэну къытегуплIэу. Гурыму хуежьэу, къыпщыщIар сыт жиIэу, Мурид къыщигъэуш къохъу ар.

ПщIыхьэпIэ мыфэмыцхэм жьыуэ къызэфIагъэувэ Жансурэт. Нышэдиби ар къэтэджу кIэлындорым къыщытехьам нэхулъэ къищIу хуежьа къудейт. Дунейри, цIыхухэри, къуалэбзухэри – псэ зыIут псори жей IэфIым зэщIиубыдащ, апхуэдизкIэ уэмщи, бжэIупэм Iут мэракIуэхъу жыгышхуэм и зы тхьэмпи хъейркъым. Жансурэт и закъуэщ зи псэр пIэм къыхэзыхар. А дакъикъэхэм абы и нэгум щIокI махуэщIэр къызэралъхур. Илъэс блыщIым щIигъуауэ псэуми, нышэдибэ фIэкIа гу лъитакъым абы гъащIэр къызэрыушым. ЩIакIуэ фIыцIэу щIым щхьэщылъа жэщыр зэлъыIукIуэтурэ и зэхуакум къыдоувэ нэр зыщыджыл пшэплъыр. КIуатэ пэтми абы зиукъуэдийуэрэ кIыфIыр щхьэщокIуэт. Джэуэ щIадзэ жьырытэдж къуалэбзу закъуэтIакъуэхэм. Уафэ джабэр къонэху. Иджы кIыфIыжкъым зытет кIэлындор кIыхьри, абы Жансурэт зыщеплъыхь. Аддэ плIанэпэм дэлъщ Мыщэ и пэр кIэ лъэбжьэм щIэлъу жейуэ. Абы щыбгъэдэкIуатэкIэ илъагъур япэ щIыкIэ и нэм къыфIэщIу къыщохъу. Нэхъри зригъэзыхрэ еплъмэ – Мыщэ и кIуэщIым зришыхьауэ джэду гуэри мэжей. «Тобэ ярэби, – жеIэ Жансурэт илъагъур игъэщIагъуэурэ, – «дунейм и къутэжыгъуэр къэблагъэмэ, хьэмрэ джэдумрэ зэфI хъунущ» жыхуаIэр мыракъэ. Догуэт-догуэт! Сыщыуэ си гугъэщ. Си нэр нэжу щытмэ мы слъагъур ди КIущэщ. КъыкъуэкIыжащ КIущэ! – пщэдджыжьым тIэкIу хилъэфа Мурид къигъэущу, ину жеIэ Жансурэт. «Бланэ щалъху йокIуэлIэж» жыхуаIэрти, КIущи къекIуэлIэжащ къыщыхъуа, ерыскъы IэфI куэд Нэхунэ щригъэшха лъахэм».

Жансурэт и псалъэмакъым къыдэуша КIущэ къыщхьэщытым къыщыIуплъэкIэ, Мыщэ и кIуэщIым къотэджыкIри, лъэныкъуэ зригъэзыну хуожьэ. Илъэс бжыгъэ дэкIами, щыгъупщэжакъым абы Жансурэт къызэрыхущытари иджыри и кIэмкIэ иубыду мэрэкIуей жыгыжьым ириудэкIыну къыфIощI. ПщIэууэрэ зыдекъузэ кIэлындор плIанэпэм. «КIущэ, дахэ, укъысщымышынэ, – жеIэ Жансурэт джэдум телъэщыхьыну Iэбэурэ, – СыIэбэмэ сылъэмыIэсыжу сыхуещIегъуэжащ Мыщэрэ уэрэ гынбжьыну сызэрыфхущытар. Фэри Алыхьым солъэIу къысхуэвгъэгъуну. Арэзы фыкъысхуэмыхъужауэ дунейм сехыжмэ си тIоулIэу аращ».

ГущIэгъу зыщIэлъ псалъэмакъыр зи бзэ мыпсалъэ КIущэ къыгурыIуащ. Зызыдикъузэ плIанэпэм къыдэкIауэ Жансурэт къыхудоплъей. «УмэжалIэ мыгъуэу къыщIэкIынщ. Сытуи гъурIей ухъуа. НакIуэ, тIэсэ, уи ныбэ из хъуху узгъэшхэнщ».

Жансурэт и ужьым иту, КIущэ унэм щIохьэ.

– А лIыжь, плъагъурэ мы къытхуэкIуэжар? Иджы псори дызэрыгъуэтыжащ. ГуфIэгъуэшхуэщ ар. СощIэ, си дежкIэ гъэунэхуакIуэщ ахэр. Дунейм щызепхьа лейр хьэдрыхэ здэпхьыну ухуэмеймэ упсэу щIыкIэ зытегъэкIыж – аращ абы къикIыр.

Мурид хуэмурэ къызэфIэтIысхьауэ утыкIум ис джэдум къоплъ.

– Мы слъагъур КIущэкъэ?

– КIущэщ, КIущэщ! – жеIэ Жансурэт, КъэкIуэжащ ари.

– Сыту фIыт, сыту фIыт, – Iыхьэлейуэ и гуапэ мэхъу ар Мурид. КъакIуэт тIэсэ, мыдэ си куэщIым къитIысхьэт. Си анэ тхьэмыщкIэр слъагъу хуэдэу къысфIэбгъэщIай. Уэ куэдрэ абы и тегъэупIэу, и жэщгъуэлъу ущытащ. Уэ унэм ущIэсу и закъуэ зэи зыкъилъытэжакъым. ДяпэкIэ укъыхэмыскIыкIыу дэс мы пщIантIэм, щIэс мы унэм. Сэ сыпсэуху зыми уи жагъуэ къезгъэщIынкъым.

Ар здыжиIэм Жансурэт дежкIэ КIущэ йоплъэкI. Иджыри абы дзыхьыщэ хуищIыркъым. Псалъэ дахэ куэд жриIами, щищIалэгъуэм зэрищIу щытам хуэдэу зыкъызэкъуихыу «выр-вырв» жиIэу унэм щIиутIыпщыкIыну къыфIощI. Уэ пхуэдэу Нэхуни къысщхьэщыжу щытащ, и гукIэ жиIэ хуэдэу КIущэ, итIани абы щхьэкIэ къимыгъанэу куэдрэ къыскIуэцIытIыхьащ, жэщ уае куэд щIыбым сыдэсу сигъэгъэкIуащ.

– КъызгуроIуэ, КIущэ, уэ а фызыжьым дежкIэ ущIеплъэкIыр,– жеIэ Мурид. «Уэри къодэIуэнукъым» – жыпIэну ухуейуэ аращ. Хьэуэ, апхуэдэукъым Iуэхур зэрыщытыр. КъыгурыIуэжащ абы къыпкIылъэзэрихьа лейр. Жэщми махуэми Алыхьым йолъэIу ар къыхуигъэгъуну.

– Ар пэжщ, КIущэ,– хьэмбыIуу тIысауэ Жансурэт джэдум толъэщIыхь. КIущи зыхещIэ абы иджыпсту жиIэхэр и гумрэ и псэмрэ къызэрыбгъэдэкIыр. А дакъикъэм зеIэтри, Мурид зэрылъ пIэм долъей. Къызэпеплъыхь и хъуреягъыр. ПIэм къыщикIухьурэ, уэншокуми, шхыIэнми, щхьэнтэми йопэм. КъыгуроIэ. Къабзэлъабзэщ Мурид зыхэлъ тепIэнщIэлъыныр. Дыхумэ мащIи къыкIэрех. Нэхунэ зыхэлъа пIэр апхуэдэтэкъым – гурымыхьт, мазэм зэ ижьыщIми арати… Хынабдзэ тхьэмахуэ къэс зэ тепIэнщIэлъыныр ехъуэж. ИжьыщI къудейкIэ и гур мызагъэу крахмал щIегъэжри егъэгъущыж. Ету щытридзэкIэ зэ, тIэу иригъэжэгъуэкIэ и гур загъэркъым, зригъэдзэкIыурэ упIышкIугъэ лъэпкъ имыIэу егъэтIыс.

***

– Алыхьым нэужькIэ, Мурид сэбэпышхуэ къыхуэхъуащ Жыг фIыцIэ къуажэм и дохутыр Хьэзрэт. Абы къыхуитхыу Гумкъалэ къыщащэхуа хущхъуэр зрихьэлIэурэ къызэфIэувэжащ. Еджэ псори зыхуеджэ IэщIагъэм зэхуэдэу IэкIуэлъакIуэ хуэхъуркъым. Хьэзрэт абыкIэ куэдым къащхьэщокI. Къоплъыным нэмысу къоузыр, къызэроузыр щыжепIэкIэ щымыуэу уи лажьэр къещIэ. ИтIани къызэплъакъым жаримыгъэIэн щхьэкIэ, щылажьэм деж сытым щыгъуи и пащхьэм илъ и Iэмэпсымэр къещтэри гум и лэжьэкIэм йодаIуэ, и давленэр къепщ, игъэтэджурэ, ижьымкIэ, сэмэгумкIэ зригъэгъазэурэ кIэлъоплъ. ЗыщIыпIэ деж къыхэузыкIауэ къыжриIэмэ мэтэджри, IэкIэ теIэбэурэ и лажьэр къещIэ.

Хьэзрэт куэдрэ сымаджэм яжреIэ: «Фхуэстх хущхъуэр зэфхьэлIэ. Ар Iэмал имыIэу сэбэп къыфхуэхъунущ. Ауэ фи узыншагъэ зэфIэувэжыныр зэрыщыту хущхъуэм и пщэ ивмылъхьэ. Фэри абыкIэ дэIэпыкъуэгъу фымыхъуу хъунукъым. КъывэхьэлъэкIми, пIэм зыдевмыгъэхьэхыу пщэдджыжьым жьыуэ фыкъэтэдж. Фи пщIантIэм Iэщ дэтмэ факIэлъыIэбэ: мэкъу ефт, псы евгъафэ, IэщIэлъыныр зэфхъуэкI. Зыри фимыIэрэ – пщIантIэм къыщыфкIухь, фызыпэлъэщ нэгъуэщI гуэрхэм яужь фит. Узыр къэкIуэгъуафIэ щхьэкIэ кIуэжыгъуафIэкъым. ФыIэбэхукIэ фи Iэпкълъэпкъыр зокIуэ, фи гур нэхъыфIу мэлажьэ. Тхьэмахуэм къриубыдэу зэ нэхъ мыхъуми зывгъэпщIантIэ. ЩIыфэр узыншэу щытынымкIэ ар сэбэпышхуэщ».

Хьэзрэт и чэнджэщ псори Мурид игъэзащIэу пхужыIэнукъым. Ауэ зэрыхузэфIэкIкIэ абы щIодэIу. Iэщ куэд и пщIантIэ дэмытми, бжьэ егъэхъури абы зэрытригъэур пхужымыIэным хуэдизщ. Махуэ псор абы егъакIуэ бжьэ ашыкхэмрэ матэхэмрэ яхэту. Рамэхэр къыдихыурэ бжьэхэр зэрылажьэм кIэлъоплъ. «Уэлэхьэ уэ сэ слъагъур узэхъуэкIын хуейуэ арам», – жиIэнщ абы бжьэпщым и къэкIухьыкIэр игу иримыхьмэ. «Фэри егъэлеяуэ фыбэгъуи», – жиIэнщи бжьапцIэхэр, къиубыдым къыхидзурэ, игъэмэщIэнщ. Бжьэхэми яфIэфIкъым куэдрэ бгъэпIейтейуэ. ИкIи ар къыпхуагъэгъунукъым. Ар Мурид ещIэри, мэсакъ. Ауэ щыгъупщэжу, е игъэкъабзэ щхьэусыгъуэкIэ ашычыщхьэр техауэ зэман кIыхькIэ щыщигъэткIэ бжьэ губжьахэм ящыщ зы къыхэлъэту и шэрэзыр къыщыхиукIэкIэ Мурид хъущIэу щIидзэркъым. «Мис аращ уэ пхуэфащэр, лIыжь» – жеIэри епIэщIэкIыу ашычыщхьэр трепIэж. Чэзу иIэщ дэтхэнэ зыми. Бжьэхэми я Iуэхур апхуэдэщ. Уигу къыщихьэм деж уахыхьэу бгъэпIейтей хъуркъым.

Иджы бжьэ матэкIэ бжьэ зыгъэхъужыр закъуэтIакъуэщ. Нэхъыбэм ашычым зратащ. Ар нэхъ зехьэгъуафIэщ, фо зэрыщIаху машинэхэри зыхуэщIар рамэхэращ. Матэр апхуэдэкъым. Абы и кIуэцIым баш псыгъуэ цIыкIухэр щызэблагъэувыкIри матэ кIуэцIым кIэрагъэбыдэ. Абыхэм бжьэхэм безынэхэр кIэращIыхъурэ бжьэ шырхэр къышраш, фо иракIэурэ и щхьэр безыпскIэ щаеж. Бжьэматэр къиIэтурэ щиплъэкIэ, и щыпэлъагъум хуэдэу, Мурид дапщэри егъэщIагъуэ. «Тобэ истофрилэхь, инженерым хуэдэщ мы бжьэхэр. Хьэуэ, инженер дыдэми къыхуэгупсысынукъым бжьэхэм безынэхэр зэрызэхагъэувэр. Псэущхьэ губзыгъэу Алыхьым къигъэщIащ».

ГъэфI къехъулIауэ бжьэхэр хуабжьу щылажьэм деж, бжьэматэм безынэхэр щимыхуэж къохъу. Апхуэдэм деж Мурид матэм хуэфIу кумб цIыкIу къетIри матэр щхьэщеIубэ. Бжьэхэми адэкIэ безынэхэм пащIыхьурэ фо иракIэ. Кумбми имыхуэжкIэ и сэ псыгъуэ кIыхьыр къещтэри, фокIэ гъэнщIа безынэхэр къыпиупщIурэ тепсэшхуэм ирелъхьэ. ИтIанэ къеблагъэ фокIэ зыбгъэтхъэжынумэ. Абы щыщ зыIуимыгъахуэ хьэблэм зы цIыхуи къыдинэркъым. Апхуэдэу хьэблэ цIыкIухэм я махуэшхуэщ бжьэ ашычхэм дэлъ рамэхэм фор къыщыщIихукIэ. А махуэм щIакхъуэ хуабэ е лакъум Жансурэт ирегъэгъажьэри къызэпридзэжыху фо ярегъэшх, фоупс ирегъафэ. «Хущхъуэ хэлъхэу фо тIэкIу дыхуещи къыдэщэ», – жиIэурэ Мурид къыхуэкIуэхэр мащIэкъым. Ауэ зыми зы сом къыIихыркъым. «Къыдэщэ» зэрыжаIар и жагъуэ хъуауэ, фо иретри кIэлъыкIуатэурэ пщIантIэм дегъэкIыж. СыткIэми цIыхум сэбэп хуэхъуныр Мурид насыпышхуэу къелъытэ.

«Алыхь, лIыжь, уэ псапэу пщIэр тIуми тхурикъункIэ» – Жансурэт щыжиIэкIэ идэркъым. «Зыщумыгъауэ фызыжь, хэти и IэмыщIэ икIыращ къемэтмахуэм игъуэтыжынур. Сэ псапэкIэ сыбдэгуэшэну сыхуейуэ щытми схузэфIэкIынукъым. Ар Алыхь унафэщ.

***

ЦIыхухэр я фэкIэ зэрызэмыщхьым хуэдэу, я гъащIэри зэхуэдэу ягъакIуэркъым, я гупсысэкIэкIи, я IуэхуеплъыкIэри, я гулъытэкIи зэтехуэркъым. ИкIи апхуэдэхэмкIэ цIыхухэр зэщхьыркъабзэу щытамэ гъащIэр псынщIэу къаIэщIэужэгъуэнкIэ хъунут. Жансурэти гъащIэм нэхъ кууэ хэплъэ хъуащ и ныбжьыр егъэзыхыгъуэм зэрынэсрэ. ХузэфIэкIыну щытамэ абы къригъэгъэзэжынти, къэзыгъэзэжыр Алыхьым ещтэ жыхуаIэм хуэдэу, гъащIэм гъуэгущIэ щыпхишынт. БлэкIа зэманым зэи къигъэзэжыркъым. Жансурэти ар къехъулIэнукъым. Ауэ, и ныбжьыр хэкIуэтами, хущIокъу зыгуэрым и гуэныхь къихьамэ псэу щIыкIэ зэрипшыныжыным. ХадэхэкI егъэкI, джэдкъаз егъэхъу. АбыхэмкIэ цIыхухэм яхуоупсэ. АрщхьэкIэ елъагъу, и псэкIэ зэхещIэ зыхущIэкъу псоми зэрыхунэмысынур. КIуатэхукIэ къарур мэкIуэщI. И гур пхъэ щхьэкIэ зыхуежьэхэм ящыщу и кIэм хунэгъэсым хощI. Нэхъапэхэм «Зыми сыщыгугъыркъым, си Iуэху Iыхьэ сэ сощIэжыф» – жиIэу щытамэ, иджы и нысэр къыщыкIуэж махуэм хуэпIащIэу пэплъэ хъуащ. Сыт ищIэн, щIокIуэсыкI и къарур мащIэ-мащIэурэ. Ар зыми къыхузэтегъэувыIэнукъым. Уи Iуэху Iыхьэ щыпхуэмыщIэжым деж, дэIэпыкъуэгъу хъунур дэнэ лъэныкъуэкIэ къикIри бдэуэ, ущыгуфIыкIыу укъонэ. Ауэ хамэр хамэщи, уи жэхэфэгур зэ пхурипхъэнкIэхмэ етIуанэм бгъуэтыжынукъым. УкъэзымыгъэпцIэжынур лIыкIэ къыбгухьэращ. «Ем щыгъуэ зэдыгъу зэшщ» ауэ сытми адыгэм жиIакъым.

Зэман-зэманкIэрэ, и гум мастэ къыхаIуам хуэдэу, Жансурэт къыхоскIыкI. Апхуэдэу щыхъур Хынабдзэ къызэрыхущытымрэ езым Нэхунэ тригъэлъа бэлыхьымрэ, ирипэса псалъэ мыфэмыцхэмрэ щызэригъапщэм дежщ. «Догуэ сэ щхьэ апхуэдэу сыхущыта си щхьэгъусэм и анэм? – зэупщIыжу щIедзэ. ТIури дыкъэзыгъэщIар Алыхьыращ, тIури анэ быдзышэ дефащ, тIури адэ-анэ дапIащ». Си анэм къызжиIауэ сщIэжыркъым унэ сыщихьэм «узэрыхуейм хуэдэу щыт, уи гуащэр, уи пщыпхъухэр фIыуэ умылъагъу, уи щхьэгъусэм и Iыхьлыхэм уи щхьэр яхумыгъэлъахъшэ, уи щхьэр зэрыхэпхын, зэрызыбгъэтыншын яужь ит» – жиIэу. Апхуэдэу упщIэ куэд Жансурэт и пащхьэ къиувэ хъуащ и ныбжьыр хэкIуатэри. Ауэ икIэм нэсу езым къыгурыIуэжу зыми жэуап хуетыркъым.

КъыгурыIуэркъым абы Хынабдзэ гугъу зыщIригъэхьыр: и сабиитIыр и Iэблэ зэрызым тесу гъэмахуэ, щIымахуэ имыIэу, уэшх къешхми уэс къесми къимыгъанэу тхьэмахуэ къэс къуажэм кIуэжурэ и тхьэмадэмрэ и гуащэмрэ щIахуэжьыщIэр, щIахуэлъасэр, бэзэрым япэ къытехьэ ерыскъыщIэхэм хуэдэ къахуищэхуурэ щIахуихьыр. Ар и къуэм и фIыщIэу жиIэнущи ещIэ абы игъэунэхуауэ цIыхубзыр хуейуэ щытмэ я нэхъ зызыгъэткIий цIыхухъур IумпIафIэ къызэрищIыфынур, езым фIэкIа нэкуи напIи имыIэу къызэригъэнэнур. Мурид дапхуэдизу зигъэткIийуэ щымытами, ар Жансурэт къыжьэдикъуэфащ, зыхуейр къригъащIэу нобэр къыздэсым псэуащ. И къуэр Хынабдзэ и лъэгущIэту хужыIэнукъым. И щхьэ и унафэ ищIыжыфу, унагъуэр зэгуригъаIуэу, абы ис цIыхухэм иIэн хуей пщIэмрэ щIыхьымрэ зыхуригъэщIыфу мэпсэур. Жансурэт и щхьэр куэдрэ трикъутащ Хынабдзэ и гущIэгъур къызыхэкIыр къищIэным. Езыр дапхуэдизрэ емыгупсысами, и дзыхь зригъэзхэм абы теухуауэ емыпсэлъылIами, емыупщIами пыухыкIауэ икIи ар къызыхэкIыр къыгуригъаIуэу зыми зыри къыжриIэфакъым. Езы Хынабдзэ абыкIэ еупщIыну мызэу-мытIэу тегушхуащ арщхьэкIэ сыкъыгурымыIуэу Iузгъэщтрэ и щIыб къытхуигъазэм жиIэурэ зеубыд.

Абы Мурид гу лъимытэу къанэркъым, зыри жимыIэурэ и щхьэгъусэм кIэлъоплъ. Жансурэт абыкIэ Мурид ечэнджэщыну, епсэлъылIэну мызэу хуежьэ щхьэкIэ зызэтреубыдэ. Арыншами абы къыщриутIыпщ щыIэщ и нысэм къыхущI пщIэр хуэмыфащэу, Хынабдзэ хуэдамэ и анэм и махуэр Жансурэт къыхуигъэкIуэну. Ауэ апхуэдэу абы Жансурэт щыжриIэр я закъуэу псалъэмакъ къыщаIэтым дежщ. Дапщэщи Мурид и нысэм и лъэныкъуэ щхьэкIэ ар игъэхъыбару, зыхуэзэхэм яхуиIуатэу къикIухьыркъым. Ауэ и гукIи ипсэкIи абы дапщэщи и телъхьэщ. И епсэлъэкIэ къудейм фIэкIа ухуейкъым зэхэпхыну Хынабдзэ абы хуиIэ гущэбагъыр. Я унэ къызэрихьэрэ «си хъыджэбз» жиIэ мыхъумэ «си нысэ» жиIэу къыжьэдэкIыу зыми зыхихакъым. Абы щыгъуэми ар фэрыщIагъкъым, апхуэдэущ къызэрилъытэр.

Япхъу Маринэ Хынабдзэ хуэдэу къахущытыфкъым. КъыщыкIуэж зэзэмызэми и IитIыр зэтедзауэ щыс мыхъумэ жыхэфэгу къудей яхурипхъэнкIэхыркъым. Зыгуэр ищIэну хуежьэми Хынабдзэ къыIэпыщIех. «Уэ укъыщIэкIуэжар Iуэху пщIэну аракъым, уи адэ-анэм ябгъэдэс, къуажэ хъыбархэм щIэгъэдэIу» – жеIэри, зыщIидза Iуэхур езым и кIэм негъэсыж.

КIуатэ пэтми Жансурэт нэхъ лъэрымыхь мэхъу. ПщIантIэм щымыIэбэжыфми унэ кIуцIыр нобэр къыздэсым зыхуей хуигъэзэфу щытамэ, иджы ар хузэфIэкIыжыркъым. Псори чэщейщыкъум хуэдэу къабзэу зэлъыIуихыу Хынабдзэ къалэм кIуэжми, къыкIэлъыкIуэ щэбэтыр къэсыху псоми сэбафэ къатоуэ. Дэтхэнэ унагъуэри апхуэдэщи, махуэ къэс цIыхубзыIэ хуейщ. Ар зылъэмыIэсыр сабэм щIегъанэ. Зы махуэ закъуэ нэхъ мыхъуми цIыхубзыр унэм щымыIэбамэ, щымыпщэфIамэ псымэ къыщIих мэхъу, ущIыхьэну, ущIэсыну гур хуэмыкIуэжу. Хынабдзэрэ я къуэ Муратрэ ираубыдылIэу жраIэфыркъым къалэм къэIэпхъуэу зы унагъуэу псэумэ зэрынэхъыфIыр. Ар я гурылъ зыжраIэ, я чэнджэщ зрахьэлIэ, пщыхьэщхьэ щIагъуэ дэмыкIыурэ къакIуэурэ Муридрэ Жансурэтрэ тезыгъэу я гъунэгъу Хьэжрэт гурагъаIуэу къыжырагъэIа щхьэкIэ, уи Iэли уи уди жаIэри ядакъым.

– Дэ иджыри апхуэдэу лъэрмыхь дыхуакъым, – жиIащ Мурид. – Мы щIапIэр хыфIэддзэу дэ къалэм дыдэтIысхьэжкIэ дытхъэну уи гугъэрэ. Къуажэжьыр Iумахуэщ жыхуаIэращи, ди гъащIэр щытхьа лъахэр тхуэбгынэнукъым.

– ФызэрегуакIуэщ. Фэ абыкIэ зыми фыхигъэзыхьыркъым, – жиIащ Хьэжрэт, – ауэ фи къуэр, псом хуэмыдэу фи нысэр гугъу зэрехьыр солъагъури сфIэгуэныхь хъууэ аращ. Фэ ар къызэрывгурыIуэр сщIэркъым, ауэ а фи нысэм фэ къыфхуищIэр зыхузэфIэкIын цIыхубз щыIэу си фIэщ хъуркъым. Иджыпсту абыхэм я щIалэгъуэщ, я нэгу зегъэужьыгъуэщ. ИтIани абы щхьэкIэ къамыгъанэу, щыщхьэхуит щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ фи деж щагъакIуэ. Мыбы къэкIуэжа иужьи етIысэхыу загъэпсэхумэ зыгуэрым хуэдэтэкъэ. Фи нысэм жьыщIэнрэ тхьэщIэнрэ фIэкIа Iуэху имыщIэу махуитIыр егъакIуэ. Фи къуэращи, щхьэкъэIэт имыIэ жыхуаIэм хуэдэу пщIантIэм долэжьыхь. Абы зэрихьэ пхъэщхьэмыщхьэ хадэм къуажэдэсхэр плъакIуэ къыхуокIуэ.

– Гугъу ехьмэ я щхьэщ зыхуехьыжыр, дэ зыри щIым здыщIэтхьэнукъым, – Жансурэт щыжиIэкIэ, Хьэжрэт абыкIэ арэзы хъуркым.

– Пэжщ, зыми зыри хьэдрыхэ здихьыркъым, ауэ абыхэм гугъу зыщIрагъэхьыр хадэм кърахынум щыгугъыу аракъым, атIэ фэращ. Фи тыншыпIэщ ахэр зылъыхъуэр.

– Уэлэхьэ, Хьэжрэт, дэри ар къыдгуроIуэм. Си щхьэкIэ ди нысэм дунейкIи ахърэткIи сыхуэарэзыщ. Шэ хьэлэл ефа цIыхущ ар. Абы сытепсэлъыхьу къэзмыкIухьми, къыщыхъеякIэ жысIэнщи, абы хуэдэу псэ хьэлэл зиIэ цIыхубз улъыхъуэу щытми бгъуэтынукъым.

– Бгъуэтын дэнэ къыщына-щыIэххэкъым, – нэхъри трегъэчыныхь Хьэжрэт. Жыжьэ сыкIуэнкъым, мес къащтэ си нысэр. Зы пщIантIэ дыдэсу икIи дызэхэсу дыпсэу пэтми, и гурымыкъ къыщикIам деж, си жьыщхьэм емыплъу, схуэмыфащэ къызепэс, суткэ псокIэ пщафIэу сыщимыгъашхэ щыIэщ. Зы махуэ гуэрым абы къызжиIар нобэр къыздэсым схуегъэхыркъым. Абы иужькIэ унэм сыщIыхьэжри гъын фIэкIа Iуэху симыIэу махуэ псор згъэкIуащ. Пщыхьэщхьэми сыкъыщIэкIыну къыщIэкIынтэкъым щIалэр къыдыхьэжу ныщIэмыхьамэ. «Мыр сыт, ди адэ, уимыхабзэу пшапэ зэхэуэгъуэм уи закъуэ мыбы щхьэ ущIэс? – жиIэу къыщызэупщIым, зыри схужемыIэу сыкъэтэджри сыкъыщIэкIащ. Абы сыхуэтхьэусыхэфынут. Нысэми ар хуигъэгъунутэкъым, ауэ итIани зысшыIащ, быныр псалъэмакъ щхьэ хэздзэри жысIэри.

– Догуэ, апхуэдизу уи гум ежэлIэну абы сытыт къыбжиIар? – щIоупщIэ Жансурэт.

– Гуащэ-тхьэмадэр модэм зэрикIрэ куэд щIащ, – къызжиIащ.

– Уэ гуащэ ухъумэ сэ схуэдэукъым укъызэрынэнур, атIэ пщIантIэм удахунущ, – щыжысIэм, ину къысщыдыхьэшхри, мыпхуэдэу къыпищащ. «Уэ зыгуэр къыпхуейIауэ мы пщIантIэм удэсу уи гугъэми укъопцIэ» – Ар цIыхугъэ сытми. Си жьыщхьэ ар къызипэсыну щхьэ игу къэкIыхха. НэгъуэщI зыри схузэфIэмыкIами, нобэ ар зыбгъэдэс и щхьэгъусэр дунейм ехыжа Гуринэрэ сэрэ къэтлъхуащ, тпIащ, унагъуэу дгъэтIысыжащ. Абы хьэтыр гуэр иIэн хуейкъэ! А Гуринэ тхьэмыщкIи и щхьэфэр лъэгущIыхь хуищIыну илъэгъуа пэтми, зы махуэ «уэху» жримыгъыIэу дунейм ехыжащ.

А псор къыщIезгъэкIуэкIыр фи нысэращи, ар зыпIа, зыущия и адэ-анэм тхьэр арэзы къахухъу. Абы и гущэбагъыр псом япэу щылъагъун хуейр абыхэм я дежщ.

– Алыхь зыри думыгъуэн, цIыху хъарзынэмэ, – жеIэ Жансурэт. – ИджыпстукIэ Алыхьым и шыкуркIэ ди лъэм дызэрехьэ. Ар щытхузэфIэмыкIым деж дэри ди щхьэм илъыр тхьэм ещIэ. Сэ Алыхьышхуэм сызэрелъэIуращи, пIэхэнэ дымыхъуу дылъэрытетурэ тхьэм дигъэлIэж. Азалыхь уи нысэ дэнэ къыщына къэплъхуа уи бын дыдэр къыптезэшэнкIэ хъунум зыри щыпхузэфIэмыкIыжым деж.

– Алыхьым узэрелъэIур къыпхуищIэну си гуапэщ, – жеIэ Хьэжрэт, – Ауэ апхуэдэ зыгуэр къэхъужыкъуэ хъуми а фи нысэм сэтейм фыкъытринэнкъым.

– Ар мыхъуми диIэщ бын, абыхэм ящыщ зыгуэрым гущIэгъу къытхуищIынщ, – хэщэтыкIащ Жансурэт.

***

«Узэрыгугъэм хуэдэу хъумэ уунэхъурэт»жиIащ адыгэм. УпсэухукIэ умыгугъэу хъуркъым. Абы щыгъуэми дэтхэнэ зыми и щхьэм Iей хуихьыркъым. ФIым поплъэ. «Узэджэр къокIуэ» жыхуаIэращи, тэмэмыр фIым хуэпэбгъэнырщ. Жансурэтрэ Муридри Алыхьым и гулъытэ щымыIэну гугъэу зэманыр ягъакIуэ. Я Iэр зэтедзауэ щыскъым ахэр. Жансурэт и ныбжьыр илъэс блыщIым нэблэгъами, махуэм и нэхъыбэр унэ хадэм щегъакIуэ. ЦIыхум ишхыу химысэрэ къимыгъэкIрэ къэгъуэтыгъуейщ. КъыхуемыхьэлIэжу и помидорыр мэбагъуэ. «Хэту пIэрэ мыпхуэдиз бэдрэжаныр Жансурэт зригъэшхынур» – жаIэ уэршэрурэ, убэурэ махуэр зыгъакIуэ фызхэм. Ауэ щыхъукIэ хьэщIэ къахуэкIуэу Iэнэ ягъэувын хуей щыхъукIэ Жансурэт деж лъэIуакIуэ къэмыкIуэу хъуркъым. Гъэмахуэм абыхэм зэи япиубыдыркъым помидор, нащэ къыщIэчагъэщIэхэр. Бжьыхьэм фIэIугъэхэр куэду егъэуври, щIымахуэр икIыху абыхэмкIэ хьэблэдэсхэм ядогуащэ. Зыр щIэкIым адрейр къыщIыхьэу махуэ псор щигъакIуэ щыIэщ, дэтхэнэми Iуэхутхьэбзэ гуэр хуищIэу. Ар зылъагъу Мурид хуэмышэчыжыххэу щыжиIэ щыIэщ мыпхуэдэу: «Уа, фызыжь, лъэIуакIуэ къыпхуэкIуэхэм «хьэуэ» зыжепIэ гуэр щхьэ къахэмыкIрэ? Уэлэхьэ ахэр зыхуей хъу псори уэ яхуумыщIэфын. Иужьрей зэманым Iуэхур абы нэсащи, зыгуэр къытхэмышхыкIыу Iэнэ детIысылIэркъым».

Абы Хьэжрэти куэдрэ гу лъетэ. Ар Мурид деж дапщэрэ уэршэракIуэ къэмыкIуэми, и ерыскъы IэфI гуэр иримыгъэшхыу щIигъэкIыжыркъым. Абы къытригъэхъеикIыурэ, жумартыгъэм теухуауэ Хьэжрэт ахэр хъыбар Iэджэ щIегъэдэIу. «Фэ фи гугъэу къыщIэкIынщ фэ фхуэдэу псори щыту, – жеIэ абы. – Сэ мы ди хьэблэм къыщымынэу, ди къуажэ дэс зэрыбын куэдым я унагъуэ сохьэри сощIэ дэтхэнэм и гущIэгъур, гулъытэр, хьэлэлагъыр зыхуэдэр. Языныкъуэхэм ядеж пщафIэу сыщIыхьамэ, хьэкум тет ерыскъыр ныкъуэпщэфIу къытрагъэкIуэтыж. Ари кърамыгъэзэгъыу, сыкъыщыщIэкIыжынум пэплъэурэ, тебэм илъ лыр е кIэртIофыр трезыгъасхьэ унэгуащи къахокI.

– Уэлэхьэ, ар цIыхугъэншагъэм, – жеIэ Мурид. Ари фIэмащIэу Жансурэт абы дыщIегъу:

– ЦIыхугъэншэм и закъуэкъым, атIэ хьэрэмагъщ. Уи ерыскъым унагъуэм щымыщ цIыху кърихьэлIэмэ абы и ерыскъы хэлъу Алыхьым иухащи, щыбгъэпщкIуныр гуэныхьышхуэ зыпылъщ.

– Уэлэхьэ а псори дэ тхузэмыгъэзэхуэн, – жеIэ Мурид, унэкум ит Iэнэ хъурейм бгъэдэтIысхьэурэ. – Къащтэ мыдэ, фызыжь, уи ерыскъыр хьэзыр хъуамэ.

– Алыхь хьэзырыбзэм. ТIэкIу сфIэпщтырыIуэщи аращ зыщIэсIэжьэр. Мыбы фефэху ари упщIыIунщ, – жиIэурэ шатэрэ шхукIэ зэIиха хьэнтхъупсыр къахутрегъэувэ.

– ФэрыщIагъ хэслъхьэу къыпщымыхъу, Жансурэт, ар зэрыжысIэмкIэ, ауэ уэ пхуэдэу хьэнтхъупсыр зэщыщхъуу зэхэзыщIэ си ныбжьым къриубыдэу срихьэлIакъым.

– Апхуэдизу укъысщымытхъу, Хьэжрэт, – жеIэ Жансурэт. – Къущхьэ жэмым ущытхъум ищIэр пщIэркъэ?

– Уэлэхьэ сэ абыкIэ сымышынэ. Ар сэ си щыпэ жыIэкъым. НэгъуэщI унагъуэ куэдми щызоIуатэ уэ уи пщэфIэкIэр. Жагъуэу укъэзымылъагъу унэгуащэ закъуэтIакъуэхэм абы щхьэкIэ жаIэр мыращ: «Жансурэт и анэ Дисэ хуэдэ къуажэм къыдэшыгъуейт. Хьэгъуэлъыгъуэ зиIэхэм, гущэхэпхэ, лъэтеувэ зыщIхэм Дисэ яшэурэ ягъэпщафIэу щытащ. Абы ищI хьэлыуэр Iум ищахэрт, и джэдлыбжьэм и мэ гуакIуэр жыжьэу къыпщIихьэрт. И мэжаджэм щыщ зы Iыхьэ пшхамэ, махуэ псом ерыскъы жыхуаIэ уи гум къэкIыртэкъым. «Анэм и гъуапэр пхъум и пщампIэщ» жыхуаIэращи, Жансурэти Дисэ ещхь хъужащ».

Хьэнтхъупсым ефэн зэраухыу, пIастэ гъуэжьымрэ тхъупсым зэрихьэ кхъуейжьапхъэмрэ къахутрегъэувэ.

– Уэлэхьэ, Жансурэт, хьэнтхъупс шынакъышхуэм и ужькIэ мы уи кхъуейжьапхъэр тщыкIуэжыну си фIэщ мыхъу, – жиIэурэ Хьэжрэт и пащIэшхуэр ирелъэщIэкI. – Ауэ сыт тщIэн. «Алыхьым къыптрилъхьэм фошыгъущей уефэнщ» жыхуаIэращи, къытебгъэувар дымышхыу къытхуэбдэнукъыми, ари зы плIанэпэ гуэрым дэдгъэзэгъэнщ.

– Дэ зыщIыпIи дыкъыкIэрыхуркъым, – жеIэ Мурид. – ДымыпIащIэурэ, тIэкIуи дытеуэршэрыкIыурэ здэкIуар дымыщIэу ари дгъэкIуэщIынщ.

– Си махъсымэр къэвэн ирикъуакъым ахъумэ абы щыщ тIэкIу фефамэ фшхар иригъэупIэхынт.

– ЗикI умыгузавэ, Жансурэт, абыи си Iыхьэ къыхэнэну уи гугъэми укъопцIэ,– жеIэ Хьэжрэт.

Жансурэт и махъсымэр, хьэблэм и мызакъуэу, къуажэ псом щыцIэрыIуэщ. Иджы кърагъэжьауэ гухъукIэ яуб хугум, е нэгъуэщI зыгуэрым къыхащIыкI махъсымэ нэкIэпсыжэм хуэдэкъым ар. Зэман куэд трегъэкIуадэ абы и щIыным Жансурэт. КъызыхищIыкIыу хугущ е нартыху хьэжыгъэщ. Ар япэ щIыкIэ хупцIынэ епщри, тIэкIурэ щIэуфауэ щигъэтщ. ИтIанэ чыржынурэ тебэкIэ егъажьэ. Ар псы къэгъэкъуэлъа гъэупщIыIужам хелъхьэри чейм е кхъуэщыным иту щIэуфауэ махуэ бжыгъэкIэ щигъэтщ. ИтIанэ кхъузанэкIэ изурэ зэрытам ирекIэжри, и Iувагъ – пIащIагъкIэ зэрыщытын хуейм хуэдэу псы гъэвакIэ зэIыхыжауэ, егъэув. Абы литрэ ныкъуэ зэрыхуэ и пхъэ шынакъыр хедзэри хуабэ гуэркIэ щIеуфэж.

Щигъэтщ ар апхуэдэу къэвэн ирикъуху. Къэвэн иухарэ имыухарэ къызэрищIэр ищI макъымкIэщ. Къыщывэм деж пхъэ шынакъыр чей джабэм «быркъэ-быркъэ» жыригъыIэу иреудэкI. Мис а макъыр щимыщIыжым деж и щхьэр трехри йоIуб. «Мэт, лIыжь, уэри еплъыт», – жеIэри Мурид ирегъафэ. Абы къызэрыщыхъум псори трещыхь: тIэкIу фIэгуащIэIуэмэ, нэхъ ефэгъуафIэ хъун щхьэкIэ, фошыгъупс хекIэ. Абы и ужькIэ хьэзыр хъуащи, ефи пэт – зыбгъэнщIыркъым, ауэ укъегъэжан. Зэманыр гъэмахуэмэ щIыIэпIэ егъэув, щIымахуэмэ, щригъэфэнуIам деж, фIэщIыIэмэ абы щхьэкIэ зэрихьэ гъущI мыулъийм къыхэщIыкIа бэлагъ цIыкIур егъэплъри «цIыщхъ» жиIэу хеIу. Пхъэ шынакъым из махъсымэр мыщIыIэ – мыхуабэу ещI. «Уа, Жансурэт, апхуэдизу абы зумыгъэлIалIэу хьэкум тебгъэувэрэ бгъэхуабэмэ хъуркъэ» – къыжезыIэм ар хуидэркъым. «ХьэкIукIэ пэхуэща махъсымэмрэ гъущI гъэплъакIэ зи дзэр IулIыкIамрэ ауэ жыжьэуи зэхуэдэкъым,– жеIэ.– ГъущI гъэплъам махъсымэр нэхъри нэхъ IэфI, ефэгъуафIэ ещI».

Дапщэрэ Жансурэт махъсыми имыщIми, хьэблэм дэсхэм ящыщу ар япэ зыIуагъахуэр Хьэжрэтщ. «Уэлэхьэ, Жансурэт, мыбы хуэдэ махъсымэфI зэ пщIауэ щытмэ мыр етIуанэмэ», – жиIэмэ ар зыхуей хуэзауэ аращи, зи ерыскъы хэлъ кърихьэлIауэ иримыгъафэу щIигъэкIыжыркъым.

АбыкIэ Жансурэт и псапэм хегъахъуэ, и щIалэгъуэм къихьа гуэныхь къомыр егъэмащIэ. КъыгурыIуэжащ абы и ныбжьыр хэкIуатэри жыхьэнэмэ гъуэгум тезышэнкIэ хъуну къемызэгъ куэд зэрилэжьар. Ар Мурид зэзэмызэ къыщриундэкIкIэ япэхэм хуэдэу зыкъызэфIилэжыркъым, атIэ «Ар шейтIаныр къыстекIуауэ щыщыта зэмант» – жеIэри абыкIэ зэфIегъэкI.

Куэдым ирегъэгупсыс ар Хынабдзэ къыхуиIэ щытыкIэм. Ирегъапщэ езыр и тхьамадэмрэ и гуащэмрэ зэрахущытам, псом хуэмыдэу Нэхунэ хуиIа щытыкIэм. А гупсысэр и щхьэм къыщищхьэрыуэкIэ, здэщытым деж щотIысэхри, Мурид къеджэу е нэгъуэщI зыгуэр къыщIыхьэу зыкъригъэщIэжыху щысщ. Япэм хуэдэжкъым Хынабдзэ и Iуэхур. ИлъэситI нэхъыбэ ямызэхуакуу дунейм къытехьауэ щIалэ цIыкIуитI иIэщ. И щхьэгъусэм къищынэмыщIауэ, ахэри зыхуей хуэгъэзэным лэжьыгъэм къыщыдэхуэ зэманыр зэрыщыту токIуадэ. ИтIани си щхьэ, си бын нэхъыфщI жимыIэу, унагъуэ Iуэху псори зыридзэкIыурэ и гуащэмрэ тхьэмадэмрэ я деж мэкIуэж. Зыри жимыIэми, ар и щхьэгъусэ Мурати къытемыхьэлъэу къанэркъым. Зэзэмызэ, «Мы тхьэмахуэм къуажэм дывмыгъэкIуэжу зыдвгъэгъэпсэху» щыжиIэкIэ, ар Хынабдзэ хуидэркъым. «Зыщумыгъэгъупщэ уи адэ – анэр къызэрытпэплъэр. Тхьэмахуэ зэхуакIум махуэу дэтыр ябж абыхэм я пащхьэ дыщихьэжынур къахуэмыгъэсу.»

Нэху щымэ щэбэт махуэти, къуажэм зэрыкIуэжынум зыхуагъэхьэзыращ: Муратрэ Хынабдзэрэ зэгъусэу бэзэрым дэкIри тхъуцIынэ, лы, прунж, курпIэ, фо къащэхуащ. СумкIитIыр яIыгъыу унэм щыщIыхьэжым, сабийхэм зэрахабзэу, я щIалэ цIыкIуитIыр ежалIэри «Сыт къытхуэпщэхуар» – жаIэурэ сумкIэм илъхэр зэIапщIыкIыу щIадзащ. «УэI, фо къытхуахьащ!» – жаIэу литрэ ныкъуэ банкIыр къыщрахым, Хынабдзэ мэIэбэри къаIэпыщIех, «Ар дадэрэ нанэрэ щхьэкIэ къэтщэхуащ» – жеIэри.

– Уэи, дэ зыкъом щIауэ фо думыгъэшха,– жиIэурэ и Iупэ цIыкIур къыIуигъэпкIауэ унэ лъэгумкIэ йоплъых щIалэ нэхъыщIэ Хьэжсэт.

– Еплъыт, мамэ, абы,– жеIэ я щIалэ нэхъыжь Хьэрун,– зигъэгусауэ аращ.

– ПцIы томылъхьэ, зигъэгусауэ аракъым абы,– жеIэ Хынабдзэ,– ехъуэпсауэ аращ.

– Аращ, мамэ, сехъуэпсауэ аращ,– жеIэ Хьэжсет цIыкIу, нэхъ нэжэгужэ къэхъужауэ. – НытIэ кхъыIэ и щхьэр техи зэзакъуэ нэхъ мыхъуми IэпэкIэ сегъэбзей.

– Еплъ итIани абы жиIэм,– и анэм къыщхьэщыжыну хэтщ Хьэрун. –Абы щыщ пIумыхуэмэ улIэну къыщIэкIынщ!

– Ар сабийщи мэхъуапсэ,– жеIэ Хынабдзэ Хьэжсет и щхьэм Iэ дилъэурэ. – Мэ, тIасэ, ебзей – жеIэри, зи щхьэр триха банкIыр хуещий.

Сакъыпэурэ Хьэжсет цIыкIу IэпэкIэ фом хоIэбэ. Iэбжьанэ тез хъуркъым и Iэпэр къыкIэрыпщIар. «НэхъыбэIуэ къыхэх», – Хынабдзэ щыжиIэкIэ Хьэжсет цIыкIу идэркъым. «Мыр дадэрэ нанэрэ яхуэтхьмэ нэхъыфIщ. Ди папэ ахъшэ къратмэ къомыжьу къытхуэпщэхунщи ди ныбэ из хъуху дыбгъэшхынщ. Пэжкъэ, мамэ?»

– Пэжщ, си псэр зышхын цIыкIу. Уэ итIани Хьэжсет лIы мыхъуауэ жыбоIэ,– нащхьэ хуищIурэ Хьэрун дежкIэ Хынабдзэ йоплъэкI.

Щэбэт пщэдджыжьыр Алыхьым узэрелъэIуну уэфIу нэху къекIащ. Махуэр дыгъэпсу зэрекIуэкIынум и щыхьэту, абы и бзийхэр мыпIащIэурэ щIым къытреукъуэдие. Къуалэбзухэр я макъ зэхуэмыдэхэмкIэ мэбзэрабзэ. Гъатхэр щиух, гъэмахуэр къыщихьэ зэманщи дунейм и щIэращIэгъуэщ.

ЗыкъэзыIэт дыгъэм и бзийр щхьэгъубжэм къыдидзу и нэгум къыщытридзэкIэ Хьэжсет цIыкIу къоушри къызэфIотIысхьэ.

– Уэ сысысс! Сыту махуэфI нобэ! – жиIэурэ гъуэлъыпIэм къолъэри, Хынабдзэ щыIэуэлъауэ пщэфIапIэм щIолъадэ. – КхъыIэ, мамэ, нобэ къуажэм дывмыгъэкIуэжу папи, Хьэруни, уэри, сэри дызэгъусэу паркым дывгъакIуэ. Уэи зыкъом щIауэ абы думыша. Каруселым дитIысхьэнщ, хъыринэ дещIэнщ, гуэлым зыщыдгъэпскIынщ. Хъун?

– Уэ гукъыдэж хъарзынэ уиIэу нэху укъекIащ, Хьэжсет. Иджыпсту дунейм и дахэгъуэщ. Абы мыпIащIэурэ гъэмахуэр зэрырихыну щыгъынымкIэ зехуапэ. Хуабэр зэхэзыщIа къэкIыгъэхэм зыкъызыкIуэцIах. Ахэр хэт хужьу, хэт гъуэжьу, хэт плъыжьу, хэт шэкъафэу, хэти нэгъуэщI плъыфэ хьэлэмэту мэгъагъэхэр. Абыхэм я лъабжьэм тхьэмпэ удзыфэхэр къыщIоувэ. Гъэгъахэр пылъэлъыжыху тхьэмпэхэм мыпIащIэурэ заукъуэдий, пэрымэ гуакIуэ къызыпиххэм я гъащIэр нэхъ кIыхь ирехъу жыхуаIэу. ЩхъуэкIэплъыкIэхэм я зэманыр икIмэ тхьэмпэхэм къудамэхэр щIауфэнущ. Илъэсым и дэтхэнэ зэманми, цIыхум ещхьу, къэкIыгъэхэми захуапэ. Ар природэм и хабзэщ.

И тхьэкIумэр тегъэхуауэ дунейм и щIэращIэгъуэм и анэр зэрытепсэлъыхьым щIэдэIуа иужь, игъэщIагъуэу Хьэжсет жеIэ:

– Уэи, мамэ, уэ дохутыру ущIеджар сымыщIэ. Художник IэщIагъэр къыхэпхамэ, сурэт дахэ Iэджи пщIынт.

– Уэ сыбгъэщIыну сурэтыр сыт хуэдэт, си псэр зышхын?

– Уэи сэ уэзгъэщIынур мыратэм. Ди дадэрэ нанэрэ я бжэIупэм Iут дей жыгышхуэм пызу дэ пыту. Абы и лъабжьэм Iэнэ хъурей щIэту. А Iэнэм нанэ тхуипщэфI пIастэ гъуэжьым дзасэкIэ тхуигъажьэ лым хуэдэ тету.

Дадэ и жыгхэм къапыкIэ мыIэрысэ, кхъужь джабэплъхэм хуэдэ телъу. А Iэнэм дадэ, нанэ, сэ, Хьэрун, ди папэ сымэ дыбгъэдэсу. Уэ укъытщхьэщыту Iэнэ кIапэм тет стэчанхэм, бахъэ мащIэ къыхихуу, шэ гъэпщта къытхуипкIэу.

– Дэ къомыр дыщысу ди мамэ щыбгъэтынут, аракъэ?– Хьэрун игъэкIуэншэну хэтщ Хьэжсет.

– Сыт щхьэкIэ, ди дадэ Iэнэм бгъэдэсу ди мамэ зэрымытIысыр пщыгъупщIэжа? –

– Ей, уэри уэ, – жеIэ Хынабдзэ Хьэжсет и гулъытэр игъэщIагъуэу,– уэ уцIыкIу щхьэкIэ куэд бощIэ. Аращ тэмэмыр. Адыгэхэм я хабзэу къадогъуэгурыкIуэ нэхъыжьхэм пщIэ хуащIу. Ахэр щысу нэхъыщIэхэр мытIысу, нэхъыжьхэм ябгъэдэсу нэхъыщIэхэр мышхэу.

– НытIэ ди дадэрэ нанэрэ дабгъэдэсу дагъашхэри. Фэ абыхэм фы ракъуэрылъхущ, иджыри лIыпIэ фиувакъыми аращ.,– жеIэ Хынабдзэ.

– АтIэ нанэрэ дадэрэ апхуэдэу фIыуэ плъагъу пэтми, нобэ къуажэм думыгъэкIуэжу паркым дывгъакIуи дивгъэс жыбоIэри, Хьэжсет?

– Уэи, мамэ, сщыгъупщэжатэм нэху дыкъекIмэ дадэрэ нанэрэ я деж дызэрыкIуэжынур. Ахэр къытпэплъэу къыщIэкIынщ. СощIэ ди дадэ къыдэкIауэ куэбжэ дыхьэпIэм деж щыт тетIысхьэпIэм зэрытесыр. Ди хьэ цIыкIури и кIэр игъэпIэжьажьэу абы бгъэдэсщ. Уэи, мамэ, а ди хьэ цIыкIу губзыгъэIейм. Мыпсалъэф щхьэкIэ, псори къыгуроIуэ. Ар ди дадэ апхуэдэу игъэсауэ аращ.

– Абы тэмэму гу лъыптащ, Хьэжсет. «Iэщри зейм ещхь мэхъуж» – жеIэ адыгэ псалъэжьым. ЦIыхури, Iэщри, хьэри зэрыбгъасэщ.

– НытIэ Хьэрунрэ сэрэ ди дадэ ещхь дыхъужыну?

– Фи дадэ зэбгъэщхьыр хэт уэ, Хьэжсет? –къритыну жэуапыр фIэгъэщIэгъуэну щIоупщIэ Хынабдзэ.

– Ар зыми ещхькъым.

– Зыгуэрым и хьэлкIэ, и теплъэкIэ, и цIыху хэтыкIэкIэ емыщхь щыIэу къыщIэкIынкъым.

– Ди дадэ зэщхьыр и адэ ЛIыгъуру е и адэшхуэ Мэзану къыщIэкIынщ, жеIэ Хьэрун.

– Уэ дэнэ щыпщIэрэ ар?– йоплъэкI Хьэжсет и анэм дежкIэ, Хьэрун акъылэгъу дэмыхъун къыфIэщIу.

Хьэжсет хэтщ адэшхуэр зыми емыщхьу, абы хуэдэ щымыIэу къыщIригъэдзыну. Хьэрун абыкIэ арэзыкъым. ИтIани Хьэжсет къикIуэтыну хэткъым. Щапхъэу къыхуехь езы зэкIуэшитIыр зы адэ – анэм къалъхуами зэрызэмыщхьыр. «Ар адрей дадэхэм ещхьу щытмэ сэ абы схуищIа чынутIым, щIопщым хуэдэ си ныбжьэгъу цIыкIухэм я дадэхэм хуащIыркъыми? Уэи емщхь- тIэ зыми! Псом нэхърэ нэхъыфщ тхьэ ди дадэ!» «НэхъыфIщ! Фызэмыдауэ абы щхьэкIэ, – жеIэ Хынабдзэ,– фIыми Iейми зэрыжаIэу абы ещхь фыхъуну фIэкIа сыхуейкъым. Къуажэм дэскъым абы пщIэ къыхуэзымыщI, школ щIэмыхьами, губзыгъэщи жылэм дэсыр чэнджэщакIуэ къыхуокIуэ.» Абы хэту Мурат къыщIохьэж.

– СлIо, щхьэ фызэдауэрэ? Мыхэр къуажэм кIуэжыну хуэмейуэ ара?

– Хьэуэ тхьэ. ЗэкъуэшитIыр зодауэ я адэшхуэм щхьэкIэ. Абы хуэдэ щымыIэу Хьэжсет тхьэ щеIукIыж. Ар зыгуэрми иригъэщхьыну хуейкъым. Сэри яжесIэщ фи унагъуэм сыкъызэрихьэрэ абы губзыгъагъэ, гукъабзагъэ мыхъумэ нэгъуэщI хьэл мыхъумыщIэ зэрыдэзмылъэгъуар, я унагъуэкIэ, я щхьэкIэ Iуэху гуэр къызылъыкъуэкIхэм зэрачэнджэщакIуэр.

– Ар, пэжщ, – щыхьэт мэхъу Мурати. – Абы фыщытепсэлъыхьакIэ мыпхуэдэ зы щапхъэ къыфхуэсхьынщ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ирахужьэжауэ ди къэралым щрахуж зэманырт. Ди къуажэ уэрамымкIэ дэкIыурэ ипщэкIэ дэкIуеижхэрт нэмыцэ танкхэр, машинэхэр, лъэсырыкIуэ сэлэтхэр. Хъыбару къэIурт фашистхэр ди щIым изыхуж ди армэм хэт сэлэтхэм дэмыкIыу къуажэм дэса цIыхухэр зэтраукIэу. Ар куэдым я фIэщ хъуауэ, зи лъэр къэралым изыхыж нэмыцэхэм я гъусэу выгу, шыгу зэщIэщIакIэ цIыху куэд дэкIырт. А махуэм Iэщым мэкъу яриту мэкъуэщым ит ди адэм деж къыщызэхуос ди хьэблэм дэс, абыхэм я кIэмэлъамэ лIыхэр. Ахэр зауэм ягъэкIуатэкъым: хэти сымаджэт, хэти и ныбжьыр хэкIуэтат, хэти район, область унафэкIэ къуажэм къыданат.

– Дэ уи деж дыкъыщIызэхуэсам гу лъыптэу къыщIэкIынш, Нартыкъуэ, – кърегъажьэ ди гъунэгъу лIыжь Хьэжрэт.

– Уэри уолъагъу, зыкъомым нэмыцэхэм зыдащтауэ докIхэр. Ахэр игъэщтащ хъыбар мыфэмыцым. Жыжьэ дымыкIуэми, нэгъуэщI мыхъуми дызэгъусэу дыдэвгъэкIи мэзым зыщыдвгъэIэжьэ. Нэмыцэхэр дэкIыжу дыдейхэр къэсыжыху дызэIуплъынщи, жаIэр пцIыуэ къыщIэкIмэ, ди унэ дыкъинэжынщ.

– ХьыI, – жеIэри, абыкIэ зэрымыарэзыр и нэгум къищу, ди адэм IэщIэлъ гуахъуэр щIым хетIэри, жиIэнум пэплъэу и пащхьэм итхэм къажьэхоплъэ.

– Абы нэхъ делагъэ къэвгупсысынкъым фыпсэуху! Сыт хьэдэгъуэдахэ жыпIэр, Хьэжрэт? Хъунщ, уэ ущIэныгъэншэщи къыбгурыIуэр мащIэу сощI. Уэри уи гупсысэр зыдынэсыр, уи акъылым къиубыдыр ара? – йокIуэталIэ си адэр райпом и унафэщIу щыта ХьэмтIыкъ. Уеджащ, законхэм хыбощIыкI итIани мыбыхэм акъылэгъу уадохъу. Сэ си псэр пыту мы къуажэм зы лъэбакъуэ дэфчыкIынкъым. «Моуэ мэзым дыхэвгъыхьэ» – жыбоIэ уэ, Хьэжрэт. Хъунщ ухохьэ. ЖаIар пцIыуэ къыщIэкIауэ, мэзым укъыхэкIыжын хуей щыхъукIэ зызыщыбгъэпщкIуа ди зауэлIхэм сыт яжепIэнур? «Сыпартизанащ» жыпIэнущи, пцIыупс уохъу. ЯщIэ абыхэм партизанхэм яхэтахэр. ДаукIмэ, ар Алыхьым къытхуиухащи тшэчынщ. ДаукIмэ ди пщIантIэщ дызыщаукIри джэбын къабзэкIэ дыщIалъхьэжынщ. Мо ирахужьэжахэм фадежьэкIэ фытхъэну фи гугъэу къыщIэкIынщ! Бынми къуажэми ямыщIэу хамэ щIыпIэ фыщыкIуэдынщ. Аращ сэ си унафэри, абы иужькIэ фщIэнум фыхуитыжщ.

Хъуни мыхъуни жамыIэу, Хьэжрэт фIэкIа къэмынэу, адрей лIыхэр зэбгырыкIыжащ. Ди адэм и чэнджэщым ахэр щыщигъэуа къэхъуатэкъыми къедэIуахэщ. ЕтIуанэ махуэм и пщыхьэщхьэм ирихьэлIэу ди сэлэтхэр ди къуажэм къэсыжащ. Ини цIыкIуи зэрыжаIэу абыхэм дапежьэри къедгъэблэгъэжащ. ЯукIын дэнэ къэна и гуауэ хъуну зы цIыхуи зы псалъи ирапэсакъым.

– Хъунщ иджы жытIар. Автобусым и текIыгъуэр къэсащи фынакIуэ, – щыжиIэм тхьынухэр къатщтэри, унэм дыщIэкIащ.

Станцым дынэсмэ, тIысыIэ лъэпкъ имыIэжу, ди къуажэм кIуэ автобусым цIыхухэр из хъуат. Ауэ шоферым «ТIэкIу фызыщыкIуати къивгъэтIысхьэ» – жиIэри, зэрыхъукIэ зидгуащ. Ар апхуэдэ ди щыпэ зекIуэкIэтэкъыми, дызэритIысхьэфам дыщыгуфIыкI мыхъумэ зыкIи къыдэхьэлъэкIыртэкъым. Нэхъыщхьэрати дыкIуэжырт къытпэплъэ дадэрэ нанэрэ деж.

Къуажэм дыщыдыхьэжым ирихьэлIэу уэшх къешхыу щIидзащ. Дэ автобусым дыщикIыну къуажэм дынос. УридэкIуеиным хуэдэу уэшх къошх. Ар гъэмахуэ уэшхыу умыщIэну, щIыфэм зэпхидзу щIыIэщ. Ар теужыху зыщытIэжьэн щIэувапIэ гуэри къэувыIэпIэм теткъым. «Дыщытми деуфэнщI, дыкIуэми аращи ди гъуэгу хэдгъэщIмэ нэхъыфIщ, – жеIэ Мурат, – къащтэ мыдэ сумкIитIыр. Уэ Хьэжсетрэ Хьэрунрэ я Iэпэр убыди фынежьэ».

ПлIыми я щхьэр егъэзыхауэ макIуэ. КъаIэтмэ, уэшх щIыIэр имыгъаплъэу я нэкIум кърекIэ. Машинэ закъуэтIакъуи яблож. Зыми къигъэувыIэркъым. ГущIэгъуншэ, гущIыIэ хъуащ цIыхухэри. Къуажэм и кIыхьагъкIэ кIуэцIрыкI гъуэгу закъуэращ мывэ зытекIутари, ятIэ хъуркъым. Абы тету макIуэхэр. Машинэ къащыкIэлъыскIэ, гъуэгубгъум зрат щхьэкIэ къэмынэу ятIэпсыр къажьэхекIэ. Ящыгъыу хъуар псыф зэрыхъуам имызакъуэу, яблэж машинэхэм къыраутх ятIэпсым я щIылъэныкъуэр хьэлэч ищIащ. Хьэжсет Хынабдзэ и ижьырабгъумкIэ щыту макIуэри, къиутхыр апхуэдэу къылъэIэсыркъым. СэмэгурабгъумкIэ щыт Хьэрун и щхьэм къыщыщIэдзауэ и лъакъуэм нэсыху фIейм щIигъэнащ. «Уэри ижьырабгъумкIэ къэув» – жеIэ Хынабдзэ. ЙокIуэкI абыкIэ Хьэрун, арщхьэкIэ кIэ зимыIэж уэшхым къигъэщIыта щIым имыгъэбакъуэу кIуэцIрыщэту хуожьэри, аргуэру сэмэгурабгъумкIэ мэувыж.

– Мамэ, сопIыщIэ, – жеIэ Хьэжсет цIыкIу.

– СощIэ, тIэсэ, ауэ зыхуэгъэшэч. Дынэсыжыным къэнэжа щыIэкъым.

– Мес школ цIыкIур солъагъу, – жеIэ Мурат къэгумэщIа Хьэжсет цIыкIу и гур фIы хуищIыну. – Абы дынэсыху уэшхыр темыумэ, и кIэлындорым дытехьэнщи тIэкIу дыбэуэнщ. Чыржын игъэжьауэ Нанэ къыфпэплъэу щыс хъунщ.

– Уэи, сызэрынэсыжу жьэгу хуабэм сыдэтIысхьэнурэ нанэ и гуарцэ мафIэмкIэ зызгъэхуэбэжынумэ, – жеIэ Хьэрун цIыкIу. – Си нанэ сытым дежи чыржын щхьэплъ цIыкIу тебэ дзакIэм дэлъу схуегъажьэ. Ныщхьэби шатэ Iуврэ абырэ къызитынурэ сытхъэжынущ.

– НытIэ, тIэсэ, утхъэжынущ,– жеIэ Хынабдзэ.

– Сэ сынэхъыжьщи чыржын хуабэрэ шатэрэ япэу къызитынущ,– жеIэ Хьэрун, и къуэш нэхъыщIэм тIэкIу зэрефыгъуэр къапщIэу.

– НытIэ нэхъыжьыр уэракъым – ди папэщ, – Хьэжсет къикIуэтыркъым. Ауэ щIыIэм щисам деж япэ ягъашхэр сэ схуэдэ цIыкIухэращ. Пэжкъэ, мамэ?

– Пэжщ, тIэсэ, уэращ япэу нанэ зыхуэупсэнур.

Пшапэр зэхоуэ. Зыр адрейм кIэлъыкIуэу, унэ щхьэгъубжэхэр къонэху. КIэ зимыIэж уэшх щIыIэм псэ зыпыт псори гъущапIэмрэ хуабэпIэмрэ щIихуащ. Иджыпсту ар зытешхэр Мурат зэрыбыным хуэдэу гъуэгум триубыда закъуэтIакъуэщ.

– Нанэрэ дадэри я уэздыгъэр щIагъэнауэ къыщIэкIынщ,– жи Хьэрун. – Я насыпкъэ иджыпсту зи унэ хуабэ щIэсхэм. Дэри дыкъемыжьамэ, ди унэ щхьэгъубжэм дыкъыкIэрысу уэшхыр къызэрешхым деплъу дыщыст.

– Уэи ар ди деж къыщемышхми умыщIэ,– жеIэ Хьэжсет.– Дэ километрищэм щIигъу къэткIуащ.

– Уэху гущэт жи! Уэи фIыуэ къыщIэбгъэлъам. Къалэмрэ ди къуажэмрэ я кум апхуэдиз дэлъкъым,– жеIэ Хьэрун. – Япэ щIыкIэ бжэкIэ зэгъащIэ.

– Уэи сэ бжэкIэ сощIэмэ. Пэжкъэ, мамэ?

– УощIэ, уощIэ! Уэри зыбгъэIэзэу мыбы щхьэ ущыхьа, – жеIэ Хынабдзэ.

– НытIэ плъагъункъэ. Дынэсыжмэ Дадэ и шотыр къэтщтэнщи хэт нэхъыфIу бжэми зэхэдгъэкIынщ,– жеIэ Хьэжсет.– Сэ абы кIэну фIэлъыр собжыф.

– Сэ икIи сыдобжей икIи сыкъобджых, зэхызолъхьэ, согъэбагъуэ а шотымкIэ,– къикIуэтыркъым Хьэруни.– Абыхэм сезыгъасэр ди Дадэщ.

– Уа, папэ, а ди Дадэ а шотышхуэр дэнэ къыздрихар?– щIоупщIэ Хьэжсет.

– Гумкъалэ къыщищэхуащ нартыху хьэжыгъэ путкIэ. Дадэ илъэс куэдкIэ лэжьащ ди къуажэм и пхъащIэхэм, гъукIэхэм, чырбышгъэжхэм я учетчикыу… Трудодену къахьыр итхырт.

– А итххэр дэнэт здихьыр?

– Колхоз правленэм щIэс бухгалтерым иритырт. Абы ибжырт хэт дапхуэдиз трудоден къилэжьми.

– Сыт трудоденыр зищIысыр?

– Мис сэ лэжьапщIэу ахъшэ къызат заводым сыщолъажэри. Къуажэм щылажьэ мэкъумэшыщIэхэм, Iэщыхъуэхэм хуатхыр трудодент. Уэ япэу школым ущыкIуам уагъэтхар пщIэжрэ?

– Бжыгъэхэр, зым къыщыщIэдзауэ пщIым нэс ттхыфу драгъэсащ.

– Трудоденри апхуэдэ бжыгъэхэмкIэ ятхырт.

– Уарэ, бжыгъэ хуатх къудейкIэ зэфIэкIрэт! Уэ ахъшэ къуатри, абыкIэ тшхын мамэ бэзэрым къыщещэху. Бжыгъэ зыхуатххэм сытыт яшхыр?

– Бжьыхьэр къэсу гъавэр, хадэхэкIыр кърахьэлIэжа иужь, трудоденхэм къапэкIуэу нартыху, гуэдз, ху, хьэ, пхъэщхьэмыщхьэ, хъарбыз къратырт. Арат яшхыр. КъайлеекIыр бэзэрым яшэрти ящэрт. Абы къыщIэкIымкIэ щыгъын, унэм щIалъхьэн хьэпшып, зэрышхэ хьэкъущыкъу нэгъуэщI зыхуейхэр къащэхурт.

– Уэи абы щыгъуэ сэ сыкъалъхуауэ щытамэ хъарбыз фIэкIа зыри сымышхынт,– жеIэ Хьэжсет.

– Елъ а ныбэрицIэр! Уэи апхуэдиз хъарбызым а уи ныбэр «тIомпIэщ» жиIэу зэгуимыудтэмэ.

– Зэгуиудынутэкъым-тIэ! Сыт щхьэкIэ ди дадэ жиIауэ щытар пщыгъупщэжа?» Дапхуэдиз фшхыми, фигъэгъутхьэну фIэкIа зыри къывищIэнукъым.»

– Хъунщ, щывгъэт иджы фи зэдэуэныр,– жеIэ Хынабдзэ – Уэшхыр нэхъ кIащхъэ хъуащи фынакIуэ фынежьэ. Хъунщ мы кIэлындорым дызэрытетар.

Я нэм къыщIэIэбэми ямылъагъуну кIыфщ. Мурат япэ иту, мыдрейхэр абы и ужьым иту макIуэхэр. Ямылъагъуу псы инам хэувэурэ лъэпэдуи, вакъэуи ящыгъыр къанэ щымыIэу псыф хъуащ.

– Си лъакъуэр песыкI, мамэ,– жеIэ Хьэжсет цIыкIу.

– Умыгузэвэж, Мес Нанэ и уздыгъэ нэхур солъагъу. Дызэрынэсыжу зыптIэщIынщи шхыIэн хуабэм ущIэпщхьэжынщ. Укъэхуэбэжыну Нанэ къалмыкъ шей пхуигъэвэнщи уефэнщ.

Унэм нэсыжыным метрищэ хуэдиз иIэжу я хьэ КIэху и банэ макъ зэхах.

– Уэлэхьэ дызэрыкIуэжыр КIэху къищIам, – жеIэ Мурат.

Куэбжэ дыхьэпIэм блэж псым телъ лъэмыжым тету КIэху дрегъэблагъэ. ДызэрыкIуэжам щхьэкIэ дунейр хуримыкъуу мэгуфIэ. Хьэжсет зыкъриупсеяуэ къыхудоплъей. ЩыдыхьэжкIэ зэм япэ йощ, зэм яужь зыкърегъанэ. ИтIанэ щIопхъуэри, къэсыжахэщ жыхуиIэу, унэ щIыхьэпIэм нэс мажэ. Бжэр зыгуэрым къыIуихауэ къыкъоплъ. Къелъагъу ахэр. Псыр къапож псоми.

– Еууей мыгъуэ, мы уэлбанэшхуэм фыкъэмыкIужами ягъэ кIынтэкъым,– жеIэ Мурид. Щыгъыну фшыгъыр зэрыщыту псыф хъуащ. ФыкъыщIыхьэ псынщIэуи щыгъын гъущэкIэ зыфхуапэ.

– ДыкъэмыкIуэжу хъурэт,– жеIэ Хынабдзэ. – ДызэфIэзэрыхьати мы тхьэмахуэм дыкъыфлъэIэсыфакъым. Фшхын фиIэжу къыщIэкIынкъым.

– Хьэуэ, тIэсэ, тшхыни дыщыщIакъым. Тхьэмахуэ кIуам хъушэ къытхуэфхьащ. Ар иджыри тхуэухынутэкъым. Ди гъунэгъум хьэщIэ къахуэкIуати, «яхутезгъэувэн дзэкъэгъуэ ди унэм щIэлъкъым» жиIэу Хужьпагуэ къыщежэкIым фи анэм зы щIакхъуэ, зы ху Iусыпхъэ, абы хиудэн курпIэ, лы чилэ ныкъуэ хуэдиз иритащ.

– Я хьэлэлщ. Псапэ хъунщ,– жеIэ Хынабдзэ.

– Фэри мис щIэх – щIэхыурэ гъуэгу фытеувэн хуей мэхъу. Тхьэм къэрэгъул бжыхь фхуищI,– жеIэ Мурид. – Фи IэмыщIэ икIыращ къеймэтмахуэм вгъуэтыжынур. Нэхъыбэу къыфхэхъуэнщ. Тхьэм куэду къывит.

Мурат, зыри жимыIэу и адэм ней – нейуэрэ йоплъ. Ар мазэм нэблэгъауэ сымаджэу хэлът. Иджы елъагъу зэфIэту. Аращ езыгъэблэгъэжари. Апхуэдизрэ сымаджэр зы тхьэмахуэ дыкъызэрымыкIуэжам къриубыдэу хъужауэ пIэрэ? Хуэмышэчу щIоупщIэ Мурат:

– Мыр сыт, ди адэ, щхьэ укъэтэджа? НэхъыфI ухъуауэ ара?

– Уэлэхьи, щIалэ, сызэрыхъуаи щымыIэ, ауэ тIури дыхэлъу кърихьэлIэжмэ сыт жаIэн, гужьеинхэщ жысIэри нобэ ерагъмыгъуейуэ сыкъызэфIэуващ.

– Сыт «тIури дыхэгъуэлъхьэжмэ» жыхуэпIэм къибгъэкIыр?

– Уи анэр махуищ хъуауэ къэмытэджауэ пIэм хэлъщ.

– Сыт къеузыр?

– Зыгуэрым къретхъ,– жиIэурэ щIэх – щIэхыурэ и бгъэм йопхъуэ. Фи гугъуехьым ари къыхэмыхъуамэ сэ фыкъызэрыскIэрыщIар ирикъунти. Илъэсым щIигъуауэ си гущIыIур дэгъэзеяуэ сыхэлъщ, кIуатэ пэтми си узым хэхъуэ мыхъумэ хэмыщIу. Иджы абы фи анэри къыхэхъуащ.

– Апхуэдэу жумыIэ, папэ,– и гур фIы хуищIыну хэтщ Хынабдзэ. – Узри Алыхьыращ зи Iэмырыр, къыузэритам хуэдэ къабзэу убгъэдихыжыфынущ. ПщIэркъым ар гъэунэхуныгъэми.

– Ари пэжщ, си хъыджэбз, – жеIэ Мурид. – НэгъуэщI мыхъуми си лъэр тIэкIу нэхъ къыщIэувэжамэ, нэгъуэщI слъэмыкIми шей пщтыр стэчан бгъэдэсхьэнт. Фэри махуэ къэс фыкъыщымыкIуэжыфкIэ, хэт къыткIэлъыплъын, хэти дызэрихьэн. Мис аращ нэхъ сызыгъэпIейтер. Алыхьми «зыхъумэ» жиIащ. Дапщэрэ жесIа а фи анэм жэщ, махуэ, щIыIэ, хуабэ имыIэу хадэм имысыну. Дэ тшхын, тщIэн дымыгъуэту зы махуи дыпсэуакъым. Ар апхуэдизу егъэлеяуэ мылэжьамэ, гугъу зримыгъэхьамэ и узыншагъэр напIэзыпIэм къызэтекъутэнтэкъым. Уи ныбжьым щыхэкIуэтакIэ, уи фэм дэмыхуэнум зумыпщытмэ нэхъыфIщ. «ТIэкIу зыгъэпсэху, апхуэдизу гугъу зомыгъэхь, дэ тхуэмыпIыж диIэкъым» – жысIэурэ дапхуэдизрэ сыногуэуа, арщхьэкIэ сыт жызмыIами уи тхьэкIумэм ибгъэхьакъым. «Уэ урикъуауэ дунейм утетщ» къызжепIащ дапщэри. Мис иджы уи лъэр щIэхуащ.

– Дауи уэ пхуэдэу сыщхьэхуэсакъыу си гъащIэр згъэкIуамэ, сэри си лъэр щIэхуу мы пIэм сыхэгъуэлъхьэжынтэкъым. Уэ зытепIэтыкIыурэ унагъуэ хьэлъэ псори сэ къыстебгъэщIащ. Гу цIыкIум сыщIэщIауэ, уи къуэр сщIыгъыу сэ пхъэуэ, чыпу, бжыхьыпхъэ банэу мэзым къисшам фIэкIа сымыщIами ирикъунт сэ уз къыхэсхыну.

– АбыкIэ сэ сыбгъэкъуаншэу щытмэ, Алыхьым и губгъэн къэпхьынщ,– жеIэ Мурид. – ПщIэжрэ абы щыгъуэ сэ си узыншагъэр зыхуэдар? «Нэсыр къэсыж» жыхуаIэм хуэдэу сшхыр сэмызэгъыу къызжьэдэкIыжу илъэс дапщIэкIэ сыпсэуэ? Сшхыр сэзэгъын щхьэкIэ сэ содэ къудейуэ сызэфар шыгу зэщIэщIакIэ пхуэгъэхъеинкъым. Абы щыгъуэ а содэри сытым хуэдэу гъуэтыгъуейт, бжэмышх из содэ хэбдзэу псы гъэва стэчан ныкъуэ семыфамэ, сшхар зэрыщыту къызжьэдэкIыжырт.

– Алыхь ари пэжым,– Мурид жиIэмкIэ щыхьэт мэхъу Жансурэт. – Сэ зи Iуэху зесхуар си бынхэр езыхэм я хуэдэхэм емыхъуэпсэнырщ. ТрудоденкIэ упсэуфынт. Абы къыпэкIуэ къыдат гъавэр тшхыну тхурикъу щхьэкIэ, унагъуэ ущыхъукIэ нэгъуэщI Iэджи ухуей хъурт. Ахэр къызэрытщэхунт сэ гугъу зыщIезгъэхьыр. Уэ ар зэи къыбгурыIуэнукъым.

– Сэ ар къызгурымыIуэу аратэкъым. Уи щхьэрат згъейр. Сэри си IитI зэтедзауэ сыщысакъым. Учетчикыу сызэрылажьэм хуэдэурэ чий сщIым, Гумкъалэ сшэм сщэуэрэ быныр зэрезгъэджар, зэрысхуэпар абы къыщIэкIыращ.

– Дэри дамэкIэ, мэзым чы куэд къэдбгъэхьащ,– жеIэ Мурат. – Абы щыгъуэми ар хуиту пыдагъэупщIу щытамэ аратэкъэ – къэддыгъуу арат. Мэзхъумэм дыпэщIэхуэмэ ахъшэшхуэкIэ къыдэтхьэкъунут. Чы зэкIуэцIытпхар хыфIэддзэурэ Iэджэрэ мэзхъумэм дыкъыIэщIэкIащ. ДыкъыщырихужьэкIэ дызэгъусэ хьэблэ щIалэ цIыкIухэр дызэкIэщIэжырти псым дыкъикIыжырт. Мэзхъумэр щууэ псым къызэпырыкIыну щыхуежьэкIэ нывэкIэ дыуэу щIэддзэрти игъэкIэрэхъуэжырт. «Зэмыхъуми зэ фыкъысIэрыхьэнкъэ фэ!, – къамышыр игъэдалъэу къэувыжырт ар. – Мис итIанэ сэ фэ фхуэфI сыхъунщ. Лъыр къыдэжу мис мыбыкIэ фи щIыфэр зэгуэзудынщ», – къытхуигъэдалъэрт и щIопщыр. Дэри абы дежкIэ дыплъэурэ ди IэщтIымыр зэщыттхъуэрт «мис апхуэдэу утхьэжынщ» жыхуэтIэу.

– Ари сощIэж, арыншауэ си закъуэ абы сыпэлъэщынутэкъым.

– Хьэуэ, ди адэ, сэ абыкIэ узгъэкъуаншэу аракъым апхуэдэу щIыжысIэр,– къэгузэващ Мурат,– Iуэхур зэрыщытар жысIэу аращ. Дэри ди къалэнт уэ дыбдэIэпыкъуну.

– ИкIи фыкъыздэIэпыкъуащ. Апхуэдэу дызэкъуэмытамэ щIэныгъэншэу фыкъанэныр зыми щыщтэкъым. Иджы фи щхьэ фыщIэмытIахъуэу фызыгъэпсэун IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ фиIэщи тхьэм нэхъри фыригъэфIакIуэ.

– Хьэуэ, сэ жысIэркъым зыри умыщIэу ущысауэ, ауэ уи щхьэр пхъумэфащ. Сэ мис гугъу сызэрехьа псори къысщIыхьэжри сыкъриудащ.

– Алыхьырщ, ауэ Алыхьым нэужькIэ сэ жысIэм укъедэIуауэ щытамэ уи узыншагъэр куэдкIэ нэхъ хъума хъунт. Сэ уэ зыпщIэзмыгъэкъуауэ жыбоIэ. Пэжщ, сэ помидори, нащи, бжьыни, шыбжии схуэгъэкIынутэкъым. Уэ зи ужь уитыр ахэрат. Уэ «укъыздэIэпыкъуркъым» – жыпIэурэ зыпшхыхьыжырт. «Си пхъур зыхуей хуэзэркъым, си малъхъэр жэрдэмыншэщ, абыхэм ядэIэпыкъун хуейщ» – жыпIэурэ зы илъэскъым икIи илъэситIкъым хадэхэкI гъэкIыным, щэным яужь узэритар. «Абыхэм загъэлIэнкъым, уи щхьэр зэрыпхъумэным, зыхуей зэрыхуэбгъэзэным яужь ит» – жысIэурэ дапщэрэ укъыжьэдэскъуа? АрщхьэкIэ уэ узэрыгупсысэм укъытекIыу, си зы псалъэ уи тхьэкIумэм ибгъэхьакъым.

– АтIэ иджы ар щхьэ къызэпхъуэныжрэ? Сымаджэ ухъумэ сэракъым узыщIар къызжепIэну ара узыхэтыр!– къыхудэши къудейуэ мэпсалъэ Жансурэт.

– Хьэуэ, хьэуэ! Сэ жысIэр апхуэдэу къыбгурымыIуэ. Сэ махуэ къэс сыптелъэщIыхьу, гурылъ хуабэхэр пхуэсIуатэу сымыпсэуами псэуэгъу дызэрызэхуэхъуам зы махуи сыхущIегъуэжакъым.

– Сэри сыкъыбгурыIуэн хуеящ. Сэ сшхын сымыгъуэту аракъым си щхьэр егъэзыхауэ хадэм сыщIисар. Ди пхъу нэхъыщIэр зэрыхуа унагъуэр зэрыбынышхуэти зыхуей хуэзэртэкъым. ЦIыхубз щыхъукIэ Iэджэми хуей хъурт. Ар абыхэм я деж щигъуэтыртэкъым. Анэм и лыр сытым дежи нэхъ мэуз и быным щхьэкIэ адэм елъытауэ. Сэри аращ, си ныбжь хэкIуэтами, си фэм дэмыкIын жыхуаIэм хуэдизу семытIысэхыу а хадэр зиинагъыр щIызесхьар. Иджы мис а гугъуехь псори къысщIыхьэжащ. Си щIалитIыр къуажэм дэсыжауэ щытамэ, абыи сыхэтыну къыщIэкIынтэкъым. Ахэр къалэм дэсщ. Унагъуэ хъуахэщ, бын яIэщ. Ахэри зыхуей хуэгъэзэн хуейщ. Тхьэм игъэпсэу Муратрэ Хынабдзэрэ, ди бын нэхъапэщ жамыIэу зыщагъэпсэхун хуей щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ къэкIуэжурэ щхьэ къэIэт ямыIэу къыддоIэпыкъу, зыхуейхэм зыхуагъэныкъуэурэ бэзэр шхын зэмылIэужьыгъуэхэр къытхуахь. Мурат мыхъумэ сыщIэбгъэкъуаншэ а хадэми сыпэлъэщынутэкъым. Шыхэссэми, псы щыщIэзгъэлъадэми, щыспщIэми, хъуа иужь къыщыпысчыжми, щысщэми ар къыздэIэпыкъуащ. Помидор, нащэ, мыIэрысэ ашэч мащIэ кърилъэфэкIакъым абы, сыфIэгуэныхь хъууэрэ. Ар зы илъэстэмэ, илъэситIтIэмэ зыгуэрым хуэдэт – илъэс пщыкIутIым нэблагъэкIэ апхуэдэу къыспэщIэтащ а тIур. Алыхьым гъуэгу къывитынщ, тIэсэ. Ар маплъэри плъапIэм итщ.

– Мамэ, апхуэдэу жумыIэ, ар дэ ди къалэнщ, – Хынабдзэ щыжиIэкIэ идэркъым.

– Фэр нэмыщIи сиIэщ сэ бын, ауэ мазэм хузэу зэ мы пщIантIэм къыдыхьэркъым. Ягу къырихур сщIэркъым.

– Зыри ягу къырихуркъым,– жеIэ Мурид – я щхьэ ягъэтыншу аращ. Зэрысабий лъандэрэ апхуэдэщ ар. Сытым дежи зыщIрегъэх.

– Алыхь ар мыпэж. Быну сиIэм нэхърэ нэхъыфIу сыкъилъагъурт икIи зыкъысщIигъакъуэрт Наурыз. Ауэ щхьэгъусэ зэригъуэту къысхуэмыцIыхужу зызэрихъуэкIащ. Хъуатэкъым ар фыз къэшэкIэ. Насыпыншэ хъуащ ар щхьэгъусэкIэ. И фызым жиIэм зы мэскъалкIэ фIэмыкIыу и IэмыщIэм иригъэтIсхьащи благъуэм иIыгъым хуэдэу, щыхуейм деж къеутIыпщ, щыхумейм деж и IэмыщIэм ирекъузэж. Дауэ щымытми си къуэм сыхуэарэзыщ. КъыздэмыIэпыкъуфми я бын здырепIыж.

– Дауи, аращ жыпIэну уэ къыпхуэнэжыр. КъыщымыкIуэкIэ, укъыщамылъагъукIэ сыт етщIэн,– жеIэ Мурид.

***

Дапхуэдиз дохутыр кърамыгъэплъами, дапхуэдиз хущхъуэ ирамыхьэлIами Жансурэт и узыр нэхъ хэкIуатэ мыхъуми зы тIэкIукIэ нэхъ мыхъуми къигъазэртэкъым. Муратрэ Хынабдзэрэ махуэ щIагъуэ дэмыкIыурэ къуажэм кIуэжыху зэдашэжыфыркъыми, сабийхэм я закъуэ къалэм къагъэнэн хуей хъурт. АпщIондэху мащIэ я гум щыщIэркъым абыхэм. Мэгузавэ, зыIумыуэн Iууэмэ, зыхуэмызэн хуэзэмэ жаIэри. Иджы зэманыр я пэм хуэдэжкъым. КIуатэ пэтми цIыхухэр нэхъ гущIэгъуншэ мэхъу. Гуузлыуз жыхуаIэр зымыщIэжыр мащIэкъым. Гъусэ мыхъумыщIэ къахуэхъумэ ямыщIэххэу хутыкъуэныр зыми щыщкъым. Ауэ итIани Хынабдзэрэ Муратрэ пIэхэнэ хъуа Жансурэт, Алыхьым и шыкуркIэ къызэфIэувэжа Мурид ягъэнэхъапэ. Сыт ящIэн- тIэ. И нысэгъу ЩхьэхуэфI ар Хынабдзэ къреудэкI. «Узезыхуэр сыт», – жиIэурэ дапщэрэ къыжриIа Хынабдзэ, арщхьэкIэ и гуащэмрэ и тхьэмадэмрэ и адэ – анэмрэ ирелъытри, ЩхьэхуэфI жиIэм едаIуэркъым. Абы къелъытэ и щхьэгъусэ Мурат и адэмрэ анэмрэ зэримужэгъужар, ар абыхэм ядэIэпыкъуну, зыхуей хуигъэзэну зэрикъалэныр. Бын щIыжаIэр щыслъэмыкIыжым деж зыгуэркIэ зыкъысщIигъэкъуэн гугъэращ. Адэмрэ анэмрэ псэухукIэ я гуфIэгъуэр, я гугъапIэр, я тегъэщIапIэр, зэрыгушхуэр я быныращ. Абыхэм щхьэкIэ я щхьэфэр лъэгущIыхь ящIыну хьэзырхэщ. ИтIанэ Хынабдзэ жыриIащ мыпхуэдэу: «Сэ нысэ сиIэ хъурэ си къуэр скIэщIишмэ, гулъытэ лъэпкъ къысхуимыщIыжу заугъуейуэ тIысыжу я щхьэ зыхуей хуагъазэу лъэныкъуэ зрагъэзмэ си гуапэ хъуну?» ЖыпIэнурамэ и щхьэ ирелъыт и щхьэгъусэм и адэмрэ анэмрэ. ЦIыхур зи щхьэ езылъытым зэи имыщIапхъэ ищIэнукъым.

Дохутыр къашэурэ ирагъэплъу, къыхуатх хущхъуэхэр ирахьэлIэу Жансурэт зэман кIыхькIэ унэм щыIащ, арщхьэкIэ и узыр къытегуплIэ мыхъумэ зы тIэкIукIи зэримыкIуэтым къыхэкIыу сымаджэщым щIагъэгъуэлъхьэн хуей мэхъу. Ар абы Iейуэ и жагъуэт, итIанэ сэбэп къыхуэхъуну гугъэрти, хьэуэ къыхигъэкIакъым. ЩIэлъащ ар сымаджэщым мазэкIи, мазитIкIи, мазищкIи. СыткIэ я гуэныхь къэпхъын – къыкIэлъыплъырт дохутырхэри, сестрахэри Жансурэт, зэрыжаIэмкIэ хущхъуэфIи кърахьэлIэрт, ауэ нэхъыфI зэрыхъу щыIэтэкъым. Дапщэрэ кIэлъымыкIуэми къажриIэрт: «СыщIэфшыж, сэ мыбы къыщызахьэлIэ хущхъуэхэр сэбэп къысхуэхъуркъым. СщIэуэ си узыр хотIасэ. Унэм сыфшэжи Iэзэ къыскIэлъывгъэплъ, мыбы сыщIэвгъэлIыхьыну фыхуэмеймэ. «Муратрэ Хынабдзэрэ ечэнджэщащ къеIэзэ дохутырым. ИмыубзыщIу къажриIащ Жансурэт и Iуэхур зыIутыр. КърахьэлIэ хущхъуэхэм узыр тIэкIу зэтраIыгъэ щхьэкIэ мащIэ – мащIэурэ ар къытогуплIэ. «Нэхъ къыщищтэкIэ унэм фшэжи и гур вгъэзагъэ. Дэри дынакIуэурэ дыкIэлъыплъынщ» – къажреIэ къеIэзэ дохутырым.

Продолжить чтение